Гухэлъхэр щагъэзащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­дыгъуасэ республикэм къыщызэIуихащ «ХъуэпсапIэхэм я псей» урысейпсо Iуэхур.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар зытещIыхьар зи узыншагъэм сэкъат иIэ, зеиншэ, щытыкIэ гугъу ихуа сабийхэм я гухэлъхэр кърагъэхъулIэнырщ.
- «ХъуэпсапIэхэм я псей» акцэр УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ, къэралым и волонтёрхэр и гъусэу, ирагъэжьауэ щытащ. Нобэ ар хабзэ дахэ хъуауэ гъэ къэс идогъэкIуэкI, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Мы Iуэхум и мурад нэхъыщхьэр щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ щытыкIэ гугъу къихута ныбжьыщIэхэм, зи узыншагъэм ­сэ­къат иIэхэм ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу ­защIэдгъэкъуэнырщ. Нобэ щIыналъэ уна­фэщIхэр зэгъусэу мы Iуэхум дыхэтыну гупыж тщIащ. Я хъуэпсапIэхэр иту псейм тхыгъибгъу къыкIэрысхащи, псалъэм пап­щIэ, илъэс 15 зи ныбжь Хьэмыз Дисанэ абы щыжеIэ мольберт, сурэт зытрищIыхьыну чэтэн, краскэхэр иIэну зэры­хуейр, Мещеряков Артём - планшет. Шэч хэмылъу, ныбжьыщIэхэм я лъэIухэр икIэ­щIыпIэкIэ дгъэзэщIэнущ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт «ХъуэпсапIэхэм я псей» Iуэхум ­къищынэмыщIауэ, республикэ унафэщI­хэм пщэрылъ зэрыщащIам ипкъ иткIэ ­КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм мы гъэм сабий мин 12-м тыгъэ зэрахуигъэхьэзырар. ЗэрытхузэфIэкIкIэ сабий нэхъыбэ зэрыдгъэгуфIэным иужь дитынущ.
КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ яхуищIащ волонтёрхэм Iуэхур егъэкIуэкIыным я къару зэрырахьэлIам папщIэ.
Iуэхум хэтащ КъБР-м и Правительствэм щыщхэр, КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэхэр, республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, волонтёрхэр. Абыхэми псейм тхыгъэ щырыщ къыкIэрахащ, ахэр зытхахэм я хъуэпсапIэхэр ­хуагъэзэщIэн мурадкIэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)