Бзэр тхуэхъумэмэ, лъэпкъри псэунущ

Ди бзэр адыгэбзэщ, анэм къыддилъ­хуащ.­ Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами и къа­лэнщ езым и хабзэр, и щэнхабзэр, и бзэр ихъумэжыну. Дэри абы дытетщ. ДиIэщ адыгэ хабзэр. Адыгэ хабзэм и ­лъапсэр адыгагъэращ. Iэдэбыгъэр, цIыхугъэр, нэмысыр, укIытэр, напэр… А фIыгъуэ псори къытхуэзыгъэщIа, тхуэзыхъума ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэшхуэ яхудощI.
Ди бзэр хъумэнымкIэ, абы зегъэу­жьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ягуэщIауэ зи цIэр дыщэпскIэ ди тхыдэм хатхахэм ящыщщ ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Нэгумэ Шорэ, нэгъуэщI куэди. Адыгэ литературэм абыхэм щызэщIагъэна мафIэр ди гум йопсэ, ди псэр егъэхуабэ. Ноби а мафIэр ужьыхыркъым. ЩIэблэм ар нэхъ­ри зэщIагъаплъэ. Ди гуапэ хъуащ Бемырзэ Зураб, Абидокъуэ Люсанэ, Чэнджэщауэ Артур сымэ литературэм щаIэ ехъулIэныгъэхэр... Бзэ тIэщIэкIыр къэзыу­быдыжыну зыхузэфIэкIхэм ящыщщи, Тхьэшхуэм иригъэфIакIуэ, я псалъэр нэ­гъуэщI лъэпкъхэми нахьэсу, адыгэм ди цIэр фIыкIэ ягъэIуу!
Адыгэбзэр дуней псом нэхъ ныбжьышхуэ щызиIэхэм зэращыщым и щыхьэтщ ­США-м и Конгрессым и библиотекэм тхыдэшхуэ зиIэ лъэпкъыу къыщагъэлъэгъуа 32-м я япэ сатырхэм адыгэр зэрахэтыр!
«НэгъуэщI лъэпкъым и бзэр илъэситI-щы­кIэ зэзгъэцIыхуфынущ, ауэ си бзэр сыпсэухукIэ зэзгъэщIэн хуейщ», - жиIэгъащ­ венгр еджагъэшхуэ Месарош. Мис а псалъэ пэжхэм адыгэхэри дытетыпхъэщ, дгъэ­зэщIапхъэщ.
Дэтхэнэ зы цIыхуми и бзэр ищIэжын ­хуейщ. Аращ адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Щоджэн­цIы­кIу­ Алий «Зи бзэр зымыдж адыгэ сабий щы­Iэн хуейкъым», - жиIэу щIитхыгъар.
Ди еджапIэр къапщтэмэ, апхуэдэ гуныкъуэгъуэ диIэкъым. Щапхъэ къэсхьынщи, 5 - 6-нэ классхэм еджакIуэ цIыкIуитI (Куэбл Саидэрэ Тохъутэмыщхэ Даянэрэ) хэсщ, пэщIэдзэ классхэм бзэр щамыджауэ. Ап­хуэдэу щытми, ахэр егугъуу яужь итщ я анэ­дэлъхубзэр зрагъэщIэным.
КъищынэмыщIауэ, лъэпкъыбзэр хъу­мэ­ным хуэгъэзауэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр еджа­пIэм зэпымыууэ щыдогъэкIуэкI. Ап­хуэдэ зыуэ, Анэдэлъхубзэхэм я махуэм хуэкIуэу «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ» зэпеуэр едгъэкIуэкIащ. Абдеж гухэхъуэу усэ къыщеджащ Хьэжмусэ Айнэ, Алътэдокъуэхэ Имран, Iэсидэ, Утемыщхэ Миланэ, Амалие, АйкIэпщ Элинэ, Къэбэрдей Iэдэм, Къардэн Идар, Ашэбокъуэ Данэ сымэ. Мы еджа­кIуэхэр «Родные языки России» Урысейпсо ак­цэми хэтащ, сертификатхэмрэ медалхэм­рэ къыхуагъэхьыжащ.
УрысыбзэкIэ фIэкIа мыпсалъэ адыгэ куэ­дым уахуозэ. Ар ди жагъуэ мыхъуу къанэркъым.
Исландие къэралыгъуэм унафэ щхьэхуэ къыщащтащ хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэхэр я бзэм хамыгъэхьэну. А унафэм щIэтурэ, мы зэманым Исландием я бзэр дунейм щынэхъ къабзэ дыдэу къызэтенауэ­ къалъытэ. Мыбы дэри дегупсысыпхъэщ.
Ди лъэпкъым и анэбзэр - адыгэбзэр мы­кIуэдыжыным теухуащ адыгэм, адыгэбзэм зи гур хуэузу псэуа усакIуэ щэджащэ Бе­мыр­зэ Мухьэдин и тхыгъэхэр. ИкIи зэпеуэ­хэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм абы и цIэр куэдрэ къыдоIуэ:
«ЗэгъащIэ: зи бзэр зыфIэкIуэдым
И анэр хуэдэщ фIэкIуэдам».
Мы дунейм анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Бзэр анэм зэрепхар, ар зэрыналкъутналмэсыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.
ТекIуэныгъэм и Илъэс 75-м теухуауэ усэ къеджэнымкIэ онлайн-зэпеуэм дыхэтащ. Ашэбокъуэ Данэ (Бемырзэ М. и усэ «Зауэм теухуа балладэ»), Утемыщ Амалие ­(Къагъырмэс Б. - «ЗауэлIым и псылъэ»), Алъ­тэдокъуэ Iэсидэ (Жантемыр М. - «Уахътыншэ полк»), Утемыщ Миланэ (Гъуэщокъуэ Хъу. - «ТекIуэныгъэм и махуэ»), Къан­къуэщ Даринэ сымэ гум хыхьэу къеджащ. Москва къалэм къикIыу фIыщIэ тхылъхэр къа­Iэрыхьэжащ.
«Урысей зэкъуэт» партым и хэгъэгу къудамэм и лIыкIуэхэр ди гъусэу «ТекIуэныгъэм и Махуэ» диктантыр ттхащ. Ар нэхъыфIу зыхузэфIэкIа нэрыбгибгъум фIыщIэ тхылъхэр къратыжащ…
ЕгъэджакIуэри адэ-анэхэри ищхьэкIэ зи гугъу щысщIа Iуэхухэм дыщымыгуфIыкIыу къанэркъым. Сэ къызбгъэдэкIыу, анэ-адэ куэдым фIыщIэ яхузощI сабийр егъэ­джэнымкIэ, гъэсэныгъэ нэс хэлъынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къызэрытхуэхъум папщIэ.
Къапщтэмэ, Эрсакон школым и цIэр фIыкIэ жрагъэIэ ныбжьыщIэ куэдым. Ди еджапIэм щIэдгъэкIауэ Москва, Ставро­поль, Мейкъуапэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къыщаухри, а къалэхэм къагъэнэжауэ щы­лажьэр куэд мэхъу. Сыт хуэдэу адыгэбзэр ягъэшэрыуэрэ абыхэм: Къадыр Александ­рэ, Дыщ Залинэ, Чырбыж Альбинэ, нэ­гъуэщI­хэми.
Къэбэрдей Алинэ-щэ! Район, республикэ зэпеуэхэм, олимпиадэхэм япэ увыпIэхэр дапщэрэ къыщихьу щыта абы! Газетми телевиденэми мызэ-мытIэу щагъэлъэпIащ ар. Хуабжьу гу къабзэ, адыгэпсэ зиIэщ.
Апхуэдэщ Ашэбокъуэхэ Дианэ (Ставро­поль дэт медицинэ институтым щоджэ), Динэ, Данэ сымэ. Мы пщащэхэми адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми жыджэру хэту щытащ. Ар сыт и уасэ?!
Адыгэ хабзэр, адыгэбзэр фIыгъуэу щыIэм я лъабжьэщ. Псалъэ Iущ, шэрыуэ куэд диIэщ нэмысым, хабзэм, бзэм, акъылым ятеу­хуауэ. «Бзэ зимыIэж лъэпкъыр лъэп­къыжкъым» жыхуиIэри абы щыщщ.
ЩIыхь зиIэ ди егъэджакIуэфIхэр, фIы куэдкIэ дызыщыгугъ ди еджакIуэхэр щыдиIэкIэ, ди фIэщ мэхъу адыгэбзэр дунейм зэрыщыIунур. Адыгэ лъэпкъыр ефIэкIуэну, ди бзэ дахэу пшынэбзэу гур зэщIэзыIэтэр нэхъри нэхъ лъэщу дунейм куэдрэ тетыну догугъэ! Тхьэм къытхузэпищэ! Бзэр мыкIуэдмэ, лъэпкъри псэунщ!

НАРТБИЙ Хужьэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.