Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ сессиер зэрызэхуащIыж зэхуэсым.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэр, щIыналъэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ - КъБР-м къыбгъэдэкIыу ФедерацэмкIэ Советым хэт Ульбашев Мухьэрбий, КъБР-м и лIыкIуэу Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, министерствэхэмрэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэмрэ я унафэщIхэр, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советхэм, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
«2020 гъэр и кIэм ноблагъэ. КъызэрымыкIуэу гугъуу щытащ мы илъэсыр, иджырей тхыдэм къыщымыхъуа шынагъуэм, гъэунэхуныгъэм, цIыхухэм я узыншагъэмрэ гъащIэмрэ зэлъытахэм, дыщыIууащ абы - коронавирус узыфэ лIэужьыгъуэщIэм и пандемием дыIуигъэуващ. Аращ республикэм и Парламентым и мыгъэрей иужьрей зэIущIэм сыхэтын, зэфIэдгъэкIахэм щыгъуазэ фысщIын хуейуэ, мы утыкур къэзгъэсэбэпу, эпидемием дебэныным хуэунэтIауэ дызэгъусэу зэдгъэхъулIахэм, илъэс икIым зэрыщыту дызыхунэсахэм я гугъу сщIыуэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэм захуэзгъэзэныр нэхъ тэмэму къыщIэслъытар.
Узыфэ шынагъуэр къэралым къыщысым, Урысейм и Президентым занщIэу иубзыхуащ къалэн нэхъыщхьэр - Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я цIыхущхьэр, абыхэм я узыншагъэр хъумэн зэрыхуейм теухуар. ИкIи абы хуэунэтIауэ зэфIагъэкIа Iуэху псори (узыфIэкI мыхъуну ягъэува мардэхэри, социальнэ унэтIыныгъэ зиIэхэри) зытещIыхьар зыщ - Урысей Федерацэм и цIыхубэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэнырщ. Республикэм абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ щытыкIэр къэслъытэкIэрэ, сэ жызоIэ узыфэм къихь шынагъуэр зэрытхуэгъэмэщIар. Абы щхьэкIэ дэ, псом япэрауэ, фIыщIэ яхудощI узыншагъэр хъумэн IэнатIэм пэрытхэм. Ауэ «узыншагъэр хъумэн IэнатIэ» щыжытIэкIэ, ар егъэлеяуэ къущ хуэдэу мэхъу. Дэ ди гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхудощI ди дохутырхэм, медицинэ лэжьакIуэ псоми. Ахэращ IэнатIэ гугъум япэу пэрыувахэр икIи я пщэ далъхьэжащ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэнхэр, республикэм и цIыхухэр а узыфэм кърагъэлащ, ноби кърагъэл. Щхьэщэ яхудощI абыхэм я лэжьыгъэфIым папщIэ.
Абыхэм я Iэзагъэр здынэсыр, я лэжьыгъэм и мыхьэнэр кърибгъэлъэгъуэну зыщ схужыIэнур - ар Урысей Федерацэм и Президентым наIуэ къищIащ: республикэм щыщ дохутыру, медицинэ лэжьакIуэу, эпидемием пэщIэт IэщIагъэлIу 51-м къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр, республикэ дамыгъэхэр еттащ цIыху 36-м.
ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и гугъу щытщIкIэ, дэ нобэ жытIэфынущ, ар гъэунэхуныгъэхэм зэрыпхыкIыфар. Дэ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр псынщIэу хузэтедухуэфащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыным. КъыщIэзыдзэ пандемием нэхъри зиубгъункIэ зэрыхъунур къэтлъытэри, сымаджэщхэм гъуэлъыпIэу щIэдгъэуващ планкIэ къытхуагъэлъэгъуам нэхърэ нэхъыбэ. Нобэм ирихьэлIэу республикэм иIэщ а узыфэм пэщIэтыным хуэгъэпса гъуэлъыпIэ 1800-м щIигъу икIи ахэр IуэхущIапIэхэм къемэщIэкIыркъым.
Дэ, къэралыр къызэрыддэIэпыкъунум дыпэмыплъэу, республикэ мылъкукIэ а гъуэлъыпIэхэр къызэдгъэпэщащ хуей хъумэ, цIыхур зэрагъэбэуэн IэмэпсымэхэмкIэ. Псори зэхэту пIалъэ кIэщIым къриубыдэу кислород ирашэлIащ гъуэлъыпIэ 1204-м. Дэ тхузэфIэкIащ лабораторэ, узыфэр къызэрахутэ оборудованэхэр цIыхухэм тестхэр ирагъэтыным, КТ-къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыным хуэдгъэхьэзырын.
Госпиталхэр кислород, ИВЛ IэмэпсымэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным республикэ бюджетым щыщу сом мелуан 40,2-рэ хухэтхащ. ЦIыхухэм узыфэм зэрызыщахъумэ хьэпшыпхэр ирикъуу яIэным сом мелуан 19 тедгъэкIуэдащ.
Узыфэ нэхъ шынагъуэхэм щапэщIэт сымаджэщхэм папщIэ къэрал мылъкукIэ къащэхуащ медицинэ оборудованэ 1000 хуэдиз, псори зэхэту сом мелуан 748-рэ хуэзэу. Абыхэм яхэтщ рентген Iэмэпсымэу 10, УЗИ зэращIу 15, компьютер томографу 2, сенсор IэмалкIэ лажьэ хъыбарегъащIэ терминалу 2, бзийкIэ зэрыIэзэ Iэмэпсымэ, ИВЛ аппарату 61-рэ, НИВЛ-у 156-рэ.
Мы гъэм къащэхуащ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» IэнатIэм папщIэ автомобиль 28-рэ, абыхэм реанимобилу 11, дохутырхэр унэм щIэс сымаджэхэм зэралъэIэс автомобиль псынщIэу 24-рэ яхэту (16 нэгъабэ къэтщэхуащ бюджетым щымыщ мылъкукIэ).
«Узыншагъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу зэфIагъэкIахэм я фIыгъэкIэ хэпщIыкIыу ефIэкIуащ медицинэ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр, пандемием и лъэхъэнэм а лэжьыгъэр нэхъ щIэгъэхуэбжьа хъуащ. Эпидемиер иухмэ, а Iэмэпсымэхэр ди цIыхухэм яфI зыхэлъхэм хуэлэжьэнущ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ медицинэ IуэхущIапIэхэм егъэджэныгъэ IэнатIэм щызэфIагъэкIахэр: IэщIагъэлIхэр егъэджэным, зыхуэныкъуэ методикэкIэ ахэр къызэгъэпэщыным, ординаторхэр Iуэхум къыхэшэным ехьэлIа къалэнхэр псынщIэу зэфIагъэкIащ, госпиталхэр лэжьакIуэхэмкIэ и чэзум къызэрагъэпэщащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ COVID узыфэр зыпкърытхэу амбулаторнэу зэIэзэхэм хущхъуэхэр къахуэщэхун псом япэу щIэзыдза щIыналъэхэм. КъывгурыIуэн папщIэ: цIыхуитху хъу унагъуэм исхэм загъэхъужыным ику иту сом минипщIым къыщыщIэдзауэ нэхъыби трагъэкIуэдэн хуей хъунут. Узыфэр къыщежьам дэ республикэ бюджетым щыщу сом мелуан 25-рэ а Iуэхум хухэтхащ. ИужькIэ жэпуэгъуэм къэрал бюджетым щыщу сом мелуан 51-рэ къытхуаутIыпщащ COVID узыфэр зыпкърытхэу амбулаторнэу зэIэзэхэм ирахьэлIэн папщIэ.
Госпиталхэм лэжьэн щIадза нэужь абыхэм щыIэ дохутырхэм ахъшэ яхущIыгъуным теухуа лэжьыгъэр Урысей Федерацэм япэу щызэтезыухуа щIыналъэхэми ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Апхуэдэ мурадырщ зыхухахар республикэ бюджетым щыщ сом мелард ныкъуэ. Дэ а ахъшэхэр иджыри ядот, медицинэ лэжьакIуэхэм защIэгъэкъуэным къэралым мылъку зэрахухихынум теухуа унафэ щхьэхуэ къащта щхьэкIи къэдмыгъанэу. Ахъшэр адэкIи яттынущ, узым дытекIуэху ди дохутырхэм ди нэIэ ятетынущ, мылъкукIэ зэрызащIэдгъакъуэр, дазэрыдэIэпыкъур абыхэм зыхедгъащIэу. Медицинэ лэжьакIуэхэр я къалэн гугъухэр ягъэзэщIэным трагъэгушхуэн, я лъэр нэхъ жан ящIын мурадкIэ къэрал бюджетым сом мелард щыхухахащ.
Я лэжьыгъэр яуха нэужь медицинэ лэжьакIуэхэм тэмэму зегъэгъэпсэхужын папщIэ госпиталхэм къыщызэрагъэпэщат ахэр щхьэхуэу щыпсэу щIыпIэхэр, ерыскъырэ транспорткIи зыхуей хуэзэу. Апхуэдэ общежитхэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным республикэ бюджетым щыщу сом мелуани 112,5-рэ трагъэкIуэдащ. Зи унэхэр апхуэдэ Iуэхухэм хухэзыха хьэрычэтыщIэхэм фIыщIэ яхудощI.
Медицинэ IуэхущIапIэхэм (госпиталхэм) я лэжьыгъэр зэблэмыууэ зэтеухуауэ щытыным трагъэкIуэдэн папщIэ республикэ бюджетым къыхахащ сом мелуан 747-рэ. Къэрал бюджетым сом мелардитIкIэ зыкъытщIигъэкъуащ. Псори зэхэту сом меларди 2,8-рэ абы къыхуэдгъэсэбэпащ.
Дэ адэкIи едгъэфIэкIуэнущ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр. Фэ фыщыгъуазэщ цIыхухэм япэ дыдэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэным теухуа унафэ къызэрытщтам, абы мылъку зэрыхухэтхам. Дэ дегугъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и поликлиникэхэр зэпэщ тщIыным. Абы Iэмал къитынущ узыфэхэр хэмытIасэу къэхутэнымкIэ икIи ди мурад нэхъыщхьэм - дунейм ехыжхэм я бжыгъэр гъэмэщIэным, гъащIэм и кIыхьагъым хэгъэхъуэным - дынэсынымкIэ.
Эпидемиологие щытыкIэр къэтлъытэурэ, дызэрыт илъэсым куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ зэрызащIэдгъакъуэ Iэмалхэр. УнэтIыныгъэ псомкIи социальнэ ахъшэхэр иратащ апхуэдэ щIэгъэкъуэн хуэныкъуэу къалъытахэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым нэсу щагъэзэщIащ цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ ахъшэхэр етыным хуэунэтIауэ хабзэм ипкъ иткIэ я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр.
Къапщтэмэ, мылажьэ пенсионер мин 55-м я пенсэхэм хущIагъуащ социальнэ ахъшэхэр, къэрал, республикэ бюджетхэм къыхэкIыу а Iуэхум псори зэхэту хухахащ сом мелард 1,9-рэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэм щIатын хуей пщIэм пэмылъэщхэм абыкIи зыщIагъэкъуащ - сом мелуан 413-рэ абы хуаутIыпщащ.
ЦIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэн и лъэныкъуэкIэ гулъытэшхуэ хуащIащ сабий зиIэ унагъуэхэм ядэIэпыкъуным.
Сом меларди 4,5-м щIигъу хуаутIыпщащ илъэсищ - илъэсибл ныбжьхэм ит сабийхэм (ахъшэр яIэрыхьащ а ныбжьым къриубыдэ цIыкIу мин 63-м).
Япэ сабий къызыхэхъуа унагъуэхэм мазэ къэс защIэгъэкъуэным хуаутIыпщащ сом мелард 1,2-рэ.
ЕтIуанэ, абы къыкIэлъыкIуэ сабийхэм папщIэ унагъуэхэм иратащ сом мелуан 265-рэ.
Ди республикэ законодательствэм ипкъ иткIэ республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 265-кIэ зыщIагъэкъуащ сабий куэд щапI унагъуэхэм.
Илъэсищ иримыкъуа дэтхэнэ сабийми мазэ къэс сом минитху хуэзэу иратащ сом мелуан 514-рэ (сабий 34.800-м);
Илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэс 16 ныбжьым хиубыдэхэм сом мин тIощI-тIощI зэ тыгъуэу иратащ (сом мин пщIырыпщIурэ тIэунейрэ) - абы сом меларди 3,4-рэ текIуэдащ (сабий мини 186-м япэIэбащ).
Президентым «илъэсыщIэм ипэ къихуэ» и унафэм ипкъ иткIэ къалъхуагъащIэхэм къыщыщIэдзауэ илъэсибл ныбжьым къриубыдэхэм сом мин тхурытху яIэрыхьакIэщ, псори зэхэту сом мелуан 480-рэ текIуадэу (сабий мин 91-рэ ягъэгуфIащ).
КуэдкIэ хэхъуащ зэрылэжьапIэншэм къыхэкIыу цIыхухэм зэрадэIэпыкъу ахъшэми.
Къэралым щыяпэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым щIидзащ республикэ бюджетым щыщ ахъшэкIэ лэжьапIэншэхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIа Iуэхум. Апхуэдэ ахъшэхэр яIэрыхьащ цIыху 14900-м, 2020 гъэм и гъатхэпэм и 1 - мэлыжьыхьым и 30 пIалъэм къриубыдэу IэнатIэншэу къалъытахэм, зэрылэжьапIэншэм щхьэкIэ ахъшэ нэхъ мащIэ дыдэ зрату щытахэм. Абыхэм зэ тыгъуэу сом мин тхурытху яIэрыхьащ, псори зэхэту сом мелуан 75,2-рэ трагъэкIуадэу. Абы къикIыращи, республикэ бюджетым къыхэкIыу а цIыхухэм сом мин тхурытху хущIагъуащ. ЗэрыIэнатIэншэм щхьэкIэ цIыхум нэхъ мащIэ дыдэу ират ахъшэм иужькIэ хагъэхъуауэ щытащ къэрал унафэкIэ.
ЛэжьапIэншэхэм хухах социальнэ ахъшэу псори зэхэту мы илъэсым сом меларди 2-м щIигъу ятащ. Гъэ кIуахэм ар илъэсым хуэзэу сом мелуан 300 хуэдиз хъууэ щытауэ аращ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, дэIэпыкъуныгъэм хуэди 7-кIэ хэхъуащ.
Апхуэдэуи республикэм и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым къыхэкIыу хуэмыщIауэ псэухэм мы гъэм зыщIагъэкъуащ сом мелуан 12,5-кIэ (ахъшэр яIэрыхьащ цIыхуи 100-м щIигъум).
Псори зэхэту 2020 гъэм цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъуным трагъэкIуэдащ сом мелард 15-м щIигъу, ар хуэдиплIым нэскIэ нэхъыбэщ илъэс кIуам а Iуэхум хухахауэ щытам нэхърэ. Абы щыщу сом мелард 1,7-р республикэ бюджетым къыхахащ.
МылъкукIэ цIыхухэм зэрызащIэдгъэкъуам къыдэкIуэу, абыхэм икъукIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ яхуэхъуащ нэхъ хуэныкъуэхэм ерыскъыпхъэхэр зэрыхуашари. Зи ныбжьыр илъэс 65-м щIигъуахэмрэ щытыкIэ гугъу къихутахэмрэ ерыскъыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрылъ хъуржын мин 30-м щIигъу хуашащ, «Дэ дызэщIыгъущ» Урысейпсо акцэм хыхьэу. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ мин 45-м щIигъу ягуэшащ ди хьэрычэтыщIэхэм. Мыбдежым къыщыхэзгъэщыну сыхуейт мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэри, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытым- рэ хэтхэри, зи щхьэ хуэлэжьэжхэри, цIыху къызэрыгуэкIхэри а Iуэхум жыджэру зэрыхэтар.
Ди волонтёрхэм, хьэрычэтыщIэхэм фIыщIэ яхузощI псапащIэ Iуэхухэр зэрырагъэкIуэкIым, дэхуэхахэм защIэгъэкъуэным зэрымыхуэгунэфым папщIэ. СощIэ а лэжьыгъэм Парламентым и депутат куэди зэрыхэтар. ФIыщIэ фхузощI.
Медицинэ IэнатIэ Iутхэм ятещIа гугъуехьхэм хуэдэ зыхащIащ соци-альнэ лэжьакIуэхэми. Ар къэлъыта-уэ, социальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэу жэщ-махуэ ямыIэу я IэнатIэхэм пэрытахэм я лэжьыгъэм тезыгъэгушхуэ ахъшэхэр иратащ, псори зэхэту сом мелуан 63,8-рэ хъууэ.
Ныбжьэгъухэ, щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ебэныным теухуауэ республикэ бюджетым къалэну иIахэр гъэзэщIэным мы гъэм сом меларди 3,2-рэ зэрытрагъэкIуэдар, абы щыщу къэрал бюджетым къиутIыпщащ сом мелардитIым щIигъу, сом зы мелардыр республикэ бюджетым къыхэкIащ.
Дэ, дауи, тщIэрт узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъур республикэм и экономикэм зэрегуэуэнур. Мыбдежым мыхьэнэшхуэ яIащ депутатхэм. Мардэ актхэр гъэхьэзырыным теухуа лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ Парламентым, абы и фIыгъэкIи дэ и чэзум защIэдгъэкъуэфащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ. Дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэ пщIондэ республикэ бюджетым къыхэкI мылъкукIэ зыщIагъэкъуащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хыхьэ IуэхущIапIэхэу пандемием и зэманым хэщIыныгъэ нэхъыбэ зыгъуэтахэм - абыхэм субсидиеу сом мелуан 21,3-рэ иратащ. Къэрал бюджетым къыхэкI апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ папщIэу иратащ сом мелуан 231,6-рэ. Псори зэхэту сом мелуан 252,9-рэ. НалогкIэ худачыхащ (налог ставкэхэр хуагъэмащIэу, ар ирамыгъэту, ахъшэр щатын хуей пIалъэр хуагъэIэпхъуэу) хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинрэ курыт-рэ зыгъэлажьэу минийм, псори зэхэ-ту абыхэм сом мелуани 126,6-кIэ зыщIагъэкъуащ.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу щытащ IэмалыншагъэкIэ ягъэува мардэхэм иту Iуэхухэр дэгъэкIынымрэ экономикэм зэпIэзэрыту зегъэужьынымрэ хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэдегъэкIуэкIыныр.
КъызэтемыувыIэу лэжьащ республикэм и экономикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэу мэкъумэш хозяйствэр, промышленностыр, ухуэныгъэр. Мы илъэсым къыдэкIуа гугъуехь псом щхьэкIи къэмынэу, властым и органхэм я лэжьыгъэр зэтеухуа хъуащ пандемием къишэ гугъуехьхэр зэфIэгъэкIыным хуэгъэпсауэ икIи абы къыдэкIуэу социаль- но-экономикэ IэнатIэм ущIэгузэвэн зэфIэмыхьэныгъэхэр къыщыхъуакъым, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм заужьыныр къызэпыуда хъуакъым.
Валовэ щIыналъэ продуктым (ВРП) 2020 гъэм хуэзэр сом меларди 154,8-рэ хъуну къалъытэ, е 2019 гъэм ебгъапщэмэ, проценти 101,5-м нэсыну.
Промышленностым къыщIигъэкIыр проценти 110,3-рэ хъунущ. Мэкъумэш IэнатIэм къыщыщIагъэкIыр, зэкIэ къызэралъытамкIэ, проценти 105,9-м нэсынущ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр илъэс кIуам къайхъулIам и проценти 101-рэ хъунущ.
Зэи къэмыхъуауэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ гъуэгухэр ухуэным. Объекти 103-м елэжьащ, абыхэм ящыщу 93-р щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгуу, 10-р Налшык къалэм и уэ-рам гъуэгухэу. «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ мардэм изагъэу илъэсым и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIа лэжьыгъэм хуэзащ сом меларди 2,1-рэ.
КъэкIуэну зэманым и гугъу щытщIкIэ сабийхэм датопсэлъыхь. Абыхэм папщIэ дэ тщIэнущ ахэр зыхуейм нэхърэ нэхъыбэ. Нобэ ар тхузэфIокI. 2020 гъэ къудейм духуащ ныбжьы-щIэ 750-рэ зыщIэхуэну курыт школитI, зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм иджыри нэмыса цIыкIу минитIым щакIэлъыплъыну IуэхущIапIэ 31-рэ, физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексу 4, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэщIа щIыпIэ 25-рэ.
Ику иту цIыхухэм къахь улахуэм теухуа Iуэхум утепсэлъыхьыныр тыншкъым. Абы сыт щыгъуи зэпэщIэуэныгъэхэр къыхокI. Сэ сыхуейт республикэм щыпсэухэм зэхащIыкIыну мыбдежым зи гугъу щытщIыр. Ар статистикэщ. Пэжщ, дэ псоми дощIэ медицинэ лэжьакIуэ нэхъыщIэ жыхуэтIэхэр ставкэ ныкъуэкIэ е зы ставкэкIэ зэрылажьэр, абыхэм я улахуэм ехьэлIа бжыгъэхэр куэдкIэ зэрынэхъ мащIэр. Ауэ дэ зи гугъу тщIыр ику ит статистикэ бжыгъэхэрщ. ЗэкIэ къызэратамкIэ, 2020 гъэм улахуэр ику иту сом 29390-рэ хъунущ икIи ар илъэс кIуам щыIам елъытауэ проценти 7-кIэ нэхъыбэнущ. Уасэхэм зэрыхэхъуар къэплъытэми, лэжьапщIэр проценти 3,2-кIэ хэхъуэнущ.
2020 гъэм и бюджет зэхэтыр, зэкIэ къызэралъытэмкIэ, сом мелард 55,2-рэ хъунущ. Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ 2018 гъэм и кIэм ар сом мелард 34-рэ фIэкIа зэрымыхъуар. Мыбдежми, нэхъ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ - а ахъшэр проектышхуэхэр пхыгъэкIыным текIуэдауэ аракъым. Ар социальнэ къалэнхэр гъэзэщIэным къыхуагъэсэбэпащ, икIи а къалэнхэр ягъэзэщIащ, ахъшэр Урысей Федерацэм и цIыхухэм хухахащ. Ди бюджетыр къапщтэмэ, а мылъкур Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм трагъэкIуэдащ, абыхэм зыщIагъэкъуащ. А мылъкур экономикэм халъхьауэ аращ.
Нобэ фэ бюджетым фыхэплъащ, КъБР-м и Правительствэм къыхилъхьа жэрдэмхэр дэфIыгъащ, сом мелард хуэдиз зэрыхущыщIэнур абы къыщыгъэлъэгъуа пэтми. Ди лэжьэгъухэ, жысIэну сыхуейщ фэ IэщIагъэлI нэсу фызэрыщытыр икIи Iуэхур зыIутыр къызэрывгурыIуэр, ауэ псоми зэхащIыкIын папщIэ жысIэнщи, ар сом зы мелард зыщIыпIэ деж щытхэщIу аракъым. А зы мелардым щыщу сом мелуан 870-р тедгъэкIуэдэнущ къэрал щIыхуэхэр пшыныжыным. ФщIэжу щытмэ, 2018 гъэм ар сом мелард 12 хъууэ щытащ. 2020 гъэр доух щIыхуэу меларди 8 фIэкIа ттемылъыжу. Дэ ФинансхэмкIэ министерствэм худиIэ зэгурыIуэныгъэ псори догъэзащIэ, псоми дыпхокI. Сэ шэч къытесхьэркъым ди Правитель-ствэр фIыуэ зэрылэжьам икIи дэ 2021 гъэми а къэрал щIыхуэм хэдгъэхъуэнкъым.
Ди лэжьэгъухэ, сыт хуэдэ гугъуехь дыIумыуами, дэ ди къалэнщ къэкIуэнум дегупсысыну.
Нэхъыщхьэу къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, гугъуехьхэм дапэлъэщын щIытхузэфIэкIар жылагъуэр зэкъуэтщи аращ. Ар властымрэ жылагъуэмрэ, жылагъуэмрэ хьэрычэт IэнатIэмрэ я зэкъуэтыныгъэщ. Сэ шэч къытесхьэркъым, дэ дызэгъусэху, дызэкъуэтыху, ди гъуэгум дызыщыIууэ сыт хуэдэ лъэпощхьэпори къызэрызэднэкIыфынум. Сэ сыхуейщ псори дызэдегугъуу ди цIыхубэм я фIэщ тщIыну адэкIэ нэхъыфIыжу дызэрыпсэунур.
Жылагъуэ зэкъуэтыныгъэр шэч къызытумыхьэжын фIыгъуэщ. Зэкъуэтыныгъэм Iэмал къыдитащ мы илъэсым и гугъуехьхэр къызэднэкIынымкIэ, къэкIуэну зэманым и ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэу щытынури аращ.
Ди къалэныр зыужьыныгъэр щIэдгъэхуэбжьэнырщ, ар щIэужьыхэныр, и пIэм иуджыхьыныр, жылагъуэм щыIэ щытыкIэр екIэкIуэныр, «дыпэплъэнщ» щытыкIэм иувэныр къэдгъэхъункIэ Iэмал иIэкъым.
Жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, абы и жыджэрагъым хэгъэхъуэнымкIэ, гъащIэм зэреплъыр унэтIынымкIэ, цIыхубэмрэ къэрал властым и органхэмрэ яку зэпыщIэныгъэ быдэ дэлъынымкIэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ депутатхэм.
ДызыхуэкIуэ илъэсипщIым дыIууэнкIэ хъунущ гъэунэхупIэ зыбжа-нэм, абыхэм яхэтынущ мардэ гуэрхэм дизыгъэувэхэри зыдужьынымкIэ IэмалыщIэхэр къыдэзытынухэри: демографие и лъэныкъуэкIэ дызытегузэвыхьынухэри, дунейпсо, урысей экономикэхэм къыщыхъуну зэхъуэкIыныгъэхэри.
«Ковидым иужькIэ» дунейр нэгъуэщIу къыщIидзынущ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэнур къэлъагъуным, абыхэм тэмэму хэзэгъэным.
ИкъукIэ къэпщытэныгъэшхуэу щытынущ технологием ехьэлIар. Дэ абы жэуапу еттын хуейр бжыгъэр зи лъабжьэ, щIэм тет Iэмалхэм дазэрыхуэкIуэнурщ. ГъэунэхупIэу щытынущ цIыхур псэун папщIэ тыншыпIэ псори иIэнымрэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ хуэунэтIа Iуэхухэр, щIыуэпсым ехьэлIа гугъуехьхэри къыкъуэкIынущ. Къалэн нэхъыщхьэу мыбдежым щытынур социальнэ захуагъэ щыIэнырщ, тхьэмыщкIагъэм хэту псэухэм ятелъ гугъуехьхэр гъэмэщIэнырщ.
Урысейм и зыужьыныгъэм ехьэлIа мурадхэр Президентым иубзыхуащ икIи Къэрал Советым и зэIущIэм наIуэ къыщищIащ: цIыхухэр, абыхэм я узыншагъэмрэ зэIузэпэщ псэукIэмрэ хъумэныр; дэтхэнэми зыхуэIэкIуэлъакIуэр, и зэчийр наIуэ къищIынымкIэ Iэмал етыныр; цIыхур псэун папщIэ сыткIи зыхуей хуэзэу, шынагъуэншэу щытыныр; лэжьыгъэфI иIэнымрэ фейдэ къызыпэкIуэ хьэрычэт IэнатIэрэ игъуэтыныр; бжыгъэм ехьэлIа зэхъуэкIыныгъэхэр къэгъэщхьэпэныр.
ЗэрытлъагъумкIэ, къэралым уна-фэ хуэщIын IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэкIэлъэкIуэу щокIуэкI.
Унафэ къащтэнымкIэ я хуитыныгъэхэм къазэрыхэхъуэм къыдэкIуэу жэуаплыныгъэшхуи я пщэ къыдэхуэнущ щIыналъэхэм щыIэ къулыкъущIапIэхэм. А Iэмалхэр тэмэму, нэсу къагъэсэбэпыфуи щытын хуейщ, мыбдежми мыхьэнэшхуэ иIэнущ республикэм и Парламентми.
Мы гъэм, мардэ пыухыкIахэм дыщытет зэманым, Парламентым хузэфIэкIащ шэщIауэ лэжьэну, щытыкIэм и нэIэ тетрэ къэув къалэныщIэхэм и чэзум унафэ трищIыхьыну.
Депутатхэм псынщIэу къащтащ Правительствэм къыхилъхьа мардэ-хабзэ, законубзыху актхэр, экономикэр лэжьэным, бизнесым, сабий зиIэ унагъуэхэм, пенсионерхэм, социальнэ хьэлъэр нэхъ зытещIэ цIыхухэм защIэгъэкъуэным хуэгъэпсахэр. ФIыщIэ фхузощI фи лэжьыгъэм папщIэ.
АдэкIи дылэжьэнщ, псынщIэу, зэпэлъытауэ унафэхэр къатщтэу, дызыхуей лъагапIэхэм дылъэIэсу».
КъБР-м и Парламентым и Уна-фэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и Iэтащхьэм депутат псоми къабгъэдэкIыу фIыщIэ хуищIащ республикэр коронавирус узыфэ зэрыцIа- лэ лIэужьыгъуэщIэм щыпэщIэт зэманым хабзэубзыху органым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм пщIэ зэрыхуищIам папщIэ.
ЗэIущIэм и кIэухым республикэм и Iэтащхьэр КъБР-м и Парламентым и депутатхэм ехъуэхъуащ къэблэгъа ИлъэсыщIэмкIэ, гъэ къакIуэми ехъулIэныгъэхэр яIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIыным хуэлэжьэну зэригуапэр къыхигъэщу.