КIуэкIуэ Казбек «Сириус-21» хьэрш программэм хэтхэм захуигъэзащ

Налшык къалэ дэт курыт школ №33-м иджыблагъэ Iэтауэ къыщызэIуахащ «Сириус-21» хьэрш программэр. Абы хэтхэм видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм и Iэтащхьэр гуапэу ехъуэхъуащ зэхуэсым хэт ныбжьыщIэхэм икIи жиIащ щIэныгъэ зэхыхьэшхуэр щрагъэкIуэкIыну Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ зэчийхэр наIуэ къащIыным хуэгъэпса «Антарес» щIыналъэ центрыр къызэрыхахам хуабжьу зэрыщыгуфIыкIыр.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ «Сириус-21» хьэрш программэр Гагарин Юрий хьэршым зэрылъатэрэ илъэс 60 щрикъу гъэм зэрырагъэкIуэкIыр икIи а лъэбакъуэр цIыхубэ псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэу зэрыщытам, хьэршыр джыным лъабжьэщIэ зэрыхуэхъуам и гугъу ищIащ. «СощIэ мыбы къыщызэхуэсахэр щIыналъэ зэпеуэхэм щытекIуа, зи зэфIэкIыр утыкушхуэхэм наIуэ къыщызыщIыфа защIэу фызэрыщытыр. Фэ ди къэралышхуэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм фыщыщми, зы гуп лъэщу, зэкъуэту фыкъызолъытэ», - къыхигъэщащ абы. Iэтащхьэм жиIащ программэм хэтхэм, IэщIагъэлI, егъэджакIуэ Iэзэхэм я нэIэ щIэту, проектышхуэхэр зэрагъэзэщIэфынум шэч къызэрытримыхьэр. Ар лъабжьэфI хуэхъунущ щIэныгъэ IэнатIэм щызыIэрагъэхьэну ехъулIэныгъэщIэхэм, инженер къэхутэныгъэхэм.
«Дызэрыт гъэр ди къэралым щагъэуващ ЩIэныгъэмрэ технологиехэмрэ я илъэсу, - зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ КIуэкIуэ Кабзек. – Урысей Федерацэм и Президентым къалэну къигъэуващ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ IуэхугъуэщIэхэмрэ я бжыгъэмкIэ Урысей Федерацэр 2030 гъэм ирихьэлIэу дуней псом щыпашэ къэралипщIым ящыщ зы хъун хуейуэ. Хьэршым, космонавтикэ IэнатIэм къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI, авиацэм, двигателхэр, роботхэр зэпкърылъхьэным дихьэх иджырей школакIуэхэм щIэныгъэщIэхэр зэвгъэгъуэтурэ а къалэнхэр гъэзэщIэным нэхъ гъунэгъу дыхувощIыф. Шэч къытесхьэркъым: къэкIуэнур зейр фэращ – иджырей еджакIуэхэрщ! Къефхьэжьэ сыт хуэдэ IуэхумкIи дэ зыфщIэдгъэкъуэнщ!»
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр «Сириус-21» хьэрш программэм хэт псоми ехъуэхъуащ я лэжьыгъэм фIы кърикIуэну, проект гъэщIэгъуэнхэр пхагъэкIыну, гурыщIэ гуимыхужхэр зыхащIэну. «Си фIэщ мэхъу ди республикэм и щIыпIэ дахэхэр зэрывагъэлъагъунур, ныбжьэгъущIэхэри ди деж зэрыщывгъуэтынур. ЕхъулIэныгъэ фиIэну си гуапэщ!» - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Фигу къэдгъэкIыжыныщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык гъатхэпэм и 10-м къыщызэхуэсащ Урысейм и щIыналъэ 40-м щIигъум къикIа ныбжьыщIи 130-рэ абыхэм я зэфIэкIыр зыхуэдэр къэзыпщытэну IэщIагъэлI 50-рэ. «Сириус-21» хьэрш программэ» щIэныгъэ щрагъэгъуэт зэхуэсыр тхьэмахуитIкIэ екIуэкIынущ. Абы хыхьэу хьэршым яутIыпщынущ спутникиплIрэ ракетитIрэ, «Байконур» космодромым икIыу ракетэр хьэршым зэрагъакIуэм онлайн мардэм тету ныбжьыщIэхэр кIэлъагъэплъынущ, «стIол хъурейхэр» ирагъэкIуэкIынущ, сабийхэр Бахъсэн къалэм дэт нейтриннэ обсерваторием яшэнущ, нэгъуэщI куэдми щыгъуазэ ящIынущ. Программэм и къызэгъэпэщакIуэхэщ: IуэхугъуэщIэхэр пхыгъэкIыным сэбэп хуэхъу фондыр, «Зэчиймрэ ехъулIэныгъэмрэ» фондыр, щIэныгъэмрэ технологиехэмрэ зегъэужьыным хуэгъэпсауэ Сколковэ щылажьэ институтыр, «Роскосмос» къэрал корпорацэр, «ЩIэныгъэ-технологие жэрдэмхэр» зэщIэхъееныгъэр, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр.
«Сириус-21» хьэрш программэр ди республикэм щрагъэкIуэкIыну къыщIыхахар щхьэусыгъуэншэкъым – ди деж а унэтIыныгъэм гулъытэ хэха щыхуащI.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ «Союз» (ВАКО «Союз) союзпсо хьэрш зэгухьэныгъэм и къудамэр. Абы и унафэщIу ягъэуват физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Абшаев Магомед ТIэхьир и къуэр.
1993 гъэм «МИР» станцым щыIэу кхъухьлъатэзехуэ-космонавт Серебров Александр хьэрш зэIухам щиутIыпщауэ щытащ школакIуэхэм ящIа япэ спутникыр. «Циолковский» ракетэм къытращIыкIри, ар зэпкъралъхьат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ школакIуэхэм.
1997 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щытащ «Урысей - Франджы спутникыр илъэс 40 ирокъу» дунейпсо проектыр. Абы хэтахэр я лIыкIуэхэмкIэ зэхъуажэри, КъБР-м щыщ еджакIуэхэр Франджым и Ля-Реньон хытIыгум щыIат, Франджым къикIа ныбжьыщIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэхьэщIат.
КъБР-м и Правительствэм и Унэм пэмыжыжьэу иIэщ Космонавтхэм я аллее. Абдежщ ныбжьыщIэхэр ВАКО «Союз» зэгухьэныгъэм щыхуагъэхьэр. Аллеем япэ псейр щыхэзысар космонавт Леонов Алексейщ, иужькIэ Савиных Виктор, Рукавишников Николай, Севастьянов Виталий, Лазуткин Александр, Климук Пётр сымэ апхуэдэ щIыхьыр къалъысащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрагъэхьащ урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм. ИлъэсипщIым къриубыдэу ди еджакIуэхэм «Егъэджэныгъэ» проект хэхам ипкъ иткIэ ягъэзэщIа къэхутэныгъэхэм къапэкIуэу гранти 127-рэ къахьащ, хьэршым теухуа унэтIыныгъэм хыхьэу. Мы зэманым ныбжьыщIэ минитIым щIигъу дихьэхыу щолажьэ хьэршыр джыным теухуа гупжьейхэм.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.