Псом ищхьэу дызыхуейр сыт?

Нэхъ ипэкIэ щыIа тхылъ­хэм е зэрырагъаджэу щы­та­ лэжьыгъэхэм я гугъу щып­щIым деж, ахэр мы­хъу­ну щытауэ къащыфIэщI ­­щыIэщ. Ауэ аракъым­ Iуэ­хум и пэжыпIэр. Дэтхэнэ зыри зэрыщыгъуазэ­щи, гъа­щIэм, цIыхум и щыIэныгъэм, техникэм ­заужь зэпытщ. Егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмрэ абыхэм я пашэу мэбакъуэ. Нэхъапэм щыIа псом фIагъыу хэ­лъар­ къыхэтхрэ нобэрей псэу­­кIэм, егъэджэкIэм, щIэ­ныгъэм тхухэгъэзагъэ­мэ, ипэкIэ дыкIуэтэнщ, зы­­дужьынщ. «Удын зэхэ­дзэ­ нэхърэ акъыл зэхэ­дзэ»­ щIыжаIар апхуэдэ зыгуэрщ.
Гъэ кIуа лъандэрэ ады­гэбзэмрэ литературэмрэ зэ­раджын тхылъ­хэри иджырей егъэджэкIэ ­къупхъэм иту зэгъэпэщыныр пщэрылъ щащIауэ гупхэр мэлажьэ. Абыхэм яхэтщ щIэныгъэлIхэр, илъэс куэд хъуауэ егъэджакIуэ IэщIагъэм пэрытхэр, иджыри зэи еджапIэ щымылэжьауэ, ауэ къэухь, еплъыкIэ гъэщIэгъуэнхэр ябгъэдэлъу щIэныгъэ зиIэ ныбжьыщIэхэр. «Да­къэжьым жыгыщIэ» къы­къуэмыувэмэ, иужь­кIэ Iуэхур хэт игъэкIуэтэн? - апхуэдэ гуп­сысэкIэ щIалэгъуалэр и Iуэхум хэша хъуащ.
ГурыIуэгъуэщ, сыт хуэдэ тхылъ гъэщIэ­гъуэн зэхэгъэува мыхъуми, абы и закъуэкъым зэ­лъытар бзэр фIыуэ ящIэныр, ар яджы­ным дихьэхыныр. Щхьэусыгъуэр зыбжанэ мэхъу, ауэ нобэ зыми сытемыбанэу, къуаншэ сымылъыхъуэу егъэджэкIэм худиIэн хуей зы щытыкIэм и гугъу сщIынут.
Бзэр къэралыбзэу щыщымытым деж уэрамыбзэм зэрыхуэкIуэр зыми и дежкIи щэхукъым. Адыгэбзэр дахэмэ, абы ди лIыгъэ, ди фIагъ хэлъкъым - къыщежьар ди дежкъым, ауэ бзэр ебэтэхамэ, ди хуэмыхуагъым дегупсысыжыпхъэщ.
Иджыри къэс щыIэ тхылъхэми лэжьыгъэм я нэхъыбэр псалъэуха зырызу зэхэтт, зы купщIэ яIэу щыттэкъым. Абыи и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ - еджакIуэм я ныбжьым­ ехьэлIауэ тхыгъэ хьэзыр тхылъым ибгъэу­вэныр гъуэтыгъуейщ е щыIэххэкъым. АтIэ­­ сыт хэкIыпIэр? ЕджакIуэм адыгэбзэр зэ­рып­сэур, зэрылажьэр, ар уэрамыбзэ къудейуэ зэрыщымытыр къыгурыIуэн щхьэкIэ, Iуэхугъуэ куэдхэм епха лэжьыгъэхэм ­ухуейщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Iэпкълъэпкъ», «УэщI», «Уафэ», «Псы», «КIыгъэ», «Гъуэгум зыщыхъумэж», «Интернет», «Хабзэ», «Бзэ», «Унагъуэ псэущхьэ», нэгъуэщI щыIэныгъэ­ куэдхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Ахэр зы гупсысэ зэуIу зиIэу еджакIуэм егъэлъагъупхъэщ. ТхакIуэ гуэрым и тхыгъэм пычыгъуэ къыхэпхрэ лэжьыгъэ иращIэкIыну тхылъым ибгъэувэнри зэрану щыткъым, ауэ, япэрауэ, пычыгъуэ къудейкIэ къэу­хьым зиужькъым. ЕтIуанэ­ра­уэ, а тхакIуэм Iурылъ бзэм­рэ ар зи тхылъ ирагъэува­ еджа­кIуэмрэ я ныбжьыр зэхунэсу пIэрэ?
Щхьэ­закъуэу тхыгъэ лэ­жьы­гъэ езы еджакIуэм зэхигъэувэжын хуей хъуа нэужь (псалъэм папщIэ «псым» теухуауэ), куэду хьэлъэ къытохъуэ. Абы и щхьэусыгъуэ­ нэхъыщхьэращ - сабийм абы­ теухуауэ адыгэбзэкIэ зы гуп­сысэу гъэпса лэжьыгъэ илъэ­гъуакъым, еджакъым. Апхуэдэ дыдэщ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа лэжьыгъэ Iуэхугъуэхэри. УрысыбзэкIэ тхылъым и мызакъуэу, интернетми, телевизорым и Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм ехьэ­лIа нэтын куэдми щрохьэлIэ, ауэ и бзэмкIэ апхуэ­дэ зэхи­х­ыркъым. Апхуэдэу щы­щыткIэ,­ тхылъыр зэхэзыгъэувэхэм зы­ пщэрылъ ин зэфIахыфынущ - сыт хуэдэ щы­Iэныгъэми, щIэныгъэми адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьыф зэры­хъур еджакIуэхэм нэ­рылъагъу ящыщIын.
Нанухэм я къэухьхэр зэрызэхуэмыдэм хуэ­дэу, махуэм зэпкърах дерсри псоми зэщхьу къагурыIуэркъым. Хэт «5» защIэкIэ йоджэ, хэти абы куэду къыкIэроху. АтIэ апхуэдэхэм я гугъуагъкIэ зэщхьу лэжьыгъэ едгъэщIмэ, хэт и фIагъ хэлъ? Ар лэжьыгъэ тыншу щытмэ, фIыуэ еджэм и къэухьым зиужьынукъым, апхуэдэ еджакIуэр а дерсым щызэшынущ. Лэжьыгъэр гугъуу щытмэ, еджа­кIуэ «къыкIэрыхур» и пIэ имыкIыу, абыи апхуэдэ дерс фIэмыгъэщIэгъуэну къэнэнущ. Мыбдеж къезэгъ бгъэдыхьэкIэращ - зы дерс къэмынэу лэжьыгъэ тынш, гугъу, еджа­кIуэхэм зэгъусэу ящIыжынхэр хэтын хуейщ.
Нанум ди щIыпIэ щимылъагъу псэущхьэ, къэкIыгъэхэм цIэ яфIэтщкIэ бзэм зиужьынукъым. Япэ щIыкIэ хамэбзэ къимыгъэсэбэпу адыгэбзэ къабзэкIэ псэлъэным хуэтшэжын хуейщ. И бзэр зэпэщ хъумэ, бзэмрэ езымрэ зэгъусэ зэхуэхъумэ, хигъэхъуэну, къищIэну хуей­Iамэ, дыдэIэпыкъупхъэщ.
Къыдэтхьэхыу, дадэджэгуу бзэр зэрыдахэр, абы лъэпкъ гупсысэр зэрыхэлъыр ягурыдмыгъаIуэмэ, «2»-кIэ, «3»-кIэ дгъэ­шы­нэкIэ, бзэр нэхъыфIу ялъагъунукъым. ЕджакIуэ псоми егъэджакIуэ IэщIагъэр ири­лэжьэну къыхахынукъым икIи псори­ бзэ щIэныгъэм ирикIуэнукъым, бзэм и хаб­зэ щыIэхэр зэхуэдэу фIыуэ ямыщIэнри хэлъщ. Бзэм и хабзэ щыIэхэр щыуагъэншэу имыщIэмэ, ар егъэджакIуэм фIэгъэнапIэ­ щIи­щIын щыIэкъым. Абы къикIыркъым тхэфми, мытхэфми зэхуэдэу убгъэдыхьэн хуейуэ. ТхэкIэр псоми ящIэн хуейщ, ауэ дэтхэнэ еджакIуэми причастие, деепричастие (participle,adverbialpart) къыхуэмыгъуэ­тыныр хэлъщ. Псом ищхьэу дызыхуейр бзэр хуэгъэшэрыуэфу, абыкIэ и гупсысэ къиIуэтэфу щIэблэ къэдгъэтэджынырщ.

КЪАРДЭН Мусэдин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.