Куба къуажэм хуокIуэ

«Шынагъуэншэ фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым и къалэн нэхъыщхьэр щIыналъэхэм щы­щыIэ автомобиль гъуэгухэр мардэм къигъэтIэсэ-нырщ. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэ­-жьы­гъэшхуэ щызэфIах.

Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм щызэрагъэ­пэщыж «Кавказ» автомагистралым къыхэкIыу километр 13-кIэ Куба къуажэм ухуэзышэ гъуэгур. Ар кIуэцIрокI ­социальнэ мыхьэнэ зиIэ объектхэр - егъэджэныгъэр щрагъэкIуэкI, узыншагъэр щахъумэ IуэхущIапIэхэр, къуажэ администрацэр, спорт-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексыр - зытет Лениным и цIэр зезыхьэ цIыху 5182-рэ щыпсэу къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм. ИджыпстукIэ ­гъуэгур ягъэкъабзэ, телъа асфальтыр къытрахыурэ, лъэмыжыр ягъэбыдэ.
Мыгувэу автомобиль гъуэгум асфальтыщIэ тралъхьэнущ, лъэс зекIуапIэхэр зыхуей хуагъэзэнущ, светофорхэр ягъэувынущ. Лэжьыгъэ псори шыщхьэуIу (август) мазэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
 

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.11.2026 - 09:03

Экономикэр зэрефIакIуэм и нэщэнэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхыхьэгъуэм и IX зэхуэсышхуэу республикэм и Парламентым щекIуэкIам и гугъу щащIащ «Техноло-гиер ерыскъы шынагъуэншагъэм и щIэгъэкъуэнщ лъэпкъ проект

07.11.2026 - 09:03

Нэхъыжьхэр ягъэлъапIэ

Урысей театр зэгухьэныгъэм (РТО) (Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэу (СТД) щытаращ) и щIыналъэ къудамэм артист нэхъыжь­хэр щагъэлъапIэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ.

06.11.2026 - 09:31

Я гуащIэр къалъытэу

ЩэкIуэгъуэм и 3-м КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъу­лIэ­ныгъэ яIэу пэрыт лэжьакIуэ 50-м нэблагъэ. 

06.11.2026 - 09:29

Ди Хэкур къулейщ лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм дигу къегъэкIыж Урысейм и къарур абы щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм я зэкъуэтыныгъэр зэрыарар.

06.11.2026 - 09:23

ЩIэблэр фIым хуагъасэ

Шэджэм Езанэ къуажэм  и «Лэгъупыкъу» сабий гъэсапIэм щекIуэкIащ «Лъэпкъ­хэм я зэныбжьэгъугъэ: гуа­пагъэм, щэнхабзэм, зэ­къуэ­тыныгъэм я махуэш­хуэ»   жармыкIэр.