Красножан Юрэ: ФIыуэ сызыщыгъуазэ топджэгум щызогъасэ

Мы гъэм и пэщIэдзэм Урысей Федерацэм футболымкIэ цIыхубзхэм я командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу зэрагъэуврэ, ди лъахэгъу Красножан Юрэ иджыщ япэу журналистхэм зыубгъуауэ щепсэлъар. Абы щыщ пычыгъуэхэм нобэ фыщыдогъэгъуазэ.
- Уи унафэм щIэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и цIыхубз командэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 9-мрэ 13-мрэ къыпэщылъщ Евро-2022 зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэм щыджэгун папщIэ Португалием еныкъуэкъуну. Фи хьэрхуэрэгъухэм ятеухуауэ сыт фщIэрэ?
- Португалхэр хуабжьу гуп лъэщщ, зэщIэгъэуIуащ икIи техникэ лъэщ зыбгъэдэлъщ. Пэжщ, я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топ куэд яхудэгъэкIыркъым, ауэ Iэмал гъуэзэджэхэр сыт щыгъуи къызэрагъэпэщ зэпытщ. Абы щыгъуэми я гъуэр къыщыхрагъэгъащIэр закъуэтIакъуэхэщ: къызэрыхах зэIущIи 8-м топитI къыщыхудахуауэ аращ.
Дэ португалхэм япэщIыкIэ Лиссабон, итIанэ Мэзкуу дащыIущIэнущ. СызэригугъэмкIэ, кIэух зэхьэзэхуэм дыхэтыным ехьэлIауэ лъэныкъуитIми ди Iэмалхэр зэхуэдэщ.
- Пэжщ, УЕФА-м и рейтингымкIэ епщыкIутхуанэ увыпIэм дыщытщ, ФИФА-м тIощIрэ ещанэм дигъэуващ. Португалхэр Европэм щыепщыкIубланэщ, дунейм щыещэщIанэщ.
- ЦIыхухъухэм елъытауэ ди цIыхубз командэ къыхэхар нэхъ лъагэу ягъэув. Абы щыгъуэми 2003 гъэ лъандэрэ дунейпсо чемпионатым и кIэух зэпеуэхэм хыхьэфакъым, Европэми апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм япэу щытекIуэфар 2017 гъэращ. Ара Урысей Федерацэм и цIыхубз командэ къыхэхам и къарур здынэсыр?
- СызэригугъэмкIэ, аращ. ЦIыхубз футболым къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм зэхуэмыдэу зыщеужь. Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм къэралым и гуп къыхэхар къыщысхуигъэлъэгъуам сыдэзыхьэхахэм ящыщщ зыдузэщIыну Iэмал зэрыдиIэр. КъэкIуэну хъарзынэ диIэу къысщохъу.
- Зыужьыныгъэр, дауи, хъарзынэщ, ауэ куэд дыдэ щыгъуазэу си фIэщ хъуркъым футболымкIэ цIыхубзхэм я чемпионатым иджыблагъэ Урысей Федерацэм зэрыщыщIидзам.
- Апхуэдэу щыт пэтми, ди къэралым щыпсэум и нэхъыбэр цIыхубзщ. Дауи, цIыхухъухэм хуэдэу ахэр иджыри цIэрыIуэкъым, абы зэгуэр нэсынуи фIэщщIыгъуейщ. Уеблэмэ, дуней псом лъэщ дыдэу команди 10-15 щыбгъуэтыну аращ. Абыхэм ящыщ зы дыхъуну дэри дыхущIэкъунущ.
- Европэм и кубокхэм ди къэралым щыщу щыджэгуар ЦСКА-м и закъуэщ. Къэзахъстаным хуэдитIкIэ нэхъыбэ утыку къригъэхьэфащ, и зэфIэкIхэри нэхъыбащ.
- Къэзахъстаным и цIыхухъу командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу сыщылэжьа лъэхъэнэм сымыгъэщIэгъуэн слъэкIыртэкъым я цIыхубзхэми я зэфIэкIыр хуабжьу зэрылъагэр. Зэгуэрым срихьэлIат Норвегием и командэ къыхэхар кърагъэблэгъауи, хьэщIэхэм ящыщ зыбжанэ цIыхухъухэми къапимыкIуэтыну къысщыхъуат.
- Къэзахъстаныр муслъымэн къэралщ. Абы и цIыхубзхэр футбол щыджэгукIэ ящыгъыр сыт?
- Адрейхэм ящыгъращ. Пэжщ, щапхъэхэр гъунэжу щыIэщ гъуэншэдж кIыхь ящыгъыу, IэлъэщI ятелъу цIыхубзхэр футбол джэгуу.
- Урысей Федерацэм и цIыхубз командэм и тренер нэхъыщхьэм и къулыкъур къыпхуэзыгъэлъэгъуар хэт?
- Къэралым и футбол зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэращ. ЯпэщIыкIэ Алаев Александррэ Юмашевэ Полинэрэ къызэпсэлъащ. ИтIанэ Дюков Александр сыхуагъэзащ. Зэпсэлъэныгъэ псори зэфIэкIа, дызэрызэгурыIуар къыщыгъэлъэгъуа тхылъхэм Iэ теддза иужькIэ, щIышылэм и 11-м лэжьыгъэщIэм сыпэрыуващ.
- Къыпхуагъэлъэгъуа къулыкъум упэрыувэным­кIэ арэзы ухъун ипэкIэ куэдрэ угупсыса, учэнджэща?
- Хьэуэ. Тренерым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ лэжьыгъэфI къыхуагъэлъэгъуэным. Къалэн­хэр къызгурагъаIуэу, ахэр гъэзэщIэнымкIэ къызэ­рысщыгугъыр къыщысжаIэм, арэзы сыхъуащ.
- Сыт къызэрыщIэбдзар?
- Футбол клубхэм я тренерхэм захуэзгъэзащ. ФIыщIэ ин яхузощI абыхэм, занщIэу зыкъызэрысщIагъэкъуам папщIэ. ИтIанэ зыхуэзгъэзащ си япэкIэ къэралым и цIыхубз командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу щыта Фомина Еленэ. Сэбэп къысхуэхъун куэдым абыи сыхигъэгъуэзащ. АдэкIэ Тыркум сыкIуэри, абы зыщызыгъасэ ЦСКА-мрэ «Зенит»-мрэ сакIэлъыплъащ. Ахэращ нэхъыбэу зыхэтыр къэралым и гуп къыхэхам щыджэгухэр. А псоми си къэухьымрэ зэфIэкIымрэ хагъэхъуащ. Сыти жыIи, сэ сызыпэрыхьар фIыуэ слъагъу икIи куэд щIауэ сызыхэт футбол IэнатIэращ. Мыхьэнэшхуэ дыдэ иIэкъым сызыдэлэжьэнур цIыхухъухэрами цIыхубзхэрами. Пэжщ, мы къулыкъур къыщысхуагъэлъэгъуа япэ дакъикъэхэм си гур мащIэу пыхуат, ауэ дызэпсэлъа, Iуэхум сыхэгъуэза иужькIэ икъукIэ сыдихьэхащ.
- Урысей Федерацэм и чемпионатым командипщI хэту аращ. УфIэмащIэкъэ?
- Зэман дэкIмэ, ахэр нэхъыбэ хъунущ. ЦIыхубз командэхэр къызэрагъэпэщыну я мурадщ Мэзкуу и «Спартак»-м, «Динамо»-м, «Химки»-м, «Новгород Ищхъэрэм», нэгъуэщIхэми. Гукъыдэж щыщыIэкIэ, Iуэхури кIуэтэнущ. Абы и лъэныкъуэкIэ Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм куэд елэжь.
- Тыркум зыщывгъэса иужькIэ хъыджэбзхэр я клубхэм кIуэжащ. Португалхэм фащыIущIэным и пэ къихуэу, сыт хуэдэ чэнджэщхэр абыхэм епта?
- Зыхэт клубхэм елъытауэ, хъыджэбзхэм я къалэнхэри зэщхьэщокI. Абы къыхэкIыу езыхэм зэрызагъэсэн хуей Iэмалхэр иту видеонэтыхэр яхуэдгуэшащ.
- Штангэ къаIэтынри хэт? Грознэм и командэр щыбгъэсам абы хэта Иванов Олег зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэхэм иужькIэ я лъакъуэр яхузехьэж къудейуэ арат.
- Футболыр псынщIагъкIэ, IэзагъкIэ, къарукIэ щызэныкъуэкъу спорт лIэужьыгъуэщ икIи абыхэм языхэзыр къэтIэсхъамэ, ехъулIэныгъэхэр уиIэнукъым.
- ЦIыхубзхэм худэчых гуэрхэр яIэн хуейуэ къып­щыхъуркъэ?
- Хьэуэ. ЦIыхубз футболымрэ цIыхухъухэр зэрыджэгумрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ хэслъагъуэркъым, псынщIагъым фIэкIа.
- Уи дэIэпыкъуэгъухэм я нэхъыбэр зэрыцIыхухъум лэжьыгъэр зыгуэркIэ къилъахъэрэ?
- Дэ псори зэгъусэу долажьэ икIи зы Iуэхущ тщIэр. Си дэIэпыкъуэгъухэщ Медведь Еленэрэ Шалимов Игорь дэщIыгъуу ди къэралым и цIыхубз командэ къыхэхар Евро-2008 кIэух зэпеуэм хэзыша Митин Андрейрэ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщынщи, 2007 гъэм Урысей Федерацэм и цIыхубз командэ къыхэхам Налшык щригъэкIуэкIа зэIущIэм еплъыну цIыху мин 14-м щIигъу «Спартак» стадионым къекIуэлIат. Ди гупым и менеджерыр Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я командэ къыхэхахэм хэту зэIущIи 150-м нэблагъэ езыгъэкIуэкIа Петько Светланэщ. Администраторыр, гъуащхьэтетыр зыгъасэр, массаж зыщIхэр цIыхухъухэщ, дохутырыр цIыхубзщ. Аращи, зэхэгъэж тщIыркъым – псоми я къалэн ягъэзащIэ.
- ЦIыхубзхэм уадэлэжьэну нэхъ гугъу?
- ЖыIэгъуейщ. Тыркум щедгъэкIуэкIа зыгъэсэныгъэ закъуэм дыщызэрыцIыхуащ, щхьэж и зэфIэкIыр зэдгъэщIащ. Хуабжьу сигу ирихьащ я Iэзагъым хагъэхъуэну, текIуэныгъэхэр зыIэрагъэхьэну хъыджэбзхэр икъукIэ зэрыхущIэкъур икIи абы папщIэ зэрызыщымысхьыжыр.
- Абыхэм я улахуэр, дауи, цIыхухъухэм яйм егъэпщэгъуейщ.
- Топ джэгуурэ игъащIэкIэ зрикъун мылъку зэрызэрамыгъэпэщыфынур хьэкъщ. Дауи, цIыхухъу футболистхэм еплъытмэ - мащIэщ, ауэ станокым бгъэдэт езым хуэдэхэм ебгъапщэмэ – хъарзынэщ. Куууэ зыщызгъэгъуэзакъым, ауэ сом мин 50-м щыщIэдзауэ сом мин 300-м нэс къалэжьыфу си гугъэщ. Ику иту сом мини 100-200.
- Урысей Федерацэм и цIыхубз командэ къыхэхам щыджэгухэр нэхъапэм нэгъуэщI IэнатIэхэми пэрытагъэнщ.
- Нэхъыбэр физкультурэмкIэ щIэныгъэ зиIэщ икIи футболыр зи IэщIагъэ нэхъыщхьэщ. АрщхьэкIэ яхэтщ лазер щэхухэр къэзыщыпу заводым щылэжьахэри, нэгъуэщI IэнатIэхэм пэрытахэри.
- Къэралым и командэ нэхъыщхьэм узэрыдэлэжьэну пIалъэр 2023 гъэм щыIэну дунейпсо чемпионатым и пэ къихуэу еух. Сыт щхьэкIэ?
- Тэмэму улэжьэфын папщIэ къызэрыхах зы пIалъэр мащIэщ, етIуани щыIэн хуейщ. Иджыпсту къысхуагъэува къалэнхэм тэмэму сыпэлъэщмэ, адэкIи къыпытщэну къыщIэкIынщ. Армырамэ, къулыкъур лейуэ щIэзгъэхьэулеин щыIэкъым.
- Укъыщалъхуа икIи уи лъэр быдэу щыува Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхубз футболым дауэ зыщиужьрэ?
- ИкъукIэ згъэщIэгъуащ «Краснодар»-мрэ ЦСКА-мрэ ди лъахэм щыщ хъыджэбзхэр зэрахэтыр къыщысщIам. КъызэрыщIэкIамкIэ, щIалэ цIыкIухэм яхэту загъэсауэ аращ.
Иджыри зы телъыджэ. Нэгъабэ Прохладнэ къалэм щекIуэкIащ илъэс 11-12 хъуа щIалэ цIыкIухэм я зэпеуэ. Абыхэм яхэтащ хъыджэбз цIыкIуитI икIи адрейхэм ефIэкIырт!
- Уи унафэм щIэта Къэзахъстаным и цIыхухъу командэ къыхэхам зэIущIэфI куэд ядригъэкIуэкIащ Нидерландхэм, Чехием, Исландием… Сыт а къэралым укъыщIыщымынар?
- Къэзахъстаным и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу сыщыщыта лъэхъэнэр телъыджэт. Евро-2016-м къызэрыхах и зэхьэзэхуэм дызыхэт гупым Нидерландхэм яужь увыпIэр къыщытхьащ. АдэкIэ садэлэжьэну къысхуагъэлъэгъуат, арщхьэкIэ Къэзахъстаным и футболым и унафэр зыщIынухэр абы щIагъуэу хэзымыщIыкIхэмкIэ яхъуэжати, зэгурыIуэныгъэм пысщэн здакъым.
- Налшык футболыр дауэ щыщыт?
- «Спартак-Налшыкыр» зэхуащIыжакъыми, догуфIэ. ЕтIанэгъэ илъэсищэ ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрыунэхурэ икIи абы ирихьэлIэу футбол командэфI зэхуашэсыжыну иужь итщ, япэ дивизионым хэтыфын хуэдэу. СызэригугъэмкIэ, мыгувэу зэхъуэкIыныгъэфIхэр щыIэнущ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутату ухахауэ щытащ, ауэ мандатыр къуатакъым. Сыт щхьэкIэ?
- Налшык къалэ Советым и депутату сыщытащ. КъБР-м и Парламентми сыхахат, ауэ сыкIуакъым. Абы зэман куэд ихьынут, ар сэ сиIэтэкъым.
- Иджы уэ умэзкуудэсщ.
- Налшыкдэсщ. Мэзкуу сыщолажьэ, ауэ си унэр здэщыIэр Къэбэрдей-Балъкъэрращ.
- Уэ ехъулIэныгъэхэр уиIэу илъэс куэдкIэ Налшык ущылэжьащ. ИужькIэ уи насып къыщикIакъым зи тренер нэхъыщхьэу ущыта «Локомотив»-м, «Анжи»-м, «Кубань»-м, «Тэрч»-м, «Химки»-м. Щхьэусыгъуэр сыт?
- А упщIэр сэри Iэджэрэ зэстыжащ. Топджэгум ихъурегъкIэ къепщIэкIа фIей куэдым сыпхымыкIыфауэ арагъэнщ. Хэти дзыхь хуэсщIыIуащ, хэти си цIэр зэрыхуейуэ къигъэсэбэпащ. ДяпэкIэ апхуэдэхэм сахуэсакъынущ.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)