КIуэкIуэ Казбек яIущIащ республикэм и Правительствэм хэтхэм

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва зэрыщыIам кърикIуахэм ятеухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и ми­нистр ДыщэкI А. З., КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ А. Къ.

Нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьар ды­зытехьа илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэр щыухуэным, егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхухэрщ.
КIуэкIуэ Казбек къулыкъущIэхэм пщэ­рылъ зыбжанэ яхуищIащ щIыналъэр зи гугъу ящIа унэтIыныгъэхэм къыщы­халъхьэ къэрал программэщIэхэм хэты­нымкIэ щыIэ Iэмалхэм хэплъэну.
Тхьэмахуэ зэхуаку кIуам КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыIащ икIи къэралым и министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я унафэщIхэм епсэлъылIащ щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ унэтIыныгъэхэм ятеухуауэ. Къапщтэмэ, республикэм и Iэтащхьэр IущIащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Кравцов Сергей, УФ-м транспортымкIэ и министрым и къуэдзэ - къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Костюк Андрей.
ЗэIущIэхэм щытепсэлъыхьащ 2020 гъэм лъэпкъ проектхэр щIыналъэм гъэ­зэщIа зэрыщыхъуа щIыкIэхэм, транспорт, гъуэгу ухуэныгъэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм щIыналъэм адэкIи зыщегъэужьыным ехьэлIа къалэнхэм.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.