ЕхъулIэныгъэхэм я къежьапIэ

«ИпэжыпIэкIэ жыпIэнумэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм къару нэхъыщхьэ дыдэу хэлъыр абы хэт дэтхэнэри - егъэджакIуэри абы и нэIэм щIэт ныбжьыщIэри - зэ­лIалIэ Iуэхум ехъулIэныгъэ къы­пэкIуэну зэрыщыгугъырщ. А гурыщIэр лэжьыгъэм хэмылъмэ, абыхэм зэфIах псори мыхьэнэншэ мэхъу, Iуэхум узыIэпызышэу хэлъри хокIуэсыкI. Гугъу зэрехьам гуфIэгъуэ къызэрыпэкIуэнур зи фIэщ хъу сабийращ пщэдейрей махуэм зи гур къабзэу, зи лъэр жану хыхьэфынур. «Сэ мы Iуэхур слъэкIащ!» - псалъэхэр зы­хуэарэзыжу, игукIэ нэхъ мыхъу­ми, еджакIуэм зыжриIэжамэ, ар педагогикэ лэжьыгъэфI зэфIэха хъуауэ аращ, зыгъэзэщIа сабийми ар абы хуэзыгъэуша унэтIакIуэми я зэхуэдэ текIуэныгъэу».
Апхуэдэу къелъытэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Къармэхьэблэ жылэм дэт курыт школ №2-м и егъэджакIуэ Сонэ (Гъэунэ) Риммэ Хьэсен и пхъум. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс 35-м нэсауэ пэрытщ Риммэ икIи зы махуи къэхъуакъым ар и лэжьыгъэм щытезэша, фIэмыфIу дерсым щы­щIыхьа. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм и лъабжьэр егъэджакIуэм и IэщIагъэм, сабийхэм яхуиIэ лъагъуныгъэ къабзэращ, бгъэдэлъ щIэныгъэр и гъэсэнхэм я пащхьэ щрилъхьэкIэ, езыми зыдэлажьэхэми зыхащIэ гурыщIэращ.
- Мыхьэнэшхуэ иIэщ уи IэнатIэм уфIэфIу упэрыхьэу ар къызы­хуэ­тыншэу зэрепхьэкIыным ухущIэкъуу ущытыным. Псом хуэдэжкъым уи лэжьыгъэр цIыхум, сабийм епхамэ, - и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ Сонэр. - Абы и лъэныкъуэкIэ сэ насыпыфIэу зыкъызолъытэж - сабийхэм сазэрыдэлэжьэным сы­хуэпIащIэу школым сокIуэ, нэхъыфIу сэ схэлъымкIи ихъуреягъкIэ щыслъагъу фIымкIи си гъэсэнхэм сахуэупсэну сыщIохъуэпс. Апхуэдэ си гурыщIэхэр щIагъэбыдэ езгъэдж анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм ящыщ куэд дихьэхыу зэрыслъагъум. Я ныбжьым теухуауэ жыпIэмэ, еджэн-ращ школакIуэхэм нэхъ къалэнышхуэу гъащIэм щаIэр. Дауи, унагъуэм щызэфIахыпхъэ лэжьыгъэми мыхьэнэ ямыIэу жысIэркъым. ИтIани, еджэным щызыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэращ сабийм и щхьэм хуищIыж пщIэр зыIэтыр, абы къыхуащI гулъытэм хэзыгъа­хъуэр, адэкIэ къыпэщылъ гугъу­ехьхэм зэрыпэлъэщыфын къаруу­щIэ къыхэзылъхьэр. Апхуэдэ гуращэхэр зи гум илъ щIэблэ къэгъэ­тэджынымкIэ егъэджакIуэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэнщ. Курыт школым адыгэбзэр щезыгъэдж IэщIагъэлIхэм я пщэрылъхэм иджыри къыхохъуэ сабийр хэкупсэу, и анэдэлъхубзэми щалъхуа щIыналъэми я къыщхьэщыжакIуэу гъэ­сэныр.
ЕгъэджакIуэм иIэ апхуэдэ гупсысэ дахэхэм я къежьапIэр ар къызыхэкIа унагъуэращ здэщыIэр. Риммэ ­Къармэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Ар къыщыхъуа унагъуэр адыгэ хабзэрэ нэмысрэ зэрылъщ, щIэныгъэм пщIэ щыхуащIщ. Абы и адэ-анэ Гъэунэхэ Хьэсенрэ Масирэтрэ Мухьэмэд зыфIаща я щIалэ закъуэри, япхъухэу Муслъимэт, ФатIимэ, Риммэ сыми къагъэтэджащ а лъэпкъ фIыгъуэхэр я гъуэгугъэ­лъагъуэу. ЗэрыбыниплIым я нэхъыщIэ дыдэ Риммэ еджэныр хъар­зынэу къехъулIэу, жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэру школ гъащIэр ирихьэкIащ. Предмет псори фIыуэ илъа­гъуми, адыгэбзэмрэ литературэмрэ и гум нэхъ къыдыхьэрт пщащэм икIи и мурадт курыт школ нэужьым адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхихыну. Риммэ зэрыжиIэжымкIэ, абыкIэ щапхъэ хуэ­хъуат анэ­дэлъхубзэр я къуажэ дэт школым илъэс куэдкIэ щезыгъэджа и адэшхуэ Гъэунэ Ахьмэдрэ Риммэ егъэджакIуэу иIа, иджы ди Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэ къу­дамэм и лэжьакIуэ, журналист цIэрыIуэ МахуэлI Хъаджэтрэ. Абыхэм я жыIэм тету, пщащэ цIыкIур 1986 гъэм щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым и урысыбзэ-адыгэбзэ къудамэм. Куэд дэмыкIыуи школым лэжьапIэ уващ, зэрылажьэм хуэдэури еджэныр зэфIихащ.
ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэ­гъуэта Риммэ зыщIэхъуэпса IэнатIэм щIэх дыдэу Iузэгъащ. Ири­гъаджэ сабийхэри, къыдэлажьэхэри, школым и унафэщIхэри дахьэхат егъэджакIуэ жыджэрым икIи гумызагъэм и Iуэху зехьэкIэм. Дерс зэIухахэр щIэх-щIэхыурэ езыгъэкIуэкI, лэжьыгъэм щIэщыгъуагъэ гуэрхэр сыт щыгъуи хэзылъхьэну хущIэкъу егъэджакIуэм сабиипсэм и IункIыбзэIухыр псынщIэу къигъуэтащ. Абы зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ цIыхуми, и ныбжьми къызыхэкIа лъэпкъми емылъытауэ, пщIэ хуэщIыпхъэщ. Сабийм, псом хуэмыдэу иджырей щIэблэм, зыхегъэщIэн хуейщ зэ­фIэкI зэриIэр, наIуэми щэхуми зэчий гуэр зэрыбгъэдэлъыр. ЕгъэджакIуэм и къалэну къелъытэ а зэчийр къэхутауэ адэкIи зегъэужьыныр. Апхуэдэ лэжьэкIэм фIыгъуэ куэд къыхудэкIуащ Сонэм.
- Методикэ и лъэныкъуэкIэ Iэзагъышхуэ хэлъу еухуэ Сонэ Риммэ и дерсхэр. Зи лэжьыгъэм хуэпсэхьэлэл егъэджакIуэм нэхъ Iэмал щхьэпэхэр къигъэсэбэпурэ, и еджакIуэхэр предметым сыт хуэдизкIи зэрыдригъэхьэхыным хэтщ. Абы и лэжьэкIэр хуэгъэпсащ дэтхэнэ сабийми и зэфIэкIхэр наIуэ къэщIыным. Езым и лэжьыгъэ бгъдыхьэкIэхэр Iуэхум хипщэкIэрэ, егъэджакIуэм школакIуэхэм яIэ зэфIэкIым зрегъэужь. «Сабийхэм я гупсысэм лъэныкъуэ куэдкIэ зегъэужьын» технологиещIэр лэжьыгъэм хэпща хъунымкIэ Iуэхугъуэ куэд ирегъэкIуэкI. Еджа­кIуэ цIыкIухэр егъасэ, Iуэхугъуэ гуэрхэм кIэлъыплъыфу, къахутэфу, зэрагъэпщэфу, я еплъыкIэхэр хьэкъыгъэ хэлъу къагъэлъэгъуэфу, ­къазэрыщыхъуар жаIэфу. А Iуэхугъуэ псори сэбэп мэхъу сабийхэр тэмэму гупсысэфу, нэгъуэщIым щымыгугъыу и ныбжь елъытакIэ сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру бгъэдэувэфу, - жеIэ Къармэхьэблэ дэт курыт школ №2-м и унафэщI Маргъущ ФатIимэ. - А псоми я щыхьэт наIуэщ егъэджакIуэм и ехъулIэныгъэхэр. Къэтщтэнщи, иужьрей илъэс зыбжанэм къэхъуакъым Сонэм и гъэсэнхэр республикэ, рай­он зэпеуэхэм жыджэру щыхэмыта, абыхэм я утыку щIэныгъэфIхэр къыщагъэлъагъуэрэ текIуэныгъэ­хэри къыщахьу. Римми абы ири­гъаджэ ныбжьыщIэхэри ехъулIэныгъэ яIэу зыхэтахэм ящыщщ «Адыгэ дуней», «Си бзэ - си псэ, си дуней», «Радиожурналист ныбжьыщIэ» республикэпсо зэпеуэхэр, «Псори сщIэну сыхуейщ» Сабий акъылыфIэхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэр, «Сыщалъхуа си щIыналъэ» щIыуэпс-хэкурыдж эстафетэр, тхылъеджэхэм я щIыналъэпсо конференцыр, нэгъуэщIхэри.
IуэхущIапIэм и пашэр апхуэдэу гу зэIухакIэ ирогушхуэ Сонэм хуэдэ егъэджакIуэфI школым зэры­щы­лажьэм. Iуэху зехьэкIэ дахэ зыбгъэдэлъ, класс унафэщIхэм я школ зэгухьэныгъэм илъэси 6 лъандэрэ и пашэу щыт егъэджакIуэм и нэIэм щIэтщ класс гупитI. Абыи къегъэ­лъагъуэ Риммэ унэтIакIуэфIу, гъэсакIуэ Iэзэу зэрыщытыр. Пэжу, щIэблэр фIым хуэзыущий, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуэзыгъэпабгъэ цIыху зэпIэзэрыт гупым яхэты­ныр куэд и уасэщ.
Сонэ Риммэ утыку ириша сабий жыджэрхэм я бжыгъэр куэд мэхъу. Абыхэм яхэтщ я егъэджакIуэр щапхъэ зыхуэхъуу абы и лъагъуэм ирикIуэныр къыхэзыхахэри. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ республикэм и курыт школхэм мы зэманым щезыгъэджхэу Чыржын Раметэ, Гугъуэт Iэмирэт, Лу ФатIимэ сымэ, нэгъуэщIхэри. ЕгъэджакIуэм ноби и мащIэкъым зи зэфIэкIым иригушхуэ, ирипагэ ныбжьыщIэхэр. АнэдэлъхубзэкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэ куур зэпеуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм я утыкушхуэхэм нобэ къыщагъэлъагъуэ Риммэ и еджакIуэхэу Къэшэж Марат, Мэ­къуауэ Лианэ, Кумыщ Элинэ, Мырзэкъан Ларинэ, Лыхь Алинэ сымэ. Абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм Сонэм и лъэр нэхъри нэхъ жан ещI, лэжьыгъэщIэхэм трегъэгушхуэ.
- Уигурэ уи псэрэ зэIухауэ ущымыту, шыIэныгъэ инрэ гуапагъ мыкIуэщIрэ пхэмылъу сабийхэм уадэлэжьэфынукъым. Ар зэщхь ­хъунур макъ уимыIэу уэрэд жыпIэну утыкум укъихьэнращ, - жеIэ Рим­мэ. - Ар зи гуращэу лажьэ дэ, егъэджакIуэхэм, сыткIи щIэгъэкъуэни чэнджэщэгъуфIи къытхуохъу ди школым и унафэщIхэр. Абыхэм сыт щыгъуи къыддаIыгъщ анэдэлъ­хубзэм и пщIэр къэIэтыным хуэ­гъэп­сауэ школым къыщетхьэжьэ Iуэху дахэхэр, езыхэри щIэх-щIэхыурэ мэхъу абыхэм я жэрдэмщIакIуэ.
ЗэфIих лэжьыгъэ екIум хуокIуэ Риммэ и щIыбагъ къыдэт унагъуэ дахэри. Абырэ и щхьэгъусэ Вячеславрэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, пщIэрэ нэмысрэ яку дэлъу къызэдогъуэгурыкIуэ илъэс куэд лъандэрэ. Абыхэм къащIэхъуащ хъыджэбзищ: Маринэ, Iэсият, Элинэ. Бынхэм ящыщ дэтхэнэми курыт школри я щIэныгъэм адэкIэ щыхагъэхъуа еджапIэ нэхъыщхьэхэри фIы дыдэу къаухащ. Маринэ КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр, Iэсият - экономикэ къудамэр къаухауэ мэлажьэ. Ахэр унагъуэ хъуащ. Хъыджэбзхэм я нэхъыщIэ Элинэ ди университетым щIэсщ, юрист IэщIагъэм хуеджэу. КъащIэхъуэ щIэблэм я ехъулIэныгъэхэм я гур дэгуфIэу, зыпэрыт IэнатIэхэм езыхэри щыщапхъэу мэпсэу Сонэ зэщхьэгъусэхэр.
ЩIыналъэ егъэджэныгъэ-гъэ­сэныгъэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщI Сонэ Риммэ дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, унагъуэ насыпрэ IэнатIэм кърит дэрэжэ­гъуэрэ щымыщIэу куэдрэ лэжьэну, псэуну.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.