Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ Iэ­натIэм и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
Фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ сы­нывохъуэхъу!
Нобэ дэ догъэлъапIэ зи зэчийкIэ, зи лэжьыгъэкIэ, зи гуащIэкIэ дунейм дахагъэр хэзыхьэхэр, ди щэнхабзэ къулеигъэхэр ­хъумэнымрэ ахэр гъэбэгъуэнымрэ, республикэм щыпсэухэр а фIыгъуэхэм щыгъэ­гъуэзэным, къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэ­ным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэр. Пандемием ехьэлIа гугъуехьхэм щхьэкIи къэ­мынэу фэ хьэлэлу, фи гумрэ фи псэмрэ къабгъэдэкIыу фогъэзащIэ фи пщэ къы­дэхуэ къалэнхэр.
ФIыщIэшхуэ фхузощI фи лэжьыгъэфIым, фи IэщIагъэм фызэрыхуэIэзэм, къыхэфха IэнатIэм фызэрыхуэпэжым папщIэ.
Щэнхабзэм зегъэужьыныр Урысей Фе­дерацэм и къэрал политикэм и унэтIы­ныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Шэч къы­тесхьэркъым, властымрэ жылагъуэмрэ зэдегугъуурэ дэ а IэнатIэр зэрытхуегъэ­фIэкIуэнум, республикэм щыпсэу дэтхэнэми зихуэдэ щымыIэ ди щэнхабзэ-тхыдэ ­хъугъуэфIыгъуэхэм, къэрал, дунейпсо щэнхабзэм и ехъулIэныгъэхэм щыгъуазэ зи­щIыфын папщIэ зыхуей псори къы­зэры­зэдгъэпэщыфынум.
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэу, фи гуащIэр мыкIуэщIу фыпсэуну, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр къывдэхъуну, творческэ ехъулIэ­ныгъэхэр фиIэну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.