ЛIыхъужьхэм я пщIэр кIуэдыркъым

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Правительствэм и Унэм мазаем и 23-м гъуфIэгъуэ зэIущIэ щекIуэкIащ. Хэку зауэшхуэм хэтахэм я Iыхь­лыхэм иратыжащ зауэлI­хэм къыхуагъэфэщауэ щыта, ауэ яIэрымыхьэжа орденхэмрэ медалхэмрэ щыхьэт техъуэ тхылъхэр.
Апхуэдэхэр къэху­тэжы­ным илъэс зыбжанэ хъуауэ лэжьыгъэшхуэ ирахьэлIэ КъБР-м щыIэ къэрал налог IэнатIэм и налог инспектор нэхъыщхьэ Нэхущ Iэдэмрэ абы ипхъу КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ институтым и магистратурэм и япэ курсым щеджэ Дианэрэ.
ГъуфIэгъуэ зэIущIэр къы­зэIузыха КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ехъуэхъуащ къэралым и шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщхэм я махуэмкIэ.
-Урысейм IэщэкIэ Зэ­щIэ­у­зэда и Къарухэм и ветеранхэмрэ нобэ я къалэн ягъэзащIэу ди Хэкур зыхъумэхэмрэ фIыщIэ ин яхузощI, - захуигъэзащ къызэхуэсахэм ­КъБР-м и Iэтащхьэм. - Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэщ ветеранхэр, фэеплъ мыухыж яхуэфащэщ къэ­ралым и щхьэхуитыныгъэр хъумэным зи гъащIэр щIэ­зытахэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Хэку зауэшхуэм я псэр щатащ цIыху мин 40-м нэблагъэм. Си фIэщ мэхъу, къыдэкIуэтей щIэблэм ахэр я щапхъэу зэрыщытынур. Нобэ мы пэшым щыттыжынущ Хэку зауэшхуэм хэтахэм яIэры­мыхьэжа орденхэмрэ медалхэмрэ щыхьэт техъуэ тхылъ­хэр. Ди жагъуэ зэ­рыхъущи, абыхэм ящыщ куэ­дыр щыгъуэзэну хунэсакъым къэралым къахуищIа пщIэ лъагэм. Иужьрей илъэсхэм къриубыдэу ди деж лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI зауэм и лIыхъужьхэм я цIэр къэIэтыжыным теухуауэ. Дэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым абыхэм я цIэр фэеплъ мыу­жьыжу ди тхыдэм хэтхэжа хъуным ехьэлIауэ.
Псори зэхэту зэIущIэм щатыжащ дамыгъи 100-м щы­хьэт техъуэ тхылъхэр. Абыхэм яхэтщ Бэракъ Плъыжь орденым, I нагъыщэ зиIэ ­Хэку зауэшхуэм и орденым, Вагъуэ Плъыжь орденым, «И хахуагъэм папщIэ», «Ста­линград зэрахъумам папщIэ», «Ленинград зэрахъумам папщIэ», «Кавказыр зэрахъумам папщIэ», «Совет Заполярьер зэрахъумам папщIэ», «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэры­щы­текIуам папщIэ» медалхэм я удостоверенэхэр. А тыгъэ лъапIэ­хэр иджы фэеплъу къахуонэ зыхуагъэфэщауэ щытахэм я щIэблэм.
ЗэIущIэм кърагъэблэгъат лIыхъужьхэм я бынхэр, ­къуэ­рылъху-пхъурылъхухэр. «Ста­линград зэрахъумам папщIэ» медалыр зыхуа­гъэфэщауэ щыта лейтенант нэхъыжь Лыджыдэ Джабар и дэфтэрыр къратыжащ абы и къуэ Владимир, «Сталинград зэрахъумам пап­щIэ», «Кавказыр зэрахъумам папщIэ» медалхэр зыхуагъэ­фэщауэ щыта зауэлI ЛIуп Данил и дэфтэрхэр къы­Iэ­рыхьэжащ абы и къуэ Нурхьэлий, нэгъуэщIхэми.
Къэхутэныгъэ лэжьыгъэ­хэр егъэкIуэкIын щы­щIадза 2015 гъэм и мазае лъандэрэ Хэкум и хъумакIуэ 250-м щIигъум я кIуэдыкIар наIуэ ящIащ. КъищынэмыщIауэ, къэрал тыгъэ 312-рэ къахутэжри, сэлэтхэм я уна­гъуэхэм Iэрагъэхьэжащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Пар­ламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI ­Мусуков Алий, Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэ­къуауэ Тимур, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Къэ­бэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Му­хьэ­мэд, Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур сымэ.
ГуфIэгъуэ зэIущIэм и кIэухыу кърихьэлIахэм фэеплъ сурэт зытрагъэхащ.

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.