«Урысей гвардием» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм къулыкъу щызыщIэ офицерым къэрал дамыгъэ къыхуагъэфащэ

И къулыкъур щрихьэкIым къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ папщIэ «Iуащхьэмахуэ» СОБР-м и оперуполномоченнэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Б. Нурмухьэмэд къыхуа­гъэ­фэщащ «Хэкум и пащ­хьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэм и медалыр. Дамыгъэ лъапIэр офицерым иритыжащ «Урысей гвардием» и управленэу Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Васильев Сергей.
«ФIы дыдэу къулыкъу зэрыпщIэм щхьэкIэ фIыщIэ пхузощI. Хэкум ифI зы­хэлъхэм ухуэлажьэу адэ­кIи уи къалэнхэр хьэлэлу зэ­рыбгъэзэщIэнум шэч къытесхьэркъым», - жиIащ полицэм и полковник Ва­сильев Сергей.
ЩIыналъэ къудамэм и унафэщIыр офицерым ехъуэ­хъуащ узыншагъэ ­иIэну, зэIузэпэщу, мамыру псэу­ну.

«Урысей гвардием» и Управленэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2025 - 12:25

Ди пхъэщхьэмыщхьэхэм къащIэупщIэхэм къахохъуэ

«Россельхознадзор»-м и управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм къипщытащ 2025 гъэм и япэ мазиплIым къриубыдэу КИФЩI-м и щIыналъэхэм я пхъэщхьэмыщхьэ продукцэу нэгъуэщI щIыпIэхэм хурагъэшэну ягъэхьэзырахэм

20.05.2025 - 09:03

Джэдмышх псыкъелъэхэр

Дэтхэнэ зы щIыналъэми иIэщ зэрыгушхуэ щIыпIэ дахэхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр куэдым йофIэкI.

20.05.2025 - 09:03

Зи псэ емыблэжа журналистхэм я фэеплъу

Мы махуэхэм Урысейм щокIуэкI «Кедры Великой Победы» Iуэхур. Я лэжьыгъэм пэрыту Хэку зауэшхуэм хэкIуэда журналистхэм я щIыхькIэ жыг хадэхэр щыхасэ УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм. 

20.05.2025 - 09:03

Къущхьэ Iэмин къахощ

«Шылэ гъуэгуанэ кIыхь» фIэщыгъэр зэрихьэу боксымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIащ.

20.05.2025 - 09:03

Спорт хъыбархэр

КхъуэIуфэ Дарэ и медалхэр