СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ ЮНЕСКО-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и дунейпсо ассоциацэм, Урысейм, КъБР-м я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и егъэджакIуэ нэхъыжь Тураев Рустам и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
IуэхущIапIэм узэрыщIыхьэу нэм къыIуедзэ зи IэщIагъэм и щэхухэм фIы дыдэу щыгъуазэ IэпщIэлъапщIэм живописым нэхърэ нэхъ игъэлъапIэ зэрыщымыIэр. «Мои правила» зыфIища гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрихьа IэдакъэщIэкIхэр нэр зыгъэгуфIэ, псэм зезыгъэпсэху, куэ-дым уезыгъэгупсыс защIэщ. Сабийм и гъащIэм щегъэжьауэ балигъым и дунеймрэ и гурыгъузхэмрэ, и махуэмрэ ар зэригъакIуэ щIыкIэмрэ, нэгъуэщI куэдми ухашэ абыхэм.
И юбилейм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм зи IэдакъэщIэкIхэр езыгъэлъагъуну мурад зыщIа щIалэм и гуфIэгъуэр даIыгъын, и гуащIэм зыщагъэгъуэзэн папщIэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэм ар яригъэцIыхуащ музейм и лэжьакIуэ, искусствовед Леонтьевэ Нинэ. ИтIанэ абы утыкур хуит хуищIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат.
- Рустам зыпэрыт Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIщ жыпIэнри зыри хужумыIэххэнри зыщ. И IэдакъэщIэкIхэм ущеплъкIэ зыхыбощIэ нэрымылъагъу хуабагъэ, дахагъэ гуэр, Iэм и мызакъуэу, ахэр псэкIэ зэрыщIар къыуигъащIэу. Нэхъыщхьэр зэрыплъагъур нэкIэкъым, гукIэщ. Арагъэнщ Тураевым и зэчийм и щэхури.
Рустам ехъуэхъуну, псалъэ гуапэ хужаIэну хуейхэр куэд хъурт. Апхуэ-дэу абы и гуащIэм тепсэлъыхьу, ди щIыналъэм и мызакъуэу, Урысейм и утыкушхуэ куэдым и лэжьыгъэхэр къызэрыщрихьам, и цIыху хэтыкIэм и гугъу ящIу, студентхэм фIыуэ къызэралъагъур къыхагъэщу пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий, цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ-гъуалэм я IуэхухэмкIэ министрым и къуэдзэ ШэнтIыкъу Иринэ, сурэтыщI цIэрыIуэ Колкутин Андрей, ДизайнымкIэ колледжым и унафэщI Къанло Алим, езым и гъэсэнхэр.
Тураев Рустам псоми фIыщIэ яхуищIащ икIи гушыIэ щIыкIэу жиIащ иужьрей илъэсхэм хузэфIэкIахэр къызэрызэщIикъуэж, цIыхухэм я деж зэрызыщиухеиж Iуэхуу гъэлъэгъуэныгъэр зэрыщытыр. Апхуэдэуи къыхигъэщащ щIэблэм ядэгъуэгурыкIуэ- ну, абыхэм я лэжьыгъэхэм я гъусэу езым ейхэр утыку кърихьэну сытым дежи зэрыфIэфIыр. Ар иджыри къохъулIэ Рустам. Къапщтэмэ, музейм и пэш ещанэм цIыхухэм щIалъагъуэ-хэр езым ипхъу Атэлыкъ Марьям и IэдакъэщIэкIхэрщ.
ПсалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ сурэт-хэм я купщIэр, абыхэм къапкърыкI нэхумрэ хуабэмрэ. Аращи, гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну хуейхэм апхуэ-дэ Iэмал яIэщ щэкIуэгъуэм и 25-рэ хъуху, ар щызэхуащIыжынур а махуэращ.