Гугъуехьхэр къагъэнаIуэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм депутатхэр щедэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Ре­с­публикэм щыпсэу лъэпкъ­хэм я щэнхабзэ щIэину (тхы­дэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр) щыт фэеплъ­хэм теухуауэ» КъБР-м и Законыр зэрагъэзащIэм.
«Правительствэм хухаха сы­хьэтым» хыхьэу къаIэта Iуэхум тепсэлъыхьащ ­КъБР-м и щэнхабзэ хъугъуэ­фIыгъуэхэр хъумэнымкIэ и управленэм и унафэщI Гонтарь Олег. Абы жиIащ зи ­гугъу ящI фэеплъхэр хъума зэрыхъуну Iэмалхэм ахэр учёт щIыныр зэращыщыр, апхуэдэуи Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я тхыдэ-щэнхабзэ хъугъуэфIы­гъуэ­хэр зрагъатхэ зыуэ щыт къэрал реестрым мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым лъэпкъ щIэину, тхы­дэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъу куэд дыдэ зэрыщыIэр. Апхуэдэу УФ-м ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIы­гъуэхэр зэгъусэу зратхэ къэ­рал реестрым хагъэхьащ ди щIы­налъэм щыIэ фэеплъ 417-рэ. Абыхэм ящыщу 114-м федеральнэ мыхьэнэ яIэщ.
Гонтарь Олег жиIащ щIэ­ин­хэм я теплъэм иджыпсту арэзы укъызэрищIыр, ауэ языныкъуэхэми хъума хъун папщIэ елэжьын зэрыхуейр.
- Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Джабоев пщыхэм я быдапIэр, «Абай-Кала», «Ак-Кала» хъумапIэ чэщанэхэр, Iэмырхъанхэрэ Балкаруков­хэрэ я чэщанэхэр, «Зылга», «Усхур» быдапIэхэм къахэнахэр, Ленин Владимир и ныбжьэгъу пэжу щыта Лепешинскэ Ольгэрэ Пантелеймонрэ 1921 гъэм щыпсэуа, щылэжьа унэр, Фадеев Александр «Разгром» романым щелэжьу 1925 - 1926 гъэхэм зыщIэса унэр, нэ­гъуэщIхэри, - жиIащ къэп­сэлъам.
Щэнхабзэ хъугъуэфIы­гъуэхэр зэрахъумэм кIэ­лъып­лъу IуэхущIапIэм Iуэхугъуи 112-рэ иригъэкIуэкIащ. Къы­щIагъэща ныкъусаныгъэхэм ятеухуа тхыгъэхэри судым ягъэхьащ. Къи­щы­нэмыщIауэ, археологие лэ­жьыгъэхэм япкъ иткIэ, ­фэеплъ 29-рэ реестрым хагъэхьэну унафэ къащтащ.
Яхъумэн хуейуэ 2020 гъэм щэнхабзэ фэеплъ 35-рэ ягъэ­белджылащ, 2021 гъэм - 97-рэ. Къэпсэлъам къы­зэрыхигъэщамкIэ, щIыуэпс­ри цIыхури зэрыхэIэбэм я зэран йокI щэнхабзэ фэ­еплъхэм я нэхъыбэм. Дунейм апхуэдизкIэ псынщIэу ухуэ­ныгъэщIэхэр къыщоу­нэхури, апхуэдэ хъугъуэ­фIы­гъуэхэр хъума хъун щхьэкIэ я гъунапкъэхэр къэгъэлъэ­гъуэн хуейщ. АрщхьэкIэ тхы­дэ-щэнхабзэ къэхутэныгъэ­хэр ебгъэкIуэкIыным мылъ­кушхуэ токIуадэ, ар зэкIэ ­хухахыфыркъым. Къэ­рал дэфтэркIэ щыхьэт те­мы­хъуауэ апхуэдэ фэеплъхэр хъумэныр къыпхузэгъэ­пэщыныр фIэщщIыгъуейщ.
Гонтарь Олег жиIащ «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ» къэрал программэм и «ЩIэин» гуэдзэным хы­хьэу, 2020 гъэм республикэм и бюджетым сом мин 11363,7-рэ къызэрыхагъэ­кIар. Абы щыщу сом мини 3000-р хухахащ тхыдэм и фэеплъхэм къэралым и нэIэ зэрытригъэтыну Iуэхум.
Гугъуехь яIэхэм къыщытеувыIэм, Гонтарь псом япэу къы­хигъэщащ а Iуэхум пы­щIауэ щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлIхэр зэрахуримыкъур, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ­хэр зыбгъэдэлъхэмрэ ахэр къэзыгъэсэбэпхэмрэ пщэ­рылъ щащIхэр тэмэму зэрамыгъэзащIэр, фэеплъхэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэм емы­чэнджэщауэ муниципалитетхэм щIы Iыхьэхэр зэ­рыхухахыр. Къищынэ­мы­щIауэ, гугъуехьхэм ящыщщ бэджэндырылажьэхэм тхы­дэ щIэину къалъыта хэщIапIэхэм я теплъэр яхъуэж зэрымыхъунур къазэры­фIэ­мыIуэхур.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ щIэупщIащ УФ-м «Щэнхабзэм зегъэужьын» и къэрал программэм республикэр хэ­тыну дэфтэрхэр илъэс къэс игъэхьэзырми абы зэи щIыхэмыхуэм и щхьэусы­гъуэм.
Гонтарь Олег жиIащ программэм хэтыну иужьрейуэ ягъэхьэзыра дэфтэрыр (2020 гъэм) щIыкIуэцI­рымы­кIар ахъшэр ямыуха IуэхущIапIэхэм зэрыхухагъэкIар зэрыарар, ауэ мы зэманым а Iуэхум зэрелэжьыр.
Егоровэм жиIащ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъу­мэм теухуа норматив актхэр зэрызэхэгъэувапхъэр. Ап­хуэдэуи ар щIэупщIащ лицензэ зиIэ IэщIагъэлIхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ жьы хъуа фэеплъхэр зыхуей зэрыхуа­гъэзэж щIыкIэм.
Гонтарь Егоровэ Татьянэ арэзы дэхъуащ, IэщIагъэлI­хэр ирикъуу зэрамыIэмкIэ, абы щыгъуэми тепсэлъы­хьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лэ­жьакIуэхэм я IуэхущIафэ­хэм. Абы зэрыжиIамкIэ, щэн­хабзэ хъугъуэфIыгъуэ­хэр зыбгъэдэлъхэр е апхуэ­дэхэр къэзыгъэсэбэпхэр еджапIэ нэхъыщхьэм и Iэ­щIа­гъэлIхэм ечэнджэщыжа нэужьщ управленэм абыхэм ехьэлIауэ дэфтэрыр щигъэхьэзырыр. Гонтарь жи­Iащ къагъэсэбэпыну мурад ящIа щIы Iыхьэхэм щэнхабзэ мыхьэнэ яIэмэ къыщащIэнур IуэхущIапIэм зыкъыхуагъэза зэрынэужьыр, нэгъуэщI хэкIыпIэ абы зэримыIэр.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ Бахъсэн районым щра­гъэкIуэ­кIа археологие къэху­тэныгъэхэм кърикIуахэми.
КъБР-м и Парламентым и комитетым и унафэщI ­Къумал Заурбэч жиIащ ­гугъуехьхэр зэгъусэу, зэщ­хьэщыхауэ зэрызэфIагъэкIыпхъэр, псом хуэмыдэу фэеплъхэр хъумэным ахъшэ хухегъэхыным гулъытэ зэры­хуэщIыпхъэр, щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлIхэр къызэре­шэлIапхъэр, муниципальнэ районхэм ябгъэдэлъ щIы Iыхьэхэм я гъунапкъэхэр гъэбелджылын зэрыхуейр.
ЗэIущIэм щыжаIар къэ­лъытауэ, КъБР-м и Парламентым и Президиумым и унафэр къащтащ. КъБР-м и щэнхабзэ хъугъуэфIы­гъуэхэр хъумэнымкIэ и управленэм пщэрылъ щащIащ къэрал кIэлъыплъыныгъэр нэхъ ткIий ищIыну. КъБР-м ЩIы Iуэхухэмрэ мылъку зэху­щытыкIэхэмкIэ и министерствэм зэфIигъэкIын ­хуейщ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ фэеплъхэр уней щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр.
Апхуэдэуи щIыпIэ унафэр зезыхьэ IэнатIэхэм пщэрылъ щащIащ Iуэхугъуэ зэмы­лIэужьыгъуэкIэ къагъэсэ­бэпыну къащтэ щIы Iыхьэхэр ятын ипэ управленэм ечэнджэщыну, апхуэдэуи республикэм щрагъэкIуэкI археологие къэхутэныгъэхэм кIэлъыплъын зэрыхуейр къы­хагъэщащ, щэхуу «къы­щIэзытIыкIхэр» щымыIэн щхьэкIэ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ