Iуэхугъуэ 20-м хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ фокIадэм и 27-м иригъэкIуэкIащ бжьыхьэ лэжьэ­гъуэм и япэ зэIущIэр. Зэрыхабзэу, ар къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм­рэ я гимнхэмкIэ.

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Ульбашев Мухьэрбий ЩIыхь тхылъхэр зыхуа­гъэфэща депутат зыбжанэм яритыжащ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ илъэс куэд ­хъуауэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм зегъэужьыным зи гуащIэ хэзылъхьэ, КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, инвестицэ­хэмрэ хьэ­рычэт IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур, ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр абы иритащ КъБР-м и Пар­-ламентым и Промышленнос­тымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ ­гъуэгу ­IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI ­Гугу Владимир.
КъБР-м и Парламентым и депутат Саенкэ Татьянэ и къалэнхэр щхьэщахащ, Май районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къулыкъур къы­зэрыхуагъэлъэгъуам къыхэкIыу.
Депутатхэм даIыгъащ КъБР-м и ­Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэу­-пIэ-ком­мунальнэ IэнатIэмрэ гъэсы­-ныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэхэмкIэ, ЭкономикэмкIэ, инвестицэхэмрэ хьэ­рычэт IуэхухэмкIэ и комитетхэм Бэ­джыдэ Мухьэмэд хагъэхьэну къызэрагъэлъэгъуар.
ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэ­рал къулыкъухэр зэрыт Реестрым. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и министрхэм я япэ къуэдзэ IэнатIэщIэр ягъэбелджылащ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюд­жетыр 2018 гъэм, 2019 - 2020 гъэхэм ­ятещIыхьауэ» Хабзэм и проектым.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым феде­раль­нэ бюджетым къыхэкIыу сом ­мелуан 583-рэ лейуэ къыхуаутIып-щащ. Абы щыщу сом мелуани 119,30-р трагъэкIуэдэнущ бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэм хагъэхъуэным, пщIэн­шэу хущхъуэ зратын хуей цIыхухэм, - жиIащ КъБР-м финансхэмкIэ и ми­нистрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ ­Лисун Еленэ. - Социальнэ дэIэ­пы­къу­ныгъэр, егъэджэныгъэ IэнатIэр ирагъэфIэкIуэнми а ахъшэм щыщ хуха­хынущ.
ЗэIущIэм етIуанэ еджэгъуэу къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъуэгу фондым и бюджетым теухуауэ» КъБР-м и Хабзэм и 4-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэ­-ным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и проектыр. АбыкIэ я мурадщ гъуэгу шынагъуэншагъэм теухуауэ УФ-м щызекIуэ хабзэхэр къызэрызэпаудамкIэ ирагъэпшын къуэдыр гъуэгу фондхэм ягъэкIуэну. КъищынэмыщIауэ, гъуэгу­хэр зыхуей хуагъэзэн папщIэ, проектым щагъэбелджылащ фондым нэ­гъуэщI Iуэхухэм къыпэкIуэу хэхъуэ иIэнымкIэ Iэмалхэр. Абыхэм ящыщщ машинэ хьэлъэзешэхэм гъуэгур зэракъутэм, хьэпшыпхэр хабзэм къемызэгъыу къызэрырашэкIым, нэгъуэщIхэми къыхэкIыу ирагъэпшыныну къуэ­дыхэр.
Депутатхэр арэзы техъуащ «Пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъахэм ират къэрал дэIэпыкъуныгъэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Хабзэм  и проектым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2018 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам ­теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм ищIа отчетым.
ЗэIущIэм щыхэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ я гъунапкъэ зэпылъыпIэм хуэзэу щыIэ бгым Прохоренкэ Алек­сандр и цIэр фIэщынымкIэ къыхалъ­хьа Iуэхум. КъБР-м и Парламентым ­ЗаконодательствэмкIэ, къэрал ухуэ­кIэм­рэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис жиIащ абы теухуауэ Осетие ­Ищхъэрэ - Алание Республикэм и ­Парламентым зэрызыкъыхуагъэзар, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэми ар зэрыдиIыгъыр. «Зэ­рыф­щIэщи, Прохоренкэ Александр Си­-рием и къалэн щигъэзащIэу щыхэкIуэдащ. Абы и цIэр зыфIащыну къагъэ­лъагъуэ бгыр щIыпIэкIэ Сухонскэ къуршым хуозэ икIи абы укъыщеплъыхкIэ а бгыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щыщу уолъагъу. Аращ ди гъунэгъу республикэм дэ зыкъытхуигъэзэн хуей щIэхъуар. ТфIэ­тэмэмщ а Iуэхур ядэтIыгъыну», - жиIащ Мэлбахъуэм.
Правительствэм хухах сыхьэтым хы­хьэу, зэIущIэм щедэIуащ 2018 гъэм Зыуэ щыт къэрал экзаменыр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIам ­кърикIуам. Абы теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, егъэджэныгъэ программэ­хэмкIэ къэрал аттестацэм (ГИА) мы гъэм хэтащ цIыху 4745-рэ. Абыхэм ящыщу Зыуэ щыт къэрал экзаменыр ятащ 4679-м. ЕджакIуэхэм езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ятыну нэхъыбэу къыхаха дерсхэм ящыщщ обществозна­ниер, математикэр, тхыдэр, биологиер, химиер, физикэр. Нэхъ мащIэм ятащ географиер, информатикэр, литературэр, хамэ къэралыбзэхэр. Къэп­сэлъам зэрыжиIамкIэ, экзаменхэр ще­кIуэкIым лъэпощхьэпо щыIакъым. 2018 гъэм балли 100 къахьащ еджапIэ къэзыуха цIыху 22-м.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.