Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2021 гъэм и щIымахуэ чемпионатым щIышылэм и 3-м щIидзащ. Абы хэтхэм, нэгъабэ елъытауэ, зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ягъуэтащ.
БлэкIа зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыубыда Прохладнэ и «ГорИС-179 РусГидро»-мрэ езыр хуейуэ зэпеуэм хэкIыжахэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетымрэ Сэрмакъ и «Союз» командэхэмрэ я пIэкIэ гуп нэхъыщхьэм хагъэхьащ Старэ Шэрэдж къуажэм и «Шэрэджыр» Налшык и «Маисэмрэ» «Ансарымрэ», я жылэм и цIэр зезыхьэ «Шэджэм-2»-р. ЗэIущIэхэр псори, иужь илъэсхэм хабзэ зэрыхъуауэ, щокIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм дэт «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием и стадионым.
Мы гъэр къызэрихьэрэ джэгугъуищ зэхэтащ. Нэгъаби хуэдэу, зэпеуэм занщIэу бжьыпэр щиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIымахуэ чемпион Бахъсэн и «Автозапчасть»-м. Абы и закъуэщ пэщIэдзэ зэIущIищми зи хьэрхуэрэгъухэр щыхэзыгъэщIэфар.
Дыжьын медалхэр зыIэрызыгъэхьауэ щыта «Кэнжэм» хуэмыхуу иригъэжьащ. Япэ джэгугъуитIым къыщыхагъэщIа иужькIэщ ар щытекIуэфар.
Хъарзынэу щIидзащ Налшык и «Спартак-Д»-м и щIалэщIэхэм. ЗэрымыщIэкIэ «Ансар»-м очкоитI фIимыгъэкIуэдатэмэ, ар бахъсэндэсхэм япэхъунут.
ТекIуэныгъэм и IэфIагъыр иджыри къэс зыхащIакъым «Бабугент»-м, «Ансар»-м, «Шэджэм-2»-м. аращ ахэр иужь дыдэ увыпIэхэм къыщIыщыхутари.
АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ 2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатым и пэщIэдзэ зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: япэ джэгугъуэ - «Автозапчасть» (Бахъсэн) – «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) - 2:1, «Кэнжэ» (Кэнжэ) - «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) - 0:1, «Мурбек» (Налшык) - «Ислъэмей» (Ислъэмей) - 1:0, «КъБКъУ» (Налшык) - «Ансар» (Налшык) - 5:4, «Бабугент» (Бабугент) - «Шагъдий» (Зеикъуэ) - 2:2, «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) - «Маисэ» (Налшык) - 2:1, «Спартак-Д» (Налшык) - «Малка» (Малкэ) - 4:1, «Тэрч» (Тэрч) - «Инал» (Къэрэгъэш) - 1:1; етIуанэ джэгугъуэ - «Маисэ» - «Бабугент» - 4:1, «Шэджэм-2» - «Шагъдий» - 0:0, «Шэрэдж» - «Мурбек» - 2:4, «Ансар» - «Спартак-Д» - 1:1, «Инал» - «КъБКъУ» - 3:I, «Малка» - «ХьэтIохъущыкъуей» - 2:0, «Автозапчасть» - «Кэнжэ» - 4:1, «Ислъэмей» - «Тэрч» - 0:4; ещанэ джэгугъуэ - «ХьэтIохъущыкъуей» - «Ансар» - 2:1, «Тэрч» - «Шэрэдж» - 0:1, «Мурбек» - «Автозапчасть» - 0:1, «КъБКъУ» - «Ислъэмей» - 0:2, «Спартак-Д» - «Инал» - 1:0, «Шагъдий» - «Маисэ» - 4:0, «Кэнжэ» - «Шэджэм-2» - 4:0, «Бабугент» - «Малка» - 2:2.