Iэ зыIэтахэм я процент 85-р арэзыуэ къыщIокI

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщапщы­тэжащ Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ятеу­хуауэ мэкъуауэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ бадзэуэгъуэм и 1 пщIондэ екIуэкIа IэIэтым кърикIуахэр. Ар журналистхэм яжриIащ КъБР-м и ХэхакIуэ ­комиссэм и унафэщI Джэш Вячеслав.

ЩIыналъэхэм щылэжьа гупхэм ягъэ­хьэзырыжа протоколхэм япкъ иткIэ, республикэм и ХэхакIуэ комиссэм игъэбелджылащ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 424147-м Iэ зэрыщаIэтар, ар хэхыныгъэм хэтыну хуитхэм я процент 78,31-рэ мэхъу.
Урысей Федерацэм и Хабзэ нэхъыщхьэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ арэзыуэ къыщIэкIащ цIыху 362739-рэ, ар Iэ зыIэтахэм я процент 85,52-рэ мэхъу. Зэры­мыарэзыр къэзыгъэлъэгъуахэм я бжыгъэр 53795-рэ ирикъуащ (процент 12,68-рэ).
Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ урысейпсо IэIэтыр республикэм тэмэму щекIуэкIауэ къыща­лъытащ. КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм IэIэтым кърикIуахэм теухуауэ игъэхьэзы­-ра тхылъхэр УФ-м и ХэхакIуэ комиссэ ­нэхъыщхьэм иригъэхьыну унафэ къащ-   тащ.

 

Дохъушокъуэ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.06.2026 - 15:02

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.