Гумызагъэ

«Адыгэ псалъэ» газетым и теплъэм гур хигъахъуэу, и купщIэр щIэнгъуа­зэ пэлъытэу зэрыщытыр куэдым жа­Iэу зэхызох. Ауэ а газетым и щIэ­джы­кIакIуэхэмрэ нэгъуэщI IэнатIэ пэры­ту къыддэлажьэхэмрэ ящIэ­р­­къым (махуэ къэс къызэрытхэмытым къы­хэкIыу) ди редакцэм и зэхэтыкIэ екIумрэ ди лэжьэгъухэм я зэхущы­тыкIэ гуапэмрэ. Зы псалъэкIэ жы­пIэмэ, илъэс 15-м щIи­гъуауэ сыщы­лажьэ IуэхущIапIэр унэ етIуанэ схуэхъуащ, ар къэзыхьар, дауи,­ нэхъы­жьи нэхъыщIи, зы адыгэ жьэгу цIыкIу щызэбгъэдэс хуэдэ, зэгуры­Iуэрэ зэдэIуэжу, къэувагъащIэм и жэр­дэмыр куэд щIауэ лажьэ­хэм даIыгъыу дызэрызэхэтыр арагъэнщ.
Ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм я нэхъыбэр гъэхьэзырыным и хьэлъэр нэхъыбэу зытегъэщIар ЖьэкIэмыхъу Маринэщ жысIэмэ сыщыуэнкъым. Ар апхуэдизкIэ цIыху гумызагъэщи, нэ­гъуэщIым щхьэщиха Iуэхум иджыри зэ еплъыжу, езым и къалэнхэр къызыхуэ­тыншэу игъэзащIэу апхуэдэщ. Къыдэ­кIа газетым зы щыуагъэ кIуамэ, псом нэхърэ нэхъ Iейуэ зыхэзыщIэр Мари­нэу къысщохъу, апхуэдизкIэ ар и Iэ­щIа­гъэм хуэпэжу, гумызагъэу мэ­лажьэри.
ЖьэкIэмыхъум и нэIэ щIэмыт зы Iуэхуи редакцэм щызэфIахыркъым. Ар псоми хуэнабдзэгубдзаплъэщ, сыт хуэдэ Iуэху кърахьэжьэми еунэтIыф, уеблэмэ, редактор нэхъыщхьэр лэ­жьыгъэ IуэхукIэ ежьэн хъуамэ, а къалэныр Маринэ егъэзащIэ. ЦIыху щы­Iэщ, зы мащIэ тIэкIу ищIамэ, ар гъэбэгъуауэ утыку щигъэлъэгъуэну хущIэ­къуу,­ ЖьэкIэмыхъур нэгъуэщIщ - гурэ псэкIэ етауэ, щхьэкъэIэт имыIэу лэжьэнущ жэщыр хэкIуэтами, зыгъэпсэху­гъуэ махуэу техуами, ауэ и цIэр жыпIэну, утыку ипшэну ухуежьэмэ, ар лейуэ къыщыхъунущ.
Дызыпэрыт IэнатIэм, газет къыдэгъэкIыным Маринэ химыщIыкI зыри щыIэкъым. Ар хуабжьу сфIэгъэщIэ­гъуэнщ лэжьэн зэрыщIэздзэ махуэри. Абы журналист нэхъыфIым хуэдэу тхыгъэри итхынущ, и къалэныр аращи, екIууи зэригъэзэхуэжыфынущ, газет напэкIуэцIыр зэрызэхэлъынури игъэп­сынурэ, ар компьютеркIи зэхуихьэсы­жынущ. Мис а псом Маринэ и пщIэр еIэт, дэ, нэхъыщIэхэм, гъуазэ тхуэхъур, щапхъэ зытетхыр аращ. Абы хуэщIэ псор зэдгъэщIэнщ жытIэкIэ, дылъэ­щIыхьэнукъым, ди тхыгъэхэм къыще­джэжкIэ арэзы тщIымэ, фIыгъуэ гуэр хуэтщIауэ къыщохъу.
СфIэфIщ Маринэ и ущиекIэр. Абы лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ куэдым ды­хуигъэсащ, адыгэ пщащэм хэлъын хуей­ цIыхугъэмрэ хабзэмрэ, гуп хэты­кIэмрэ цIыху бгъэдыхьэкIэмрэ езым дэтлъэгъуащ. Щымыарэзы гуэр къы­зыхуимыхуэ щыIэ, ауэ Маринэ къэгубжьауэ зэи слъэгъуакъым.
Редакцэм щылажьэ журналист ныбжьыщIэхэм пщIэ хуащI Маринэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ зыри щигъэуэнукъым, и псалъэ Iущрэ гулъытэрэ дэтхэнэми ­лъи­гъэсынущ, унафэщIхэм язы­хэзу щыт пэтми, пхъашэу псэлъэкIэ ищIэркъыми, уи гур сыт щыгъуи хузэIухауэ ап­хуэдэщ, зыгуэр пщэрылъ къы­зэ­рытхуи­щIри а Iуэхум дытригъэгуш­хуэущ.
Лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм лейуэ дытемыпсэлъыхьми, нэры­лъа­гъущ, ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейт Маринэ нэхъ гумащIэрэ нэхъ хьэлэлрэ зэ­рыгъуэтыгъуейр. Маринэ къэзыухъуреихь псоми ягу зэрыдыхьэным яужь итщ. Си щхьэкIэ, сызыгъэгушхуэн псалъэ дахэ куэд къызжиIащ, си лэжьыгъэм сы­щыпэрыхьагъащIэм гъуэгу захуэ сытригъэуващ, нобэр къыздэсым редакцэм щы­зиIэ чэнджэщэгъу нэхъыщхьэр аращ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.