ЦIыхухэм къахуэбгъанэрщ мыкIуэдыжынур

Мэкъуауэгъуэм и 23-м илъэс70 гъащIэ гъуэгуанэр игъэлъэ-пIащ Урысеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэ Аргун Олег Абубэчыр и къуэм.
1950 гъэм Хьэбэз щIыналъэм хыхьэ Куэшхьэблэ къуажэм дунейм къыщытехьа Аргун Олег и IэщIагъэкIэ мэкъумэш лэжьакIуэщ, Шэткъалэ (Ставрополь) дэт Мэкъумэш университетым механизацэмкIэ и факультетыр къиухащ. Ар лэжьащ Тульскэ областым хыхьэ «Новый ­путь» колхозым и инженер нэхъыщхьэу, «Беслъэней» совхозым и парткомым и секретару, Хьэбэз щIыналъэм и тхьэмадэу. Сытми, IэщIагъэмрэ IэнатIэхэмрэ зэпэIэщIэ мыхъуу, зи къебжэкIыр щIэх пхуэ­мыухын къулыкъу лъагэ куэд зэрихъуэкIащ. 1995 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым Аргуныр «Хьэбэз гипс завод» IуэхущIапIэм и уна­фэщIщ.
«Мылъкур уэсэпсщ, уи ужь къинэнур цIыхухэм яхуэпщIэрщ» - абы ­тету мэпсэу адыгэлI гуащIафIэр. Iуэху къызэрыкIуэ хуэдэу щытщ социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьу щыта, Ленин орденитI зыхуагъэфэща, дамыгъэ­хэмрэ саугъэтхэмрэ зи куэд, илъэс 45-кIэ «Ильич и гъуэгур» колхозым и унафэщIу щыта Аргун Абубэчыр и къуэм адэм пхиша лъагъуэр зэры­химыгъэгъуэщэжар. Ауэ хабзэмрэ унафэмрэ хьэтыр щиIа ­совет лъэхъэнэм лэжьа адэм и щIэблэр зы­хиубыдар цIыхум IэщIагъэми щIэ­ныгъэми хуищI пщIэр щы­кIэрыхуа зэманырт.
ГъэщIэгъуэну а Iуэхум топсэлъыхьыж Аргун Олег къыдеджа и ныбжьэгъу, Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм и тхьэмадэ ФиIэпщэ Залымджэрий: «Нэхъыжь­хэр къакIуэри къыжраIащ: «Олег, уи адэр псэужамэ, уэ дынолъэIун ­ ­хуей хъунутэкъым. Къуажэдэсхэм Абу­бэчыр пщIэуэ хуащIу щытар зыхуэдизыр уощIэ. «АдэфI къуэфI хуэщкъым», - жумыгъэIэу, лIыгъэу уиIэр зыхэлъхьи ди лъэIур гъэзащIэ, Iуэхур хыумыгъэкIуэдэж».
ЛэжьапIэхэр зэпэубыда щыхъуа ди зэманым нэгъуэщI дуней щып­сэум ещхьу, Аргун Олег и закъуэ цIыху щэ бжыгъэм я къару зрахьэлIэ IуэхущIапIэ зыбжанэ егъэлажьэ. Псом япэ и цIэ къиIуапхъэщ и адэм и гъэфIэныцIэр зезыхьэ «ПIатIэ» мэкъумэш зэгухьэныгъэр. Колхоз тхьэмадэу щыта Абубэчыр и ­ехъулIэныгъэфIхэр химыгъэкIуэ­дэжыну къелъэIуа къуажэдэсхэм я жэрдэмкIэт Олег ар и пщэ зэрыдилъхьэжар. Иджы абы Iэщымрэ губгъуэмрэ епхауэ цIыху 80 щолажьэ. Гектар 3000 яубыд нартыхум, жэгундэм, гуэдзым, хьэм. Iэщ фермэхэр зэрагъэпэщыжын папщIэ, жэм лъэп­къыфIу 180-рэ къащэхуати, абыхэм къащIэхъуа шкIи 160-р къыдокIуэтей. Мэкъумэш Iуэхум Олег ирихьэлIэр зыхуэдизым и зы щапхъэщ абы Шэткъалэ дэт мэкъумэш университетым щеджэ студентхэм папщIэ и адэ Аргун Абубэчыр и цIэр зезыхьэ ахъшэ саугъэти 10 зэригъэувар. Абдежи къыщымыувыIэу, жиIэм тебгъуэтэж лIы щыпкъым а къалэм дэт мэкъумэш техникумым и къудамэ Куэшхьэблэ къыщызэ­Iуригъэхын щхьэкIэ, «ПIатIэ» IуэхущIапIэм и унафэщIхэр зыщIэс унэм и япэ къатыр яритащ.
Илъэс 20-м щIигъуауэ, Урысейм къыщымынэу, дуней псом щызэбграш Аргун Олег зи унафэщI «Хьэ­бэз гипс заводым» къыщIигъэкI ухуэныгъэм ирахьэлIапхъэхэр. Абы щолажьэ цIыхуищэм щIигъу. «Сыт хуэдиз илъэс сыпсэуну Алыхьым къысхуиухами, апщIондэху лэжьапIэ къызэрызэIусхынум яужь ситынущ, - яжреIэ Олег а псор зэры­хузэфIэкIым теухуауэ къеупщIхэм. - «УнасыпыфIэщ уэ», - къызжаIэ куэдым. СынасыпыфIэщ, яжызоIэ, цIыхуфIхэм садэлэжьэну къысхуихуащи. Ди IуэхущIапIэм сэ нэхърэ нэхъыжь нобэ щылажьэкъыми, ныбжь зиIэхэр си къуэшщ, нэхъы­щIэхэр си бын пэлъытэщ, зы уна­гъуэшхуэ хуэдэу дызэхэтщ».
Зы цIыхум апхуэдиз дауэ хузэ­фIэкIрэ жозыгъэIэ Аргун Олег   иджы дыдэ къызэIуихащ IэфIыкIэ­хэр щащI фабрикэ. Ари зыхуей хуэзауэ зэрылэжьэнум зыми шэч къытрихьэркъым.
ХъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ къы­зыщIэхъуа зэщхьэгъусэхэм нобэ ­къуэрылъху-пхъурылъхэр ягъафIэ. «НэхъыжьыфI зиIэм нэхъыщIэфIи иIэщ» псалъэжьырщ Олег къыщIэхъуа щIэблэм тепсэлъыхьхэм жаIэ псори зэкIуэлIэжыр.
«ЦIыхум и пщIэр хэзыгъахъуэр абы зэхуихьэса мылъкуракъым, цIыхухэм къахуигъанэрщ, - жеIэ езы Аргуным. - Ди ужь къинэхэм зыгуэр къахуэдгъэнэфмэ, дэри ди цIэр къэнэнущ».
ЩIэх и кIэм пхунэмыгъэсын тхылъышхуэ пхуешэжьэнущ Аргун Олег къилэжьым псапэу хитыкI ахъшэр здынэсхэм ятеухуауэ. Къилэжьым хэхъуэху, абы цIыхухэм ­папщIэ ищIэми хегъахъуэ, «псапащIэ» цIэр хуэфащэу зэрехьэ. Олег сыт щыгъуи мылъкукIэ защIегъа­къуэ Хьэбэз, Адыгэхьэблэ щIыналъэхэм ит школхэм. Абыхэм ­яфIокIри ар лъоIэс абхъаз щIы­налъэм ит Ткварчали къалэм и Iэхэлъахэм щыIэ еджапIэхэм. Лъэпкъ, дин зэхэгъэж имыщIу, ар ядоIэпыкъу Ма­рухъ къуажэм щы­лажьэ члисэм ­къекIуалIэ чырис­танхэм, Жьакуэ жылэм дэт мэжджытыр зырезыгъэхьари Аргу­нырщ. Олег зэи ахъ­шэ щысхьыркъым хэлъэт зиIэ, щIэныгъэм дихьэх щIалэгъуалэм ягу яхуиIэтын пап­щIэ. Абы и гулъытэ зыхащIэ зэ- пытщ КъШР-м къулыкъу щызыхь сэлэтхэми, Хьэбэз щыщ къэфакIуэ гупми, узыфэ бзаджэ къызэуэлIа­хэми, зи цIэ къидмыIуэ нэгъуэщI куэдми.
Тхыгъэм и кIэухым ди гуапэу къыдохь нэхъыжьыфIыр зыцIыхухэм къызэранэкIа псалъэ гуапэхэм щыщ.
***
Аргун Олег и гъащIэр утыку ­укъимылъадэу, зыми и нэм зы­щIу­мыIуу цIыхухэм уазэрыхуэщ­хьэпэ­фынум и щапхъэщ. Ар есащ адрейхэм защIигъакъуэу: Iыхьлы-благъэм, лэжьакIуэхэм, ныбжьэ­гъухэм, и унафэ щIэтхэм. Сыт и лъэныкъуэ­кIи укъегъэпэж. Уи анэ­дэлъхубзэм, укъызыхэкIа лъэпкъым и хабзэм пщIэ хуэпщIыныр абы и дежкIэ махуэкъэс къалэнщ, напэрэ цIыхугъэ­рэ зиIэ дэтхэнэ цIыхуми нэ­гъуэщIу щытыну зыхуимыгъэфащэу.
Аейтыгъуэн Iэуес,
Дунейпсо Арт комитетым и вице-президент.
Налшык
***
Сыт Олег теухуауэ пхужыIэнур? Абы зэрилъытэмкIэ, гъащIэм къыщехъулIа псори Алыхьым кърита тыгъэу аркъудейщ, езым щIыхуэ къытемынэн папщIэ, цIыхухэм яритыжыпхъэу, аращ лэжьапIэщIэ къы­­зэIуихынкIэ щIемызэшыр.
ЛэжьапIэ игъэуву иригъэхъулIахэри зыгуэр яIэщIэщIэу IэнатIэм IуигъэкIахэри зэхуэдэу къыхуэарэзыщ Аргун Олег. Иужьрейхэм ящыщу акъылрэ напэрэ зыхурикъухэр щIогъуэжри къагъэзэж.
ФиIэпщэ Залымджэрий, Акъбащ Ипщэ къуажэм и тхьэмадэ.
КъБР, Тэрч щIыналъэ
***
Iуэхур щиублэм деж унафэщIым хэлъыпхъэ ткIиягъыр къигъэлъа­гъуэу, лэжьакIуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я деж нэсрэ, хьэл тыншрэ гумащIэу - апхуэдэщ Аргун Олег и лэжьэкIэр. А бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, IэнатIэм пэрытхэр щIызэгурымыIуэн е кърахьэжьа Iуэхур щIамыгъэзэщIэфын зы щхьэусыгъуэми зыкъыдимыукIэфу, зы унагъуэ хуэдэу егъэлэжьэф Олег и унафэ щIэтхэр.
Аламиа Геннадий,
УФ-мрэ Абхъаз Республикэмрэ я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт.
Сыхъум къалэ

ЧЭРИМ Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.07.2026 - 09:03

Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ

Илъэс 20-м нэсауэ ди къэ­ралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъу­ныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэр.

11.07.2026 - 09:03

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

10.07.2026 - 17:03

Яухынущ дызэрыт илъэсым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэ-ныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. 

09.07.2026 - 09:03

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ

08.07.2026 - 15:37

ГуащIафIэщ Астемыр

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ.