|
|
Автомобиль гъуэгур зэрагъэпэщыж
6 июля, 2020 - 06:47
«Шынагъуэншэ икIи фIагъ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щыгъэзэщIэным пащэ.
Зэгъэпэщыжын щIадзащ Бахъсэн-Кыщпэк гъуэгур. ЦIыху минитхум нэблагъэ щыпсэу къуажэм и Совет уэрамым кIуэцIрыкI километри 5,5-м мы махуэхэм йолэжь. Абы тетщ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ зыбжанэ.
ИджыпстукIэ гъуэгум телъа асфальтыжьыр зэхахьэжэурэ къытрахыж. Нэхъ иужьыIуэкIэ ахэр щIэкIэ зэрахъуэкIынущ, лъэс зекIуапIэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, гъуэгу зэпрыкIыпIэхэр, псы щIэжыпIэхэр ягъэбелджылынущ, и кIыхьагъкIэ зэIузэпэщ ящIынущ. Светофорхэр здагъэувыну щIыпIэхэри яубзыху.
Лэжьыгъэхэр гъэмахуэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
|
|
16.05.2026 - 09:03 КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр. |
|
|
16.05.2026 - 09:03 ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы |
|
|
15.05.2026 - 15:02 УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42 |
|
|
15.05.2026 - 09:03 Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм. |
|
|
15.05.2026 - 09:03 ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджыблагъэ ди республикэм щызэхашащ. |
|