Зыхуей хуэзэу екIуэкIащ

Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа IэIэтыр ди къэралым зыхуей хуэзэу щекIуэ­кIащ. Бадзэуэгъуэм и 1-м, бэрэжьейм, иухащ Iэ­Iэ­тыр. Ар махуиблкIэ екIуэ­кIащ. Иджырей IэIэ­тыр адрейхэм емыщхьу кIыхьу зэрекIуэкIам къыщы­мынэу, зэIухауи щытащ - абы кIэлъыплъащ цIыху мелуан ныкъуэм щIигъу. Къапщтэмэ, IэIэтыр хабзэм тету къызэгъэпэща хъуащ, ныкъусаныгъэ егъэлеяи къыхэкIакъым.

ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэр протокол псоми хэплъэжа нэужь, хъыбар къитащ: Конституцэм ­халъхьа зэхъуэкIыныгъэ­хэмкIэ ди цIыхухэм я процент 77,92-р арэзыщ, процент 21,27-м мыарэзыурэ Iэ традзащ, псори зэхэту IэIэтым процент 65-рэ ­къекIуэлIащ.

ЦIыхухэм яфIэгъэщIэ­гъуэнт

Къэралым ис цIыхухэр иджы нэхъ жыджэру хэтащ IэIэтым, 1993 гъэм екIуэкIа референдумым нэхърэ. Iэ щаIэт щIыпIэхэм псом нэхърэ нэхъыбэу екIуэлIар Шэшэн Республикэмрэ (92%), Тывамрэ (90%) я цIыхухэрщ. Урысейм и Курыхыр къапщтэмэ, ­Брянск областым и цIыхухэр нэхъ «хуэмыхуу» къыщIэ­кIащ, процент 86-ращ зи еплъыкIэр къэзыгъэлъэ­гъуар.
«ЦIыхухэр куэду IэIэтым зэрекIуэлIар и фIыщIэщ ар махуэ зыбжанэкIэ зэрекIуэ­кIам, щхьэж и Iуэху щы­хуэкIуэ дэкIащ», - жеIэ ЦИК-м и УнафэщI Памфиловэ Эллэ.
Абы къыдэкIуэуи Iэ Iэты­ным Iэмал зыбжанэ къы­хуагупсысат: дызэса участкэхэм нэмыщI, цIыхухэм я унэхэм, пщIантIэхэм, хэгъэгуитIым (Москварэ Новгород Ищхъэрэ областымрэ) интернеткIэ Iэ щыпIэт ­хъурт. Апхуэдэ дыдэуи иджыпсту дызэрыт щы­тыкIэм теухуауэ шына­гъуэншагъэр фIыуэ къызэгъэпэщат, дэтхэнэми уз зэрыцIалэм зэрызыщихъу­мэн хьэпшыпхэр иратырт икIи цIыху зэтрихьэ щыIэтэкъым. КъищынэмыщIауэ, цIыхухэм я еплъыкIэр къагъэлъэгъуэну, Урысейм и Хабзэ нэхъыщхьэхэм халъхьэжа зэхъуэкIыныгъэ­хэр зыхуэдэр зрагъэщIэну зэман яIащ, абыкIэ сэбэп хъуащ унэм щыщIэса зэманыр.
Памфиловэм зэрыжи­IамкIэ, IэIэтыпIэхэр зэхуа­щIыжыху хабзэр къыщызэпауда къэхъуакъым, а махуэхэм къриубыдэу ЦИК-м зы хъыбарегъащIэ къыIэ­рыхьакъым, кIуэуэ Iуэхур зэхагъэкIыну лъаIуэу. Ап­хуэдэуи кIэлъыплъакIуэхэр къыщыщIагъэкIа, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм щыщ щыщIамыгъэхьа зэи къэхъуа­къым. Бюллетенхэм, сейф-пакетхэм ятеухуауэ къа-­
­Iэ­рыхьа Iуэху мыщхьэ­пэхэр зэхагъэкIащ, ауэ ахэр IэIэтым зыкIи зэран хуэ­хъуа­къым.

КIэлъыплъакIуэхэр арэзыщ

ЦIыху мелуан ныкъуэм щIигъу кIэлъыплъакIуэу лэжьащ УФ-м и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа IэIэтым и махуэ нэхъыщхьэм - бадзэуэгъуэм и 1-м. Ахэр я лIыкIуэт жылагъуэ зэгухьэныгъэ­хэмрэ политикэ парт 20-м нэсымрэ.
Хабзэм къызэригъэувым тету, кIэлъыплъакIуэхэм я Iуэхур зэзыгъэзэхуар УФ-м и Жылагъуэ палатэрщ, ­хэгъэгухэм щыIэ апхуэдэ палатэхэрщ. КIэлъыплъа­кIуэхэр мэкъуауэгъуэм и 29 пщIондэ къыхахащ икIи жылагъуэ зэгухьэныгъэу 1600-мрэ парт 18-мрэ я лIыкIуэхэр къыхыхьащ.
«Iуэхум хэтыну хуей кIэлъыплъакIуэхэр псори къыхэдгъэхьащ, я политикэ еплъыкIэм, оппозицэм щыщ-щымыщым, зэхъуэ­кIыныгъэхэм я телъхьэми ар ягу дэмыхьэми емы­лъытауэ», - жиIащ КIэлъы­плъыныгъэмкIэ лэжьакIуэ гупым и Iэтащхьэ Григорьев Максим.
Бадзэуэгъуэм и 1-м Iуэхур зэрекIуэкIыр зи нэIэ щIэт центрым кIэлъыплъакIуэ­хэм запищIэу, хабзэр къы­щызэпауд щыIэмэ, хъыбар кърагъащIэу, ахэр занщIэу ятхрэ Iуэхур зэхагъэкIыу лэжьащ.
Хэгъэгу 11-м IэIэтым щы­кIэлъыплъащ УФ-м и Президентым деж Граждан жылагъуэм зегъэужьы­нымрэ цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ советым и лэжьакIуэ гуп. «Ди лIыкIуэхэр здэщыIа щIыналъэхэм IэIэтым зэран хуэхъун къемызэгъ гуэри яIэщIэкIауэ ятхакъым. Абыхэм я кIэлъы­плъыныгъэм кърикIуам тепщIыхьмэ, цIыхухэр арэ­зыуэ псори екIуэкIащ», - жиIащ Граждан жыла­гъуэм зегъэужьынымрэ цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ советым и Iэтащхьэ Фадеев Валерий. Иджыри а лэжьыгъэм теухуа доклад ягъэхьэзырынущи, абы щы­зэпкърахынущ зрихьэ­лIа ныкъусаныгъэ цIыкIуфэкIухэр.
Апхуэдэуи ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу УФ-м щыIэ Москальковэ Татьянэ и лэжьэгъухэр и гъусэу здэщыIа щIыпIэхэм щилъэгъуар, IэIэтыр тэмэму зэ­рекIуэкIар, Iуэхум зэран хуэхъун ныкъусаныгъэ кIэлъыплъакIуэхэм къызэ­рыщIамыгъэщар жиIащ.
Ди къэралым щыщ кIэ­лъыплъакIуэхэм нэ­мыщI, IэIэтым хэтащ хамэ къэрал къикIа политик, жылагъуэ лэжьакIуэ 50-м нэс. Абыхэм зыжьэу жаIащ Iуэхур зэрекIуэкIым арэзы къищIу къэмынэжу, IэIэтыр къызэгъэпэща зэрыхъуа щIыкIэм хуабжьу зэрыдихьэхар. Языныкъуэхэм къыхагъэщащ Урысейм и Iуэху зехьэкIэр езыхэми къагъэ­сэбэп хъуну зэрыщытыр, псом хуэмыдэу - дистанционнэ IэIэтымрэ «мобильнэ хэхакIуэхэмрэ».

Электроннэ IэIэтыр ягу дохьэ

IэIэтым и махуэ нэхъыщхьэр, бадзэуэгъуэм и 1-р, къэмыс щIыкIэ дистанционнэ электроннэ IэIэт екIуэкIащ. Абы хэта къызэгъэпэщакIуэхэри цIыхубэри арэзыуэ къэнащ апхуэдэ IэмалымкIэ.
Урысей Федерацэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыу­жьыныгъэмкIэ, связымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Шадаев Максут зэрыжиIамкIэ, къэрал Iуэхутхьэбзэ порталым цIыху мелуани 3-м Iэ щаIэтащ.
«Бжыгъэр зи лъабжьэ хэхыныгъэ технологиер ­дя­пэкIэ Iэрыхуэу къэдгъэ­сэбэпын хуейщ, сэ къызэ­рыслъытэмкIэ. Ар иджыпсту псэуныгъэм гуэпхынкIэ Iэмал зимыIэ хэкIыпIэфI хъуащ», - жиIащ минист­рым.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.