Санкт-Петербург и «Таврический» къэрал симфоние оркестрым иджыблагъэ концерт ин щитащ Налшык и Театр ЩхъуантIэм.
IуэрыIуатэм къыхэкIыкIа макъамэхэр щызэхуэхьэсауэ абыхэм утыку кърахьа «Черкесский альбом» зыфIаща программэр хуабжьу гъэщIэгъуэн хъуат. Абы щагъэIуащ композитор цIэрыIуэхэу Мосолов Александр, Ряузов Сергей, Шейблер Трувор, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Къэбэрдокъуэ Мурат сымэ я Iэдакъэ-щIэкI къыхэхахэр.
«Таврический» гупыр нобэкIэ нэхъ цIэрыIуэхэм, фIыуэ ялъагъухэм ящыщщ. КъыжыIапхъэщ, оркестым и репертуарым IуэрыIуатэр зи лъабжьэ макъамэхэм увыпIэ щхьэхуэ зэрыщаубыдыр. Оркестрым и художественнэ унафэщI Голиков Михаил дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, «Симфония Кавказа» щэнхабзэ Iуэху дахэм хэта иужькIэщ абы пасэрей адыгэ макъамэхэр фIыуэ щилъэгъуар.
Театр ЩхъуантIэм щекIуэкIа концерт дахэм хэтащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдокъуэ Мурат. Зэхы-хьэм хьэщIэ лъапIэу кърагъэблэгъат уэрэд жыIэнымкIэ «Голос» Урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Бэрбэч Аскэр. Абы игъэзэщIащ поп-рок жанрым ит уэрэдхэр, симфоние оркестрым игъу- сэуи уэрэд зыбжанэ жиIащ.
«Таврический» къэрал симфоние оркестрым Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм концертхэр щитыну къэкIуащ. Адыгеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ пшыхь щырыщ къыщызэрагъэпэщащ. Къэблагъэ зэманым адрей республикэхэри классикэ макъамэм и IутIыж дунейм хагъэсыхьыну я мурадщ.