|
Iуащхьэмахуэ и щыгухэм ящыщ зым гъуэгущIэ къыщызэIуах
29 декабря, 2020 - 07:05
IэшанэкIэ укъыщежэх хъун гъуэгущIэ иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ и щыгухэм ящыщ зым къыщызэIуахащ. Хым елъытауэ метри 3455-кIэ нэхъ лъагэ Гарабаши бгыщхьэм къыщежьэу зызыукъуэдий а гъуэгум и кIыхьагъыр метр 1500-м ноблагъэ. Бгым ит мыпхуэдэ гъуэгу лIэужьыгъуэхэр къэгъэшыпIэ-гъэзапIэу яIэмрэ шынагъэу пылъымкIэ зэщхьэщокI. Иджыри къыздэсым Iуащхьэмахуэ куэщIым иращIыхьа мыпхуэдэ къежэхыпIэхэм «дамыгъэ щIыхур» тедзарэ ахэр къызэрыгуэкIыу къалъытэу щытамэ, иджы къызэIуахар нэхъ гугъуу, гъэзапIэу иIэхэри, къелъапIэу зыпхыкIхэри нэхъыбэщ, «дамыгъэ плъыжькIи» къыхагъэщхьэхукI.
Гъуэгур тралъхьэн щыщIадзар гъэмахуэращ, яухыну щытраухуа пIалъэм, зыплъыхьакIуэхэмрэ бгым IэшанэкIэ къежэхыну зыфIэфIхэмрэ уэру къыщызэхуэс зэманым, зэрехъулIар жыIэн хуейщ. Лэжьыгъэхэр хьэлъэ зыщIыр бгыщIэкIхэр пхышын, абыхэм я щабагъ-быдагъыр къэлъытэн, а гъуэгум иIэн хуей шынагъэншагъэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи зэпэшэчэн зэрыхуейрат. Я пащхьэ къралъхьа къалэным гъуэгуухуэхэр пэлъэщащ, лэжьыгъэри игъуэм кърахьэлIащ. КъинэмыщIауэ, уэсукхъуэр гъуэгум къытемыхьэу лъэныкъуэкIэ зыIуэнтIэн лъэпощхьэпохэри зэрыхуащIари къыхэгъэщын хуейщ.
Гъуэгур щаутIыпщым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Бабич Михаил, IэшанэкIэ бгылъэ щIыпIэхэм къежэхын зыфIэфI щIалэгъуалэр, нэгъуэщI куэди.
Iуэху екIуэкIым щытепсэлъыхьым, Бабич Михаил къыхигъэщащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я Правительствэхэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм курортым зыщегъэужьыным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа проектыр къызэращтар, абы хухаха сом мелардиблыр Iуэхум занщIэу зэрыхуаутIыпщынур. ЗэIущIэм къызэхуэсахэм Бабич гу лъаригъэтащ, къапэщылъ планым ипкъ иткIэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм къыщаIэтыну лэжьыгъэхэр илъэсищым и кIуэцIкIэ зэфIахыну зэрамурадыр, «Приют-11» жыхуиIэ лъагапIэми зэрынэсынур, курортыр зэпымыууэ илъэс хъурейкIэ лажьэу яутIыпщыну зэрагъэпсыр.
Апхуэдэу Бабич и гугъу ищIащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, Азау хуеймрэ абы и Iэхэлъахэмрэ, гулъытэ хэха зэрыхуащIынум, резидент щIыпIэу зэрагъэнэхуэнум.
«Абдеж хьэщIэщ зэтегъэпсыхьахэр къыщызэдгъэпэщыну, дунейпсо сервисым къыкIэрымыху зыгъэпсэхупIэхэр щыдухуэну, цIыхухэр зыхуей-зыхуэныкъуэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэзых IуэхущIапIэхэр къыщызэIутхыну ди гугъэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, - жиIащ Бабич Михаил, - курортыр къызэщIэIэта хъун папщIэ, и гуащIэ псор къызэрыкIыу утIыпща хъун щхьэкIэ, сервисыр уи нэIэ тетын, ар дунейпсо пщалъэм ешэлIэн хуейщ. Мыр къызэгъэпэща зэрыхъунум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэри дэри дытолажьэ. Аращ ищхьэкIэ зи гугъу сщIа резидент щIыпIэр теплъэкъукI имыIэу иджырей стандартхэм хуэгъэкIуэныр зи щыпэ зэфIэх къалэну къыщIэтлъытэр. Апхуэдэу щыт пэтми, мы Iуэхум лантIагъ гуэр хэмылъу зэрымыхъунури фIыуэ къыдгуроIуэ. Мы щIыпIэм лэжьыгъэ щызиIэ хьэрычэтыщIэхэм я гъуэгу зэпыдмыупщIу, абыхэми дэри зэхуэдэу ди фейдэ зыхэлъ Iуэхугъуэхэри зэдэдгъэкIыу дыщытын хуейщ. Мыр пщэрылъышхуэщ. Хэт хуейми, абы мыбдеж лэжьыгъэ щигъуэту, а Iэмалыр абы дэри къахузэдгъэпэщыпхъэщ».
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и псалъэм къыхэщащ туризмэм зиужьыныр зэфIэхын хуей къалэн нэхъыщхьэу къапэщылъхэм зэращыщыр. «ЩIыналъэм и щIыуэпс щытыкIэм Iэмал къыдет курортым зедгъэужьыпхъэщ жытIэ къудей мыхъуу, абы зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэным дегупсысыныр, я тыншыгъуэмрэ зэIузэпэщагъым дытелэжьэныр. Дэ ди мурадщ илъэсым и кIуэцIкIэ мыбы къакIуэ туристхэм я бжыгъэр мелуан щитIым нэдгъэсыну. Iуащхьэмахуэ - ди щIыналъэм и налкъутналмэсщ, щыпсэу лъэпкъхэм я хъугъуэфIыгъуэщ. Нобэ нэрылъагъуу ди нэгу щIокI Iуащхьэмахуэ курортым и зыужьыныгъэм мылъку зэрыхалъхьэр, ахэр егъэфIэкIуапхъэхэрэ зэфIэхыпхъэу щыIэм зэрырахьэлIэр. Иджыпсту Бабич Михаил и гъусэу къызэIутх мы гъуэгур мы илъэсым Iэмалыншэу зэфIэхын хуейуэ щыту планым ит зы Iуэхугъуэти, ар къетхьэлIащ, дяпэкIи нэхъыбэж къытпэщылъщ. Къызэрыхагъэщащи, резидент щIыпIэм и зэгъэпэщыным турист нэхъыбэ къешэлIа зэрыхъунум и гъуэгухэр нэхъ зэIубз ищIынущ. ФIэкIыпIэ имы-Iэу дызытелэжьэнухэм ар ящыщщ. Ди щIыналъэм щызэрагъэкIуэкI икIи къыщыщIагъэкI хъугъуэфIыгъуэр (РВП) нобэкIэ зы процент хъумэ, ди мурадхэм япкъ иткIэ а бжыгъэр процентищым нэдгъэсыну тыдоухуэ».
Гарабаши щыгум щыпхаша гъуэгур, сыт хуэдизу дунейр мыжьапщэми, гукъыдэжрэ Iэгуауэшхуэм щIэту КIуэкIуэ Казбекрэ Бабич Михаилрэ къызэIуахащ, лентI плъыжьыр зэпаупщIри.
|
13.09.2024 - 12:35 Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий. |
|
13.09.2024 - 09:25 Сабий усакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Хьэщыкъуей Олег и IэдакъэщIэкIхэр щIэщыгъуэщ, зэгъэщIэгъуафIэщ, удэзыхьэхщ. Абыхэм ящIэлъщ анэдэлъхубзэм и IэфIи, сабийхэр дехьэх. |
|
13.09.2024 - 09:05 Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий. |
|
13.09.2024 - 08:10 ФокIадэм и 11-р ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондыр къыщызэрагъэпэща махуэщ. |
|
12.09.2024 - 13:25 Километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр шыхэмкIэ зэпычынымкIэ махуитху зэхьэзэхуэ Къэзахъстаным иджыблагъэ щекIуэкIащ. |
|