Прохладнэ къыщызэIуахащ спортым зыщыхуагъасэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ центр

Прохладнэ къалэм бадзэуэгъуэм и ­22-м къы­щызэIуахащ цIыхухэм спортым зыщы­хуагъэсэну, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну «Олимп» центрыщIэр. Абы ехьэлIа гуфIэ­гъуэ зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, щIына­лъэ­хэм, къалэ ок­ругхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и Правительствэм и лIыкIуэхэр.
КIуэкIуэ Казбек прохладнэдэсхэм ехъуэхъуащ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху къа­зэры­дэ­хъуамкIэ, узыншагъэ быдэ яIэну, центрым и лэ­жьакIуэхэмрэ абы екIуэ­лIэнухэмрэ я Iэп­кълъэпкъым зрагъэу­зэщIын, я IэщIагъэм хагъэхъуэн и лъэ­ныкъуэкIи ехъулIэныгъэшхуэ-хэр зыIэрагъэхьэну, спорт текIуэныгъэщIэхэр къа­лъэ­щыфыну зэригуапэр жиIащ.
Республикэм и УнафэщIым къыхигъэщащ ко­ронавирус узыфэ зэрыцIалэм къыдэкIуа Iуэху мыщхьэпэхэм я зэранкIэ центрыр къы­зэ­Iухынымрэ ар шэщIауэ лажьэу зэтеухуэнымрэ я пIалъэр ягъэ­Iэпхъуэн хуей зэрыхъуар. ЩIыналъэм щыIэ санитар-эпидемиологие щы­ты­кIэр нобэм ирихьэлIэу хэпщIыкIыу ефIэкIуэжащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуэ­кIуащ ягъэува мардэхэм къытекIыжыным и ещанэ Iыхьэм.
«Мыр, пэж дыдэу, куэд щIауэ ды­зы­пэплъа Iуэхущ, Прохладнэ и мызакъуэу, республикэ псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Мыбы республикэ, щIыналъэзэ­хуаку зэпеуэ куэд зэрыщекIуэкIынум ­шэч къытесхьэркъым. Центрым зыщагъэсэнщ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм икIи ­прохладнэдэс чемпионхэм я бжыгъэм къа­хэхъуэнщ. Нэхъыщхьэ дыдэращи, щIэб­лэм, Прохладнэ щыпсэухэм я узынша­гъэр ирагъэфIэкIуэфынущ, абы кIэ­­лъыплъыну Iэмал яIэнущ», - къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
Спортым зыщыхуагъасэ, узыншагъэм щы­кIэ­лъыплъ центр Прохладнэ къалэм щыухуэн 2010 гъэм кърагъэжьауэ щытащ «2006 - 2015 гъэхэм къриубыдэу ­Урысей Федерацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зэрызыщиужьыну щIыкIэр» зыуэ щыт федеральнэ прог­раммэм хыхьэу. ИужькIэ ухуэныгъэр ­къы­зэтрагъэувыIэн хуей хъуащ абы ху­хахын ахъшэ бюджетым зэримыIам къыхэкIыу. Ухуэ­ныгъэр и кIэм нэгъэсы­ным трагъэкIуэдэн ­папщIэ 2019 гъэм республикэ бюджетым щыхухахауэ щытащ сом мелуан 50,2-рэ.
Псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мини 5,5-рэ хъу спорт центрым хэтщ, бэнэным, бок­сым, аэробикэм, спорт джэгукIэхэм зыщыхуагъэ­сэну, тренажёр залхэр, есыпIэ псыгуэн, зэхьэзэхуэхэм еп­лъыну къекIуалIэхэр здэ­щы­сыну, цIыху 400 зэуэ зэрыхуэну, трибунэхэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.

10.06.2026 - 09:03

Унагъуэхэм я дэIэпыкъуныгъэщIэ

2026 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ уна­гъуэхэм зэрызыщIа­гъа­къуэ IэмалыщIэ къыхалъ­хьащ. Ар тещIыхьащ ла­жьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм.