Къэбэрдей-Балъкъэрым и библиотекэ нэхъыщхьэм адыгэбзэмкIэ диктант щатх

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэр иджы илъэс ещанэ хъуауэ хэтщ адыгэбзэкIэ диктант егъэтхыным теухуа дунейпсо акцэм. Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу ар гъэ къэс къызэрегъэпэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм.
А Iуэхур хуэгъэпсащ адыгэбзэм и пщIэр нэхъри къэIэтыным, цIыхухэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным, блэкIар ящы­мыгъэгъупщэным, щIэблэр я анэдэлъ­хубзэм дегъэхьэхыным, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр ихъумэжыным, ар игъэбэгъуэным хуэущииным.
Гъатхэпэм и 12-м библиотекэм къы­щы­зэхуэсат я ныбжькIи, я IэщIагъэкIи зэхуэ­мыдэ цIыху куэд, адыгэбзэмкIэ щIэныгъэу ябгъэдэлъыр зыхуэдэр къапщы­тэжын мурад яIэу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, я анэдэлъхубзэр фIыуэ зэралъагъурщ, абы и къэкIуэнум зэригъэпIейтейрщ ахэр мы Iуэхум къыхэзышар.
Диктантым ирихьэлIэу библиотекэм къыщызэрагъэпэщат «Си бзэр си дунейщ» зыфIаща тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Дапхъэхэм телът анэ­дэлъхубзэр зэрырагъэдж методикэхэр, адыгэхэм я литературэр къызэрежьам, IуэрыIуатэм ятеухуа тхылъхэр, адыгэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрытхэр. Диктантым щIидзэн и пэ къихуэу цIыхухэр яфIэгъэщIэгъуэну еплъащ а выставкэм.
Адыгэбзэм и махуэмкIэ ехъуэхъуу, ­диктантым зэрыхэтым папщIэ фIыщIэ ­яхуищIу Iуэху щхьэпэм зыкърезыгъэ­хьэлIахэм захуигъэзащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы къыхуриджащ адыгэбзэр хъумэным, абы зиу­жьыным хуэунэтIауэ щхьэж хузэфIэкI ­къимыгъэнэну, я тхыдэр, лъэпкъым ­къы­декIуэкI хъыбарыжьхэр, IуэрыIуатэр зыщамыгъэгъупщэну, адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм еджэну.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд пэшым щIэсхэр щыгъуазэ ищIащ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» лъэпкъ газетхэм я зи чэзу номер зэхэтыр Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэм зэры­хуагъэпсар. Апхуэдэуи ар цIыхухэм ядэгуэшащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэм, зи щIэныгъэкIэ, IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм къыщахьа ехъулIэ­ныгъэ лъагэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэм ятеухуа щIэнгъуазэ мыгувэу къыз­эрыдэкIынумкIэ.
Псоми ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъури, акцэр къызэIуихащ ХьэфIыцIэм. Нэхъы­жьыфIым и псалъэхэр гунэс ящыхъуауэ, диктантыр щыуагъэншэу зэратхыным яужь ихьащ къекIуэлIахэр. А махуэм къы­зэджар адыгэ тхакIуэ, литературовед, критик цIэрыIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид ­«Нэгумэ Шорэрэ адыгэ IуэрыIуатэмрэ» зы­фIища и тхыгъэрщ.
Апхуэдэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыныр, шэч хэмылъу, хуэщхьэпэнущ адыгэбзэр джы­ным цIыху нэхъыбэ дегъэхьэхыным. А бзэрщ лъэпкъым ди зэманым къихьэса щэнхабзэр, тхыдэр, и хабзэхэр хъумэ-нымкIэ щIэгъэкъуэну иIар, дяпэкIи иIэнур.
Апхуэдэ дыдэ акцэ КъБКъУ-ми ще­кIуэ­кIащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий хэту.

ЕМУЗ Анатолий

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.