КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «муниципальнэ сыхьэт» ирегъэкIуэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр иригъэ­кIуэкIащ. Абы муниципалитетхэм я ад­министрацэхэм я Iэтащхьэхэм республикэм и УнафэщIыр щыгъуазэ щащIащ къэрал, республикэ проектхэр гъэзэщIэным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Прави­тельст­вэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хо­зяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министр ДыщэкI Аслъэн, республикэм и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий зэрыжиIамкIэ, мы зэманым ирихьэлIэу зэгурыIуэныгъэ 64-рэ зэращIылIакIэщ, лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ псори зэхэту контракти 171-м Iэ традзэн хуейщ. Муниципалитетхэм Iэрагъэхьащ бюджет зэхуаку трансферту сом мелуан 822,8-рэ. Ахэр трагуэшащ мы щIыналъэ проектхэм: «Дэтхэнэ сабийми и ехъулIэныгъэ» проектым хыхьэу зэфIагъэкIыну лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэну – сом мелуан 29,8-рэ, «Гъуэгухэр» - сом мелуани 101-рэ, «Щэнхабзэ» - сом мелуан 203,8-рэ, «Творчествэм дихьэх цIыхухэр» - сом мин 800, «Псы къабзэ» - сом мелуани 127-рэ, «Къалэм ущыпсэуну тынш щIыныр» - сом мелуан 232,2-рэ, «Ущып­сэуну къемызэгъыж унэхэр нэхъ мащIэ щIын» - сом мелуан 30. Мы зэманым епIэщIэкIыу яужь итщ абыхэм ехьэлIа зыхуэфащэ дэфтэрхэр гъэхьэ­зы­ры­ным, языныкъуэ ухуэныгъэхэм щIа­дзакIэщ.
КIуэкIуэ Казбек гулъытэ хэха хуи­щIащ щэнхабзэ IэнатIэм ехьэлIа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным зэреу­жьэ­рэкIыпхъэм: фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр зэфIэкIауэ щытын хуейщ. Республикэм и УнафэщIыр муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэм щхьэ­хуэу епсэлъащ проект щхьэхуэхэм ятеухуауэ.
Къапщтэмэ, Налшык къалэ округым и администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз зэрыжиIамкIэ, махуэ гъу­нэгъухэм яужь ихьэнущ республикэм и къалащхьэм и гъуэгухэм ящыщу зэрагъэпэщыжыну яубзыхуахэр зыхуей хуэгъэзэным. Зи гугъу ищIар уэрамиблым: Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ уэрамым - ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ проспектым щегъэжьауэ Сувенирнэ (Цы­хэкIхэр щащэ) бэзэрым нэсу, Пионерскэ уэрамым - Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Калюжнэм и цIэр зезыхьэм нэсу, Тырныаузскэм - Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым щегъэжьауэ Идарым и цIэр зезыхьэм нэсу, Мостовойм - Къалмыкъым и цIэр зезыхьэм къыщыщIэдзауэ Профсоюзнэм нэсу, Будаевым и цIэр зезыхьэм - Таманскэ дивизэм и уэрамым щегъэжьауэ Профсоюзнэм нэсу, апхуэдэуи Хмельницэм, Фучик я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэрщ. Уэрамхэр зэрагъэ­пэщыжынущ «Шынагъуэншэ икIи ­фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым хыхьэу.
КIуэкIуэ Казбекрэ Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Муртазов Борисрэ тепсэ­лъыхьащ Къэщкъэтау дэт щIыналъэ сымаджэщ нэхъыщхьэм и поликлиникэ къудамэр зэгъэпэщыжыным и Iуэхум. А лэжьыгъэм сом мелуан 35-рэ хуаутIыпщащ. Поликлиникэм и пэш кIуэцIхэри унэ щIыбри зэрахьэнущ, кабинетхэр медицинэ оборудованэщIэкIэ къызэрагъэпэщынуи я мурадщ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.