Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуауэ щыта зэIущIэм.![]() Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий бадзэуэгъуэм и 23-м иригъэкIуэкIащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуа Iуэхухэр щызэпкъраха зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «Сбербанк»-м и Президент, Правленэм и УнафэщI Греф Герман, КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









