«Пшэплъ даущыншэхэр» - адыгэбзэкIэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым мазаем и 23-м щекIуэ-кIащ Васильев Борис и Iэдакъэ къыщIэкIа «А зори здесь тихие…» повестым къытращIыкIа «Пшэплъ даущыншэхэр» спектаклым и ­премьерэр. Ар игъэуващ режис­сёр щIалэ Понаровский Антон.­ ­КъБР-м и Iэтащхьэм театр гъуа­зджэмкIэ и грантыр къагъэ­сэ­бэп­ри, утыку кърахьащ а лэжьыгъэр.
Зи гугъу тщIы повестым емыджа куэд щыIэу къыщIэкIынкъым, ап­хуэдэуи цIыхубэм Iэмал яIащ урысей режиссёр Ростоцкий Станис­-лав 1972 гъэм триха художественнэ фильмым мызэ-мытIэу еплъыну. Мыр спектаклу щагъэлъэгъуащ Урысейм и къалэ куэдым. Иджы япэу адыгэбзэкIэ Налшык утыку къыщрахьэу аращ. 2020 гъэм, Те­кIуэныгъэшхуэр илъэс 75-рэ щри­къум ирихьэлIэу, ягъэувыну мурад щащIым, тхыгъэр адыгэбзэкIэ зэздзэкIыну сэ зыкъысхуигъэзащ теат­рым и унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Пащ­ты Иринэ.
НэхъыфI дыдэу слъагъу тхыгъэ- х­эм ящыщ зыр анэдэлъхубзэм ­къизгъэтIэсэным занщIэу сытегуш­хуащ икIи абы сетIысылIащ. Ар бгъэ­тIылъурэ къэпщтэж, зыбгъэпсэ­хуурэ зэбдзэкI хъун тхыгъэтэкъым. АтIэ узэреджэм ещхьыркъабзэу, ­сы­­­дихьэхыу, зэпызмыгъэууэ сызэ­лэжьа тхыгъэу къысхущIэкIащ. Тхыгъэм хэт псалъэхэмрэ театр утыкум щызэхэпххэмрэ куэдкIэ зэщхьэ- щокI, абы къыхэкIыуи жьэрыIуатэб- зэм хуэгъэкIуэным нэхъ сегугъуащ. Си дежкIэ лэжьыгъэр щIэт, ауэ удэзыхьэхт. Иджы си нэ къикIырт, фIыуэ слъагъу повестым театрым сыщеплъыну, адыгэбзэкIэ ар зэ­хэсхыну. Ар щагъэлъэгъуэну пIалъэр пандемием и зэранкIэ ягъэ-Iэпхъуэри, иджы къэсащ. Хэкум и ­хъу­­макIуэм и махуэм и чэзу дыдэт абы.
А пщыхьэщхьэм театрым щы­зэхуэсат щэнхабзэ гъащIэм хуэзэшахэри, ягъэлъэгъуэну спектаклым зи нэр къыхуикIыу къэкIуахэри, ­тхыгъэмрэ фильмымрэ спектаклыр езыгъэпщэну зи гуращэхэри. Уеб­лэмэ, «А зори здесь тихие…»-р Къэ­бэрдей театрым адыгэбзэкIэ щагъэлъэгъуэну зэхэзыха, Черкесск щыщ ди ныбжьэгъухэми щIымахуэ гъуэгур къызэпачат.
Спектаклым и пэщIэдзэм утыку къихьащ ди лъэпкъ театрыр куэдкIэ зыщыгугъ щIалэгъуалэр. Ахэр нэ­жэгужэщ, къофэ, мэджэгу, зэдогушыIэ. Зигу утIыпща щIалэгъуа-лэм я IутIыжщ, мамыр гъащIэм ­хопсэукIри. Абыхэм ящIэркъым ­къапэплъэр, ящIэркъым я псэукIэ дахэр зауаем къызэрикъутэнур, я мурадыфIхэр къызэрызэпиудынур.
Мамыр гъащIэр шэкъэуэжхэм, кхъухьлъатэ макъхэм къызэпаудри, театреплъхэр зэуапIэ губгъуэм ­къохутэ. Старшина Васковымрэ ­зенитчицэ хъыджэбзхэмрэ яхъу-мэн хуей щIыпIэм щекIуэкI гузэ­вэгъуэмрэ шынагъуэмрэ я пэублэщ пщащэ IэмащIэлъэмащIэ цIы­кIу­хэр утыку къызэрихутэр.
ЩIалэгъуэрэ дахагъэкIэ псыхьа хъыджэбзхэм зрагъэцIыху къыздаша щIыналъэр, абы къулыкъу зэ­рыщащIэнум теухуа упщIэ куэд старшинам ират. Ауи я пщIыхь къы­хэхуэркъым зауэм зыIуигъэува Iэ­натIэм и хьэлъагъымрэ дыджа-гъым­рэ. Ахэр дахэщ, гуакIуэщ, ауэ я ­сэлэт щыгъынхэри екIуркъым, я шы­рыкъухэри зыхуей хуэзэу яху­­лъы­тIагъэркъым…
Васков Федот старшинам и ро-лыр екIуу игъэзэщIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахь­мэд. Абы и нэIэ щIэт хъыджэбзитхум я ролхэри зэпэщу ягуэшат. ЩIэныгъэм, тхылъ еджэным дихьэх Гурвич Соня и ролыр Семэн Регинэ игъэзэщIащ. Ар и теплъэ къудеймкIи а ролым къыхуигъэщIа фIэкIа пщIэнтэкъым, нэгъуджэ цIыкIур Iулърэ иджыри зыри зыхимыщIыкI дунейм тхылъым къриджыкIхэр къыщигъэсэбэпыну иужь иту. Сержант нэхъыщIэ Осянинэ Ритэу джэгуар Багъ Иннэщ. Лэжьыгъэм и ­пIалъэр фIыуэ зыщIэ актрисэу зыкъигъэлъэгъуащ Иннэ. ЦIыхубз зэтеубыдауэ, бэшэчу, адрейхэм ­нэхърэ тIэкIу зэрынэхъыжьыр нэрылъагъу ищIыфащ и образымкIэ. Старшинам лъагъуныгъэ хуэ­-зы­щIауэ ар зыущэху Бричкинэ Ли-зэр МафIэдз Заирэт. Удэзыхьэх ролт ари. Заирэ фIы дыдэу пэлъэщащ екIуэкI Iуэхум нэщхъей къищIа ­теат­реплъхэр и дуней тетыкIэмкIэ къыпигъэгуфIыкIыну. Четвертак Галя и ролыр зылъысар Къул Ма­рьянэщ. Пщащэ цIыкIури и обра-зым ихьащ, цIыхухэм гущIэгъу зы­хуригъэщIыни хузэфIэкIащ. Дунейр зи зэхуэдитIрэ гъащIэм щыгуфIыкI Камельковэ Женяу джэгуар Гуэщокъуэ Регинэщ - теплъэкIи, утыку итыкIэкIи, IэпкълъэпкъкIи Регинэ и ролым хуэкIуэ дыдэт. А псоми ­ятеубгъуат зи актёр IэзагъкIэ псоми яцIыху, фIыуэ ялъагъу Хьэмырзэ Ахьмэд. Щыпхъашэм - пхъашэт, щыгуапэм - гуапэт, щыткIийм - ткIийт, иужьым, и унафэ щIэт цIы­кIухэр зэрыгуащIэмащIэм егъэ­дзы­хэри, и шыпхъу цIыкIу хуэдэу яхуэ­гумащIэщ.
Старшинар лIыжь хъуауэ хъыбарыр къэзыIуэтэжыр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Ва­димщ. И нэгум кърих гупсысэм узы­Iэпишэу уодаIуэ Вадим, адэкIэ къэхъуным упигъаплъэрэ къыпхуэмыгъэсу. Васков дадэм хъыбарыр ­кърегъэIуатэ капитан щIалэм - ар Семэн Астемырщ. Бричкин Иван и ролыр игъэзэщIащ Бозий Рустам, Шыдгын Тимур щакIуэу джэгуащ. Майорыр ТIымыжь Владимирщ, пол­ковникыр Бетыгъуэн Жамболэтщ, нэмыцэ щIалэу джэгухэм языхэзщ Къардэн Заур, Шыпш ­Къантемыр лейтенант Осяниным и ролыр игъэзэщIащ, Кирьяновэр ­Пащтыкъ Анфисэщ. КIэщIу, ауэ гукъинэжу унэгуащэм и ролыр егъэ-защIэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист-кэ КIэхумахуэ ФатIимэ. Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ журт зэлIзэ­фызым, Гурвич Соня и адэ-анэм я ролхэр зыгъэзэщIа Тэмазэ Лиуан- рэ Мэкъуауэ ФатIимэрэ. ГъащIэм и кIэухымрэ дыджагъымрэ нэрылъагъу зыщыхъуа лIымрэ фызымрэ я щхьэ кърикIуамрэ я пхъум зэры­хуэхъуапсэмрэ къызыхэщ иужьрей тхыгъэр Соня хуаутIыпщынущи ­зэхалъхьэ. Зауэ лъэхъэнэм журтхэр зыхэта бэлыхьымрэ цIыхупсэм игъэ­выр зыхуэдизымрэ куууэ уезыгъэгупсыс монолог хуэдэщ Лиуан и псалъэхэр. Езыр апхуэдизкIэ Со­ломон и образым ихьащи, нэпсыр зыщIэз нэхэмрэ я натIэ хъуа гугъуе­хьым зэрытепсэлъыхьыжымрэ уи щIыфэр игъэтхытхыу уодаIуэ. ­Пхъум хуаутIыпщыну письмом иратхэ гу­къеуэмрэ гугъуехьымрэ цIыхуфэм дэмыхуэну къыпщыхъуми, ажалым и нэм щIэплъэ зэщхьэ­гъусэхэм ягъэв гузэвэгъуэр пэжу уи нэгу къыщIагъэувэф, зауэ лъэхъэ­нэм ухешэри, зи гугъу ящIыр псэкIэ зыхыбощIэ. А дакъикъэм зэщы-джэу гъаи щIэсащ театр пэшым. Мы спектаклым хэтщ апхуэдэ теплъэ­гъуэ куэд, зумыщIэжу а екIуэкI Iуэхум ухишэрэ, уи нэпсыр пхуэ­мыубыду уигъагъыу. Ар зи фIыщIэр екIуэкIыр уи фIэщ ящIыфу джэгу ди актёрхэрщ.
Iыхьэ щхьэхуэу хэт хуэдэт, зи ­щIалэгъуэ дахэу, я псы къэжэгъуэр иджыри къэмысауэ псэзэ­пылъ­хьэпIэ ихуа пщащэхэр зырызу бийм яIэщIэкIуэда нэужь, ахэр къызыхаша мамыр гъащIэм щищIамрэ щилэжьамрэ къызэрагъэлъагъуэр. Дэтхэнэри гугъэ IэфIхэр зиIэ пщащэт, лъагъуныгъэмрэ дахагъэмрэ зи псэм щызыгъафIэ хъыджэбз зэпэщт. Сыту гъащIэ гухэхъуэ яIат абыхэм зауэм щIимыдзэ щIыкIэ, сыту мурад куэд зыхуагъэувыжат… Ауэ я натIэр арати, фронтым Iухьэн хуей мэхъу, игъащIэм ямы­лъэгъуа фочыр къыIэщIалъхьэри, хъыджэбз IэмащIэлъэмащIитхур нэ­­мыцэ щIалэ 16-м япэщIоувэ. ­ЛIыгъэ къызыкъуахащ пщащэхэм, махуэ бжыгъэкIи заIыгъащ я старшинар я пашэу. ХэкIыпIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэри къагъуэтурэ бийм пIалъэкIэ зыщахъумащ, щIэзы­лъэ­фэнкIэ хъуну псыпцIэ шынагъуэ- ми, къурагъ зырызыр яIыгъыу, пхыкI­ри, яхъумэн хуейуэ къалэн къыщащIа щIыпIэм я псэр щатащ. Гуузу. Зырызу. ГущIэгъуншэу.
ЕкIущ, зэчиифIэщ зи гугъу ­сщIы ролхэр зыгъэзащIэ ди актёр ныбжьыщIэхэр. Ауэ сигу нэмыса зы Iуэхугъуэ сыкъытеувыIэну сфIэи­гъуэщ. Пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ ящыщ зыбжанэм яIурылъ адыгэбзэр зэрыныкъуэм я зэчийр фагъуэ зэрыщIэхъукIым гу лъыстащ. Уеблэмэ, урыс акцент яIэу театрым адыгэбзэм щрипсалъэхэр щы­зэхэпхкIэ, лъэпкъыр щIэгузавэ ­анэ­дэлъхубзэр кIуэдыжыпIэ зэри­хуам нэхъри урегъэгупсыс. «Адыгэ­бзэ ныкъуэр» театр утыкум ­къы­­щыса­кIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм сыткIэ уазэрыщыгугъыжынур, лъэп­къым и къэкIуэнум дауэ узэрыщыгуфIы­кIынур?! Лъэпкъ ­театрыр, псом япэрауэ, анэдэлъ­хубзэ къабзэ къыщыIун хуей IуэхущIапIэщ, театреплъыр щIекIуа­лIэри, адыгэбзэ шэрыуэ щызэхи-хын щхьэкIэщ. Къалэм дэсщ зи ­гугъу сщIы актёр щIалэхэр, къалащ­хьэм щеджащ, ауэ илъэс зыбжанэ хъуауэ къагъэзэжауэ адыгэбзэкIэ мэлажьэ. И чэзу мыхъуауэ пIэрэ, актёр пажэхэм щапхъэ трахыу я бзэр къабзэ ящIыну?!
«А зори здесь тихие…». Мыбы тхылъуи деджащ, фильмуи де­плъащ. Пэжыр жысIэнщи, Адыгэ ­театрым и утыкум зэрыщекIуэ­кIынур нэгум къыщIэгъэхьэгъуейт, ар тхылъми фильмми ефIэкIыну сыхуейт, адыгэбзэкIэ къызэрыIунуми фIы гуэрым сыпигъаплъэрт. ГухэлъкIэ, гурыщIэкIэ, гугъуехькIэ, гузэ­вэгъуэкIэ, гумащIагъэкIэ, гуп­цIа­нагъэкIэ, гулъытэкIэ, гуапагъэ­кIэ гъэнщIа тхыгъэм спектакль гу­нэс къызэрыхащIыкIам театреплъ­хэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Ягъэ­лъэпIащ спектакль нэужьым сце­нэм къытехьэжа актёрхэр. Ари зы теплъэгъуэ щхьэхуэт. Апхуэдиз зы гугъуагъ образхэм ита актёр-          хэм  я нэгур зэхэуфат, я нэпсыр нэкIум тегъущхьатэкъым, я гум хыхьауэ зэрыджэгуар я фэм къигъэлъагъуэу ди пащхьэ къиуват.
Я нэпсыр щIалъэщIыкIрэ актёрхэм я утыку итыкIам тепсэлъыхьыжу зэбгрыкIыжащ цIыхухэр. А псоми къыбжаIэрт мыр театрым и репер- туарым хэтын зэрыхуейр. Абы еп­лъын хуейщ курыт еджапIэм и класс нэхъыжьхэм щIэс ныбжьы­щIэхэр. ГъащIэм, лъагъуныгъэм, Хэкум, хэ­куп­сагъэм, пэжыгъэм, хахуагъэм ­теухуа теплъэгъуэу хэтхэмрэ дерсу къы­хэп­хымрэ уасэн­шэщ.
Тхыгъэр гугъуми, спектаклыр ­къайхъулIащ. Хэку зауэшхуэм ­теухуа произведенэхэм ящыщу нэхъыфI дыдэу къалъытэ тхыгъэм къытращIыкIа спектакль адыгэбзэкIэ зэ­реплъам ягу хигъэхъуащ театреплъхэм икIи щIэщыгъуэ ящыхъуащ.

НэщIэпыджэ Замирэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.