Унагъуэ нэхъыфIхэм йохъуэхъу

Унагъуэм, лагъуныгъэм, пэжыгъэм и урысейпсо махуэм ирихьэлIэу Бахъсэн щIыналъэм зэщхьэ­гъусэ нэхъыфIхэр щагъэпажащ.

ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Зауррэ ЗАГС-м и къудамэм и унафэщI ДыщэкI Жаннэрэ районым щыщ унагъуиплIым ехъуэхъуащ икIи фэеплъ тхыгъэхэр, «Лъагъуныгъэмрэ пажыгъэмрэ папщIэ» медалыр, саугъэт лъапIэхэр иратащ зэщхьэгъусэхэу Кульчаевхэ Магомедрэ Любэрэ (Жан­хъуэтекъуэ), Урысбийхэ Артуррэ Мадинэрэ (Кыщпэк), Сыжажэхэ Сергейрэ Маринэрэ (Псыхъурей), Шагъырбийхэ Хьэмидбийрэ Мариерэ (ХьэтIохъущыкъуей).
Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Чылар Аринэ дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, гулъытэ зыхуащIа унагъуэхэр щапхъэ зытрахщ икIи зыдэс къуажэхэм пщIэ щызиIэхэщ. Зэщхьэ­гъусэхэм унагъуэ быдэ икIи зэкъуэт зэфIагъэуващ, ­лъагъуныгъэр, пщIэ зэхуэщIыныгъэр, зэщIэгъэкъуэ­ныгъэр я лъабжьэу. Абыхэм я щIыхькIэ а махуэм псалъэ гуапэ, хъуэхъу куэд жаIащ.
 

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2025 - 12:25

Ди пхъэщхьэмыщхьэхэм къащIэупщIэхэм къахохъуэ

«Россельхознадзор»-м и управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм къипщытащ 2025 гъэм и япэ мазиплIым къриубыдэу КИФЩI-м и щIыналъэхэм я пхъэщхьэмыщхьэ продукцэу нэгъуэщI щIыпIэхэм хурагъэшэну ягъэхьэзырахэм

20.05.2025 - 09:03

Джэдмышх псыкъелъэхэр

Дэтхэнэ зы щIыналъэми иIэщ зэрыгушхуэ щIыпIэ дахэхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр куэдым йофIэкI.

20.05.2025 - 09:03

Зи псэ емыблэжа журналистхэм я фэеплъу

Мы махуэхэм Урысейм щокIуэкI «Кедры Великой Победы» Iуэхур. Я лэжьыгъэм пэрыту Хэку зауэшхуэм хэкIуэда журналистхэм я щIыхькIэ жыг хадэхэр щыхасэ УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм. 

20.05.2025 - 09:03

Къущхьэ Iэмин къахощ

«Шылэ гъуэгуанэ кIыхь» фIэщыгъэр зэрихьэу боксымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIащ.

20.05.2025 - 09:03

Спорт хъыбархэр

КхъуэIуфэ Дарэ и медалхэр