ЗышыIэныгъэшхуэ зыхэлъа гъуащхьэтет цIэрыIуэ

Налшык къыщалъхуа Беляев Владимир Мэзкуу и «Динамо»-мрэ Совет Союзым и командэ къыхэхамрэ я гъуащхьэтет гъуэзэджэу щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 50 - 60 гъэхэм, езы Яшин дыдэм хьэрхуэрэгъу лъэщ хуэхъуу. СССР-м щэнейрэ и чемпионщ (1957, 1959, 1963 гъэхэм), Совет Союзым и Кубокыр зыIэщIэлъщ (1953 гъэ), къэралым и футболист нэхъыфI дыдэхэм 1957, 1958 гъэхэм хабжащ. ИужькIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щигъэсащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щаIэу щыджэгуа ди лъахэгъухэу Хьэпэ Заур, Биджиев Хьэсэнбий, Кращенкэ Сергей, Чихрадзе Александр сымэ, нэгъуэщI куэди.
Зи адэшхуэ-анэшхуэр Налшык пасэу къэIэпхъуа Беляев Владимир псэухукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхуигъадэ щыIакъым. Зауэ нэужь лъэхъэнэм, щIыпIэ «Динамо»-м и щIыхьыр ихъумэу, Урысей Федерацэм и Ипщэ гупым гу къыщылъатэри, Сталинград и милицэм (арат «Динамо» спорт обществэр зейр) «къулыкъу щищIэну» ягъэкIуащ. АдэкIэ, 1953 гъэм, Мэзкуу и «Динамо» футбол командэ цIэрыIуэм хагъэхьащ. А лъэхъэнэм Яшин Лев и гуащIэгъуэт икIи абы дэщIыгъуу зы гупым зэрыхэтым Беляевыр зэи къигъэдзыхакъым.
Езыр дунейм зэрехыжрэ илъэс тIощIым нэблэгъами, хьэлэмэт фщыхъуну дыщогугъ ди лъахэгъу гъуащхьэтет цIэрыIуэм къытхуигъэна и гукъэкIыжхэр.

Абы щыгъуэми, ди IэщIагъэр топ джэгунырт
- 50 - 60 гъэхэми профессионалу дыщытащ, официальнэу нэгъуэщI IэнатIэхэм дыпэрыту къагъэлъагъуэми. Къапщтэмэ, сэ къэралым и командэ къыхэхам сыщыхэтым улахуэу сом 800 сиIащ. Абы щыгъуэм апхуэдиз лэжьапщIэу зратыр дипломатхэмрэ министрхэмрэт.
1953 гъэм Австрием хьэлэмэт къыщытщыщIащ. Хамэ къэралхэм дыкIуэурэ дадэджэгуу едгъэжьа къудейуэ арати, Мэзкуу и «Динамо»-м сыхэту Венэ щIыпIэ «Рапид»-мрэ «Аустрия»-мрэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр щадедгъэкIуэкIащ. Япэ джэгугъуэм стадионым цIыхур изу къекIуэлIащ икIи псоми зрагъэлъагъуну хуейт я профессионалхэм хущIыхьэгъуэкIэ топ джэгу дэ дыкъызэрыракъухьынур. АрщхьэкIэ япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ ялъэгъуахэр я фIэщ хъуртэкъым. Дэ «къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэм» афIэкIа Iуэху зимыIэ я футболистхэр хэдгъэзыхьырт. Сытми, зэIущIитIми дыщызэрытегъэкIуакъым.
Дыкъежьэжын и пэкIэ хэгъэрейхэм банкет къытхузэрагъэпэщащ. Абы кърихьэлIа журналистхэр, ауан хэлъу, щIоупщIэ ди IэщIагъэ дыдэр зыхуэдэм. Ди гъусэу Австрием щыIэ радиокомментатор цIэрыIуэ Синявский Вадим жытIэнум пэмыплъэу дарегъэцIыху: хэти дысурэтыщIщ, хэти дыавтослесарщ,щIакхъуэгъажьи къытхэтщ. Ар зэхэзых дэ дыкъыщиуду дыдыхьэшхынущи, ерагъкIэ зытIыгъщ. Псом хуэмыдэу «Динамо»-м щыджэгухэр – ар милицэм и командэти, офицер цIэхэр диIэт.

Гум къинэжа зэIущIэ нэхъыщхьэ
- КъызэхъулIа джэгугъуэ нэхъыфI дыдэу къызолъытэ СССР-мрэ Венгриемрэ Европэм и Кубокым къызэрыхах и зэIущIэу 1958 гъэм Мэзкуу щедгъэкIуэкIар. ИужькIэ 1960 гъэм чемпион дыщыхъуа Франджым дыкIуэфын папщIэ венгр лъэщхэр хэдгъэщIэн хуейт. Яшиным фэбжь игъуэтати, гъуэм дэтыныр сэ къыслъысат.
Венгрхэм я гъуащхьауэ Будай джэгум и кIыхьагъкIэ зыкъызжьэхигъауэурэ, «Курва, коммунист» къызжиIэрт, зы хъуэн псалъи дыщIигъуурэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ си пIэм сыкъришыну хущIэкъурт икIи 1956 гъэм Венгрием зыкъыщызыIэтахэр советыдзэм зэрызэтриукIам папщIэ къызэрытхузэгуэпыр къигъэлъагъуэрт.
Сытми, а зэIущIэм 3:1-уэ дыщытекIуащ икIи «Советский спорт» газетыр хуабжьу къысщытхъуащ. ЕтIуанэ джэгугъуэми венгрхэр щыхэдгъащIэри, псоми япэу къэтхьа Европэм и Кубокым и финалым нэхъ пэгъунэгъу дыхъуащ.

Яшиныр цIыху телъыджэт
- Сыт щыгъуи куэд къызэупщIырт: «Апхуэдиз илъэскIэ Яшиным и жьауэм ущIэмыту, нэгъуэщI командэ щхьэ ухэмыхьарэ?» А лъэхъэнэм нэгъуэщIу хъунутэкъым. Футболистхэм я нэхъыбэр зэ зыхыхьа гупым къыхэкIыжыфыртэкъым. КъищынэмыщIауэ, сэ пщIэшхуэу къэслъытэрт зи цIэр жыжьэ Iуа Мэзкуу и «Динамо»-м сыхэтыну. Абы щыгъуэми, дзыхь къызэрысхуащIри, къызэрысщыгугъри наIуэ сщащI зэпытт. Къапщтэмэ, 1957 гъэм, Яшин Лев и лъатэр операцэ ящIауэ сымаджэшым щыщIэхуам, зэпымыууэ «Динамо»-м и гъуэм сыдэтащ икIи Совет Союзым и командэ къыхэхам и тренерхэм гу къыслъатэри, срагъэблэгъащ. Апхуэдэу зы гупым и гъуащхьэтетитI зэуэ абы дыкъыщыхутащ. Езы Яшинри къызэлъэIурт «Динамо»-м сыхэмыкIыну. ИщIэрт Мэзкуу и «Спартак»-ри, ЦДСА-ри, «Торпедо»-ри, Ленинград и «Зенит»-ри ерыщу къызэрысщIэупщIэр.
Яшиныр апхуэдизкIэ цIыху телъыджэти, удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Зэгуэрым, зэIущIэм щIидза къудейуэ, мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ джэгугъуэм абы фэбжь хьэлъэ щигъуэтащ. Губгъуэм щрахыжым, къэгуоури, къызжиIащ: «Белкэ (арат гупыр къызэрызэджэр), дыкъегъэл! Уэращ дызыщыгугъыр».
ЗэIущIэр хъарзынэу есхьэкIащ икIи текIуэныгъэр зыIэрыдгъэхьащ. Джэгур зэриухыу, Яшиным сыщIэупщIэну сымаджэщым сыщыкIуам, IэплIэшхуэ къызишэкIри, къызжиIащ: «Сызэрыпщыгугъауэ укъыщIэкIащ!»
Апхуэдэ псалъэхэр дамэ къыптезыгъакIэт. КъищынэмыщIауэ, псэупIэкIи, улахуэкIи, саугъэтхэмкIи, нэгъуэщI IуэхухэмкIи Яшиным и лъабжьэ зэи сагъэкIуакъым. Арати, Мэзкуу и «Динамо»-р зэи зыкIи схуэхъуэжакъым.

Футбол нэужьым
- Топ джэгуныр 1965 гъэм зэрыщызгъэтар хуабжьу къызэхьэлъэкIащ. Апхуэдизу си гур хэщIырти, стадионым сыкIуэжыртэкъым, телевизор къудейкIэ футболым сеплъыртэкъым, абы теухуа псалъэмакъхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ запыIуздзырт. Сыщыджэгум къысхуэзэхукIэ IэплIэ къысхуащIу, IитIкIэ сэлам къызахыу, сыткIи зыкъысщIагъэкъуэну хьэзыру щытахэм сыкъамылъагъу, гу къыслъамыта защIурэ щыблэкI куэдрэ къэхъурт. Зи къару, зэфIэкI псори фIыуэ илъагъу IэщIагъэм хэзылъхьа дэтхэнэ спортсменми хуэдэу, сэ ар псэкIэ згъэвырт.
Абы щыгъуэми илъэс щэщIым сыщIигъуа къудейуэ сыщIалэт, си къару илъыгъуэт. ГъащIэм щIэрыщIэу хэзэгъэжын хуейт. Футболыр хэмытми, сызэрымылIэнур зыгурызгъэIуэну, адрейхэми хьэкъ ящысщIыну сыхэтт. Сыт хуэдиз лэжьыгъэм а лъэхъэнэм зеспщыта?! Уеблэмэ, экспедитору щIыпIэ жыжьэхэм сыкъыщыщIидзащ.

Налшык къызэрызгъэзэжар
- Апхуэдэурэ илъэс зыбжанэкIэ Мэзкуу си щхьэр щызесхьащ. Щымыхъужым, сыщалъхуа Налшык къалэм къэзгъэзэжащ. Пэжщ, япэщIыкIэ абыи сызыпэрытар топджэгум пэжыжьэ IэнатIэхэращ. ИужькIэ, 1973 гъэм футболымкIэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школым сыкъэкIуащ, Мэзкуу и «Динамо»-м илъэсипщI и пэкIэ къыздыхэта Iэпщэ Александр и фIыгъэкIэ. Футболист гуп къызэрыгуэкI згъасэу езгъэжьащ. Мыгувэу жэрдэм къыхэслъхьэри, пхызгъэкIащ гъуащхьэтетхэр щхьэхуэу дгъэхьэзырыну. СщIэрт абыхэм нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэрэ гъэсэкIэрэ зэрыхуейр.
Срогушхуэ си гъэсэн пщыкIутху командэ лъэщхэм зэрыхэтым. Абыхэм, уеблэмэ, уащрихьэлIэнущ нэгъуэщI къэралхэми. Къапщтэмэ, Радке Къэзахъстаным щоджэгу, Алма-Ата и «Кайрат»-м и гъуэр ихъумэу. Куэдым яцIыху Хьэпэмрэ Биджиевымрэ къищынэмыщIауэ, я цIэр къисIуэфынущ Чихрадзе (ЦСКА-м и щIалэгъуалэ гупымрэ Налшык и «Спартак»-рэ я гъуащхьэтетщ), ПщыукIым (Смоленск и «Искра»), Атэбийм (Рязань и «Спартак»), Къумыкъум (Волгоград и «Ротор»), Кращенкэ (Бахъсэн и «Автозапчасть»-мрэ Налшык и «Спартак»-мрэ), Доткъулым (Налшык и «Спартак»), Къэзаншым (Армавир и «Торпедо»), нэгъуэщIхэми.
А щIалэ ахъырзэманхэм я гъэсэным я гуащIэ ин халъхьащ Налшык дэт футболымкIэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и тренерхэу Хьэмщокъуэ Руслан, Нэгъуей Хьэсэн, Ильин Валерий, Пономарёв Сергей, Морозов Александр, Алдышев Анатолий, Ватиан Григорий сымэ.

Си гъэсэнхэм ятеухуауэ
- Си гъэсэнхэм зыгуэр къахэбгъэщхьэхукIынумэ, ар, псом япэрауэ, Хьэпэ Заурщ. Гухэхъуэщ сабий дыдэу къыпIэрыхьа спортсменыр къэралым и командэ къыхэхам щраджэкIэ. Ар езыми зыгъэсами я пщIэр зыгъэлъагэщ. Заур лъагапIэ ин къехъулIащ икIи абы сропагэ. Ар си деж къэзышар топджэгур зи псэм хэлъ и адэ Залымт. ЗанщIэу къызгурыIуащ гъуащхьэтет бэлыхь гуэр къызэрыхэкIынур. Пэжщ, лъагэтэкъым икIи абы ирипIейтейрт. Зэгуэрым къызбгъэдыхьэри, къыжиIащ:
- Дядя, Володя, фэ фи гупым сыхэвгъэкIыжыну?
- Сыт ар къызыхэпхар? - сыкъэуIэбжьауэ сеупщIащ абы.
- Сэ сыцIыкIущ, - жери и щхьэр ирихьэхащ.
- Умыгузавэ, Заурчик, и чэзум нэсмэ, уэри ухэхъуэнщ. Сэри цIыкIуу сыщытащ, иджы сызэрыхъуам еплъ!
А псалъэхэм и гур игъэсабырыжащ Хьэпэм икIи нэхъ ерыщыжу зигъасэ хъуащ. Дауи, и лъагагъми лъэщагъми хэпщIыкIыу хигъахъуэри, къэралри лъэпкъри зырыгушхуэн чемпион къыхэкIащ. Хамэ щIыпIэхэми екIурэ-ещхьу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Ар нэхъ лъэщщ Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам сыт щыгъуи иджыпсту ираджэ Черчесовымрэ Харинымрэ нэхърэ.
Биджиев Хьэсэнбии куэд хузэфIэкIынут. АрщхьэкIэ зы зэIущIэ закъуэм и зэранышхуэ къекIащ. Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуэм дэту СССР-м и Кубокым и финалым Киев и «Динамо»-м 6:1-уэ къызэрыщыхигъэщIар абы тралъхьащ, и зэранкIэ зы топ закъуэ фIэкIа къыдамыгъэкIами.
Си гъащIэр IуэхугъуэфIхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ икIи Тхьэм фIыщIэ хузощI. УвыпIэшхуэ абы щиубыдащ цIэрыIуэ сызыщIа, ныбжьэгъуфIхэр къызэзыта, дэрэжэгъуэ куэд сэзыгъэгъуэта футболым.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2024 - 11:09

ЛIыгъэщIапIэ

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ хэтщ ди республикэм щыщ щIалэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лIыгъэ щIапIэ йохуэ, псэзэ­пылъ­хьэпIэхэм Iуоуэ, гухэщIи   ялъагъу.

07.10.2024 - 11:07

ХьэпцIейрэ Мэзкуурэ зэпызыщIа гущэхэпхэ

«Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - ап­хуэдэу пхузэдзэкIынущ иджы­благъэ къэралым Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр.

07.10.2024 - 11:06

IэщIагъэм къыдит Iэмалхэр къыдогъэсэбэп

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым ис адыгэхэм я зэпы­щIэ­ныгъэ­хэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэ­быдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъу­мэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ пса­лъэ», «Че

07.10.2024 - 10:54

Къулыкъум пэрохьэ

Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и ­къулыкъум зэ­рыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр ­КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щекIуэкIащ.

05.10.2024 - 09:03

Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ.