|
Трутнев Юрий Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ
10 августа, 2020 - 06:44
ШыщхьэуIум и 6-м Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ округым щыIэ Трутнев Юрий.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, республикэ унафэщIхэр и гъусэу, хьэщIэм зыщиплъыхьащ Iуащхьэмахуэ лъапэ. Ар щагъэгъуэзащ зыгъэпсэхупIэм зэрызрагъэужьыну инвестицэ Iуэхухэр зэрагъэзащIэм, апхуэдэуи хэплъащ дунейпсо мыхьэнэ абы зэригъуэтыну Iэмалхэм.
«Ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къызолъытэ бгым лыжэкIэ къежэхынымкIэ дуней псор зэкIуалIэ зыгъэпсэхупIэ Iуащхьэмахуэ тщIыныр, - жиIащ Трутнев Юрий. - Зыужьыныгъэм тещIыхьа Iуэхур къыщыхэтлъхьэкIэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым щIыналъэм щыпсэухэм я еплъыкIэри къэтлъытэн зэрыхуейр. ЦIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэ къахузэIухыным, зыгъэпсэхуакIуэхэр нэхъыбэу къызэретшэлIэным, хэхъуэ дызэриIэным дызэрелэжьыр абыхэм къагурыдмыгъаIуэмэ, мурадхэр къыддамыIыгъмэ, ди пщэрылъхэри къыдэхъулIэнукъым».
Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрызрагъэужьынум теухуа проектыр щызэхагъэувэкIэ зыгъэпсэхуакIуэхэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм къищынэмыщIа, гулъытэ ин хуащIын хуейщ щIыуэпсым и теплъэри зэрахъумэным. ХьэщIэм къызэрыхигъэщамкIэ, ухуэныгъэхэр зэхэтхъуауэ, зэбгрыдзауэ ирагъэщIынкIэ Iэмал иIэкъым.
- Урысейм щыпсэу дэтхэнэми и дежкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ хъугъуэфIыгъуэу щытыпхъэщ, апхуэдэ дыдэуи дунейпсо зыгъэпсэхупIэ ар хъун хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къэрал унафэщIхэм ягъэбелджыла къалэнхэр тхуэгъэзащIэмэ, а мурадыр къыдэхъулIэнущ. Апхуэдэ зыужьыныгъэм зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIынущ, цIыхухэм хэхъуэ къызыпэкIуэну IэнатIэ яIэригъэхьэнущ икIи бюджетым кIуэну налогыщIэхэр убзыхуа хъунущ. А псом, шэч хэмылъу, республикэм исхэм я псэукIэр нэхъыфI ищIынущ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
ХьэщIэмрэ бысымхэмрэ къыкIэлъыкIуэу щыIащ Бахъсэн къалэм щаухуэ пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэм. «Агрохолод» ООО-м зэуэ мыIэрысэ тонн мини 7 ихъумэфынущ. Инвестицэ проектым сом мелуан 578-рэ текIуэдэнущ икIи 2020 гъэм и жэпуэгъуэм лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIыну траухуэ. Мы зэманым пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэм и ухуэныгъэр яухащ, щIыIалъэхэмрэ ашыкхэмрэ зэрагъэпэщащ.
КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн хьэщIэм зэрыжриIамкIэ, республикэм апхуэдэ пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэу 31-рэ щыIэщ, псоми зэхэту тонн мин 210-рэ щIэхуэу. «2020 гъэм и кIэ пщIондэ иджыри пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэу 8, тонн мин 30 хуэдиз къызэщIаубыдэфыну, духуэну ди мурадщ», - къыхигъэщащ Сыжажэм.
Трутнев Юрий хагъэгъуэзащ Кыщпэк къуажэм дэт «СтройМаш» IуэхущIапIэм и лэжьыгъэми. Абдеж ар щеплъащ IуэхущIапIэм пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ папщIэ къыщIигъэкI, пластмассым къыхэщIыкIа контейнерхэр зэращIым. ООО-м зы илъэсым апхуэдэ илъхьэпIэу мини 180-рэ къыщIегъэкI. ХьэщIэр зэрыщагъэгъуэзамкIэ, ахэр иролажьэ Австрием щащIа Iэмэпсымэхэм икIи мардэ псори къэлъытауэ лэжьыгъэр зэтеублащ.
Трутнев Юрий зыщрагъэплъыхьащ Налшык къалэм ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ и жыг хадэми. Ар хагъэгъуэзащ «Налшык» зыгъэпсэхупIэм федеральнэ мыхьэнэ зэрырагъэгъуэтыжынум теухуауэ зэхагъэува «ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэ» проектым. КъызэрыхагъэщамкIэ, мы зэманым республикэм и санаторэ-курорт зыгъэпсэхупIэхэм я нэхъыбэр жьы хъуащ икIи я Iуэхутхьэбзэхэр адрейхэм ехьэехуэу къызэрагъэпэщынымкIэ ар лъэпощхьэпо яхуохъу. Проектыр ягъэзэщIэну я мурадщ къэралымрэ инвесторхэмрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм тету.
А махуэ дыдэм Трутнев Юрий иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, псом хуэмыдэу экономикэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну Iэмалхэмрэ щIыналъэм инвесторхэр къешэлIэнымрэ.
-Коронавирусым къэралым зыщимыубгъун щхьэкIэ Iэмал къэдгъэсэбэпахэм емылъытауэ, Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу зи экономикэм хэхъуэ иIа щIыналъэ мащIэхэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр. 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм КъБР-м и промышленностым къыщIигъэкIам процент 20,8-кIэ хэхъуащ. АбыкIэ республикэр ещанэ увыпIэм щытщ, - къыхигъэщащ Трутневым.
ХьэщIэм зыщигъэгъуэзащ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и зыужьыныгъэр» Урысей Федерацэм и къэрал программэм и «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр 2016 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ» программэ къуэдзэм хыхьэ инвестицэ проектхэр зэрагъэзащIэми.
Трутнев Юрий жиIащ апхуэдэ Iуэхухэм я мылъку къыхалъхьэну кърагъэблэгъэн хуейр зыужьыныгъэм телажьэ IуэхущIапIэ нэхъ инхэр зэрыарар. Абыхэм ящыщу хьэщIэм къигъэлъэгъуащ ИнвестицэхэмкIэ Урысей фондымрэ КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэ Арктикэмрэ зегъэужьынымкIэ IуэхущIапIэмрэ.
|
06.12.2024 - 13:53 Аутизмэм ехьэлIа хъыбарыр цIыхухэм ялъэгъэIэсыным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщ, #ЦIыхухэрЦIыхуХуэдэу зи фIэщыгъэ урысейпсо инклюзив гъэлъэгъуэныгъэр иджыблагъэ Налшык къалэм ебгъуанэу |
|
06.12.2024 - 09:03 Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Тау Замирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, МэшлIокъуэ Саидэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Ансыкъуэ Иринэ. |
|
06.12.2024 - 09:03 Мы гъэм епщыкIузанэу ЩIыгулъым и дунейпсо махуэр зыгъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэри. |
|
05.12.2024 - 15:02 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм. |
|
05.12.2024 - 12:25 Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм трагъахуэу, дыгъэгъазэм и 3-м, сабийхэм пшыхь гукъинэж щыхуащIащ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» центрым. |
|