2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къыщыхъуа гузэвэгъуэм я къулыкъум пэрыту хэкIуэдауэ щытащ лейтенант Къэшэж Элинэрэ прапорщик Хлопов Сергейрэ. КъБР-м и УФСИН-м и унафэщI Лыхь Аслъэн Элинэ и адэ Къэшэж Iэбурэ Сергей и анэ Хлоповэ Тамарэрэ фIыщIэ тхыгъэхэр яритащ.
ИЛЪЭС 15 дэкIащ Налшык IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэр къызэрытеуэрэ, ауэ хабзэхъумэ ныбжьыщIэхэм я гъащIэр зэрызэпыудар гум икIыжыркъым.
Мазищ къудейт Къэшэж Элинэ хабзэхъумэ IэнатIэм щылэжьэну зэрыхунэсар, ауэ а зэман кIэщIым и лэжьэгъухэм ягу дыхьат. Хлопов Сергей и къулыкъур 2004 гъэ лъандэрэ ирихьэкIырт. Ауэ зыми игу къэкIыртэкъым абыхэм я гъащIэр апхуэдэу кIэщIу къыщIэкIыну.
-Дунейм теткъым адэ-анэм дежкIэ бын нэщIэбжьэм нэхърэ нэхъ гуащIэ. Зи цIэ къитIуэр фэрами, дэ фIыщIэ яхудощI я напэр къабзэу я къалэныр ирахьэкIын хуэдэу зи бын зыгъэсэфа дэтхэнэ адэ-анэми, - яжриIащ Лыхь Аслъэн зэIущIэм къеблэгъахэм.