КIуэкIуэ Казбек я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм яIуощIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Республикэм и Унэм бадзэуэгъуэм и 25-м щахуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.
КъБР-м и цIыхухэм щIыналъэм и УнафэщIым зыкъыщIыхуагъэзахэм ящыщщ я узыншагъэр, псэупIэр егъэ­фIэ­кIуэным, хуэмыщIауэ псэу, бын куэд щапI унагъуэхэу щытыкIэ гугъу къихутахэм ­защIэгъэкъуэным ехьэлIа Iуэхухэр, нэ­гъуэщI зыгъэпIейтейхэр.
КIуэкIуэ К. В. зэIущIэм и ужькIэ КъБР-м и гъэзэщIакIуэ властым и зыхуэфащэ ­органхэмрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ къалэн ящищIащ цIыхухэр къыщIыхуэкIуа Iуэхухэм хэплъэу, абыхэм хэкIыпIэхэр къыхуагъуэтыну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.