Шахматхэм щыпащтыхь Къармэ Мажмудин

Дунейм лъэужь дахэ къыщигъэнащ КъБР-м Шахматхэмрэ шашкэхэмкIэ и федерацэм щIыхь зиIэ и президент, урысейпсо категорие зиIэ судья, категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренер, Къэбэрдей-Балъкъэрым физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къармэ Мажмудин. Спорт лIэужьыгъуэ нэхъыжь дыдэм блэкIа лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм абы ди деж щиIа тепщэныгъэм зыми шэч къытрихьэртэкъым. ЖыпIэну ирикъунщ ар тIощIрэ зэрэ (!) ди республикэм и чемпион зэрыхъуар, Кавказ Ищхъэрэми къэралми зэфIэкIышхуэхэр къызэрыщигъэлъэгъуар. Мажмудин я щапхъэт икIи я ущиякIуэт адрей шахматист куэдым, ахэр зыхуигъэсэни зыхуригъэджэни и гъунэжт.
Тумкъей и къуэ Мажмудин 1950 гъэм Узбекистан жыжьэм дунейм къыщытехьащ. Балъкъэрхэм къахэхъукIа щIалэм и сабиигъуэм игъэвын хуей хъуащ а лъэпкъым хамэ щIыпIэм щигъэва псори. Iейрэ фIырэ зэхищIыкI хъуауэщ адэжь Хэкум къыщигъэзэжар.
Къармэ лъэпкъым езым тхыдэ къулей иIэжщ. ЗэраIуэтэжымкIэ, XV-XVI лIэщIыгъуэхэм тенджыз ФIыцIэ Iуфэм и Тамань щIыпIэм щыпсэуащ шапсыгъ лъэпкъым щыцIэрыIуэу щыта Афэджанэхэ. Абыхэм я щIалэхэр къарууфIэт, шыщхьэмыгъазэт, пэжым и телъхьэт икIи къызыхэкIахэр зэрыпхъуакIуэхэмрэ хъунщIакIуэхэмрэ щахъумэрт. Ар я бийхэм я гум техуэртэкъыми, зэрылъэпкъыу ягъэкIуэдыну мурад ящIащ. Афэджанэхэ я цIыхухъу балигъхэр зекIуэ кIуауэ зрагъэхьэлIэри, я цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ къанэ щымыIэу гущIэгъуншэу зэтраукIащ. Къелар зы цIыхубз уэндэгъу закъуэщ - мывэ къуагъхэм закъуигъапщкIуэри, абы ихъумащ и щхьэри и щIэблэри.
Псори зэфIэкIа иужькIэ ар къыкъуэкIыжащ. Я Iуэху фIейр ялэжьри, бийхэр кIуэжат, лъыкIэ загъэнщIауэ. Жылэм псэ зыIуту зыри къыдэнатэкъым.
ЗэрыхузэфIэкIкIэ хьэдэхэр щIилъхьэри, цIыхубзыр и дыщым ежьэжащ. Ар къызыхэкIар абазэ лъэпкъ лъэрызехьэт. Гъуэгуанэр кIыхьми, хьэлъэми, шынагъуэ куэд пыщIами и Iуэхур хэкIыпIэншэт.
И адэжь лъахэм къэблэгъэжыпауэ, хуэмы­шэ­чыжыххэу зэрыджей лъабжьэм щетIысэхащ. Абдежым щIалэ цIыкIу къыщилъхуащ.
ЕрагъкIэ и псэр къихьэсыжри, къэхъуа псори и адэм хуиIуэтэжащ. Пхъурылъхур зэрыджей лъабжьэм дунейм къызэрыщытехьам къыхэкIыу (абазэхэм жыгхэм зыхуагъэщхъырт), абы Шармэ (абазэбзэкIэ - зэрыджей) фIащащ. Афэджанэхэ къазэрыхэкIари ябзыщIащ, бийм къимылъыхъуэн папщIэ.
ЩIалэ цIыкIур балигъ хъури, и лъэпкъым илъ ищIэжащ. И унэцIэу щытари къищтэжыфынут, ауэ и  анэшым и жагъуэ ищIыфакъым. Зэман дэкIри, абы и щIэблэр КъэбэрдеймкIэ къэIэпхъуащ икIи Шармэ унэцIэм и япэ хьэрфыр «къ»-кIэ хъуэжа хъуащ. Ар зэфIэкI ин зиIэ лъэпкъщ, лIы цIэрыIуэ куэди къыхэкIащ. Ди лъахэми къыщыунэхуащ Къармэхьэб­лэ жылэ иныр, КаменномосткIэ дызэджэр.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Урысейм ще­кIуэкIа революцэм иужькIэ Къармэхэ зэхэзехуэн ящIащ, ялэжьынрэ яшхынрэ зэраIэм къыхэкIыу. Аргуэрыжьти, нэгъуэщI лъэпкъхэм зыхагъэпщкIуэн хуей хъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къармэ Тумкъей и адэри балъкъэрхэм яхэпшэхъуащ - бгы щIыпIэхэм и унагъуэр нэхъ щыхъума хъунут.
АрщхьэкIэ, 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м, зыхэсхэр я лъахэм щрашым, езыхэри дагъэкIуащ. Илъэс щэ ныкъуэ дэкIауэщ Тумкъей и унагъуэр хей щащIыжар. 1994 гъэм и накъыгъэ (май) мазэм абы теухуа унафэр дунейм къытехьащ.
Хамэ щIыпIэ къыщыхутами, цIыхухэм псэунрэ лэжьэнрэ, дауи, щагъэтакъым. Зэрыгушхуэн, я къэ­кIуэнур зрапхын щIэбли къащIэхъуэрт. Апхуэдэхэм ящыщ зыт 1950 гъэм накъыгъэм и 8-м Узбекистаным къыщалъхуа Мажмудини. Ар икъукIэ губзыгъэт икIи гурыхуэт. ЖыпIэну ирикъунщ и ныбжьыр илъэс 16 фIэкIа мыхъуауэ курыт школыр къызэриухар икIи ардыдэм зы илъэскIэ занщIэу лэжьэн зэрыщыщIидзар, 5 - 8-нэ классхэм щIэсхэр математикэм хуригъаджэу. Абы щыгъуэм Къармэ Тумкъей и унагъуэр, балъкъэр лъэпкъым дэщIыгъу адэжь лъахэм къэкIуэжакIэт.
1967 гъэм Мажмудин Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и физико-математикэ факультетым щIэтIысхьащ. Дауи, ар фIы дыдэу икIи ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ.
И IэщIагъэм къыдэкIуэу, Къармэ Мажмудин  шахмат джэгуныр хуабжьу фIыуэ илъагъурт. Илъагъу къу­дейтэкъым, атIэ ар гъуэзэджэу къехъулIэрт. Универститетыр къыщиуха 1972 гъэм Къармэр япэ дыдэу хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым шахматхэмкIэ и чемпион, а зэманым цIэрыIуэу щыта и ныкъуэкъуэгъу лъэщхэм ятекIуэри. Абы иужькIэ илъэс куэдкIэ республикэм пащтыхьыгъуэр а спорт лIэужьыгъуэм щиутIыпщакъым. Мажмудин и закъуэщ ди щIыналъэм и чемпион 21-рэ хъуфар. А ехъулIэныгъэм къытезыгъэзэжыфын зэгуэр къэхъуну фIэщщIыгъуейщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщихьа япэ текIуэныгъэ иныр лъабжьэ хуэхъуащ Къармэ Мажмудин и гъащIэ гъуэгум. 1986 гъэм ар Урысей Федерацэм шахматхэмкIэ и чемпион хъуащ, илъэситI дэкIри, 1990 гъэм, КъБР-м и командэ къыхэхам хэту щытекIуащ къэралым и гуп зэпеуэм. Европэм шахмат есэпымкIэ и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хуэзышэ зэхьэзэхуэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэм къыпэкIуэу абы къыфIащащ ИКЧФ-м (Зэхуэтхэурэ шахмат зэдэджэгунымкIэ федерацэм) и дунейпсо мастер цIэр.
1974 гъэм къыщыщIэдзауэ ар хыхьащ ныбжьыщIэ­хэр шахматхэм хуэгъэсэным, абы хуегъэджэным епха лэжьыгъэ мытыншым икIи шахматхэмкIэ категорие нэхъыщхьэ зиIэ гъэсакIуэ цIэр къратащ. 1998 гъэм НыбжьыщIэхэм я дунейпсо джэгухэм я кIэух зэпеуэм къыщихьа ехъулIэныгъэм папщIэ Къармэм къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. 2017 - 2018 гъэ еджэгъуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ, «ХХIХ Урысейпсо олимп махуэ» гуфIэгъуэ Iуэхухэр Налшык къалэ округым щегъэкIуэкIыным кърикIуахэм хэплъэжри, Мажмудин къыхуагъэфэщауэ щытащ «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI» цIэр.
Къармэ Мажмудин и гъэсэн щIалэхэмрэ хъы­джэбзхэмрэ КъБР-м и чемпион мызэ-мытIэу хъуащ, дунейпсо зэпеуэхэми къыщыхэжаныкIащ. Абыхэм ящыщщ Урысеймрэ Европэмрэ я чемпионкэ Щыхьмырзэ ФатIимэ, ныбжьыщIэхэм я деж 2006 гъэм дунейпсо чемпион щыхъуа Чап Iэдэм, еджакIуэхэм я дунейпсо зэпеуэм 2011 гъэм бжьыпэр щызыубыда Егъэн Алихъан сымэ, нэгъуэщIхэри. Дуней псом щытыкIэ хэха щыщагъэува мы зэманми абы тренер лэжьыгъэр зэпигъэуатэкъым - ныбжьыщIэхэм япэIэщIэу дерсхэр, зэпеуэхэр иригъэкIуэкIырт, чэнджэщхэр яритырт.
Классикэ шахматхэмкIэ 23-рэ Налшык къалэм и чемпион хъуащ ар, псынщIэ дыдэу шахмат джэгунымкIэ 16-рэ КъБР-м щытекIуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым игъащIэ лъандэрэ щекIуэкIа чемпионатхэм я ныкъуэм Мажмудин щытекIуащ, - жеIэ КъБР-м Шахмат клубхэм я федерацэм и тхьэмадэ Щыхьмырзэ Артур. - Абы хуэдэ зэи щыIакъым, дяпэкIи къэхъуну фIэщщIыгъуейщ.
Иужьрей илъэсхэм Къармэ Мажмудин ехъулIэныгъэхэр къыщихьу хэтащ нэхъыжьхэм (ветеранхэм) я зэпеуэхэм - Урысей Федерацэм псынщIэу шахмат джэгунымкIэ и чемпионатым и домбеякъ медалыр къыщихьат, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм классикэ шахматхэмкIэ тхуэнейрэ и чемпион хъуат, Къэбэрдей-Балъкъэрым классикэ шахматхэмкIэ нэхъыжьхэм я деж къыщызэрагъэпэща зэхьэзэхуэхэм 9 щытекIуат.
Къармэр цIыху гуапэу, лэжьакIуэшхуэу щытащ, и унагъуэм дахэу ящхьэщытащ, шахмат зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр екIуу къызэригъэпэщыфырт, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI судьят, гъэсакIуэ, унэтIакIуэ къызэрымыкIуэт. 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 21-м и ныбжьыр илъэс 71-м иту ар дунейм зэрехыжар хэщIыныгъэшхуэщ Къэбэрдей-Балъкъэр псом дежкIи, адрей щIыналъэхэм щыщхэу абы къыпыщIауэ щытахэмкIи. Къармэм пщIэшхуэ къыщыхуащIырт Урысейм ШахматхэмкIэ и федерацэми.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.