Уафэбгыкъу и нэлат

Iэта-Ильяс мэдыхьэшхри:
- Насып уиIэти, Нэкъар, абы щыгъуэ уэ утщIыгъуатэкъым. Къэхъуаращи… ПцIыхужыркъэ-тIэ уэ Жэфар и хьэ­лыр? Къэбэрдей адыгэхэм Инал Нэху зэраIэм ирибампIэурэ, езыми модэ Болгар жыхуаIэм къыщалъхуу къэкуэша таурыхъыр «Аспарух и цIэкIэ» къиужьгъыжри… Сытми, къущхьэ-тэтэр хьэблэ зытIущым дэсхэр къэбэрдейхэм яриуштыну Жэфар яужь ихьащ «Аспарух и цIэкIэ».
- НтIэ, а мывэ бгъуэнщIагъхэм зы­щIрагъэIубэжын хуэдэу щхьэншэтэкъым къущхьэ-тэтэрхэр: зэхыхьэри Жэ­фару плъагъур, дэри дригъусэу, кърахужьэжащ.
- ЖумыIэт апхуэдэу, нэгъуей, - Абрэджыр пIащIэу Iэта-Ильяс пэроуэри, Нэкъар деж зыщиузэхуж щIыкIэу: - Къущхьэ-тэтэрхэм Жэфар жиIэхэр къызэрыхуамыгъэдахэр къыдгу­ры­Iуэри, дэри Бэхъуным дегиящ. ГурыдгъэIуащ зыми ар къызэрыхуимыдэнур. Абдеж езым и закъуэу къыщыднэри, уэ уэщхьу, ди занщIэр ди гъуэгуу, дыкъежьэжащ.
- Жэфар апхуэдэу фызэгияр? Хуабжьу мэпщIантIэ ар фэ къэвгиям папщIэ! УвыIэн фи гугъэжу ара? - Нэкъар Абрэджым Iурыплъэри, и щхьэ жэ­уап иретыж: - УвыIэнукъым-тIэ!
Мамсырыр иджы егупсысырт: «Кърым хъаным и дзэхэм къущхьэ-тэтэрхэри хашэну иужь итщ мы сэ ­слъагъухэм. ДощIэри, ари хъарзынэщ. Къэбэрдейхэри жыIэзыфIэщщ армыхъумэ, къущхьэхэм я нысашэхэм хэту, шыгъупIастэ зэдашхыу… я пащIащхьэ джэдгын зэрытрищIэм щхьэ гу лъамытэжрэт? Мырзэбэч трилъэфэну хэтщ кърымхэм я мурадыр. Насып диIэти, мы нэгъуейр и тIуалэм хуитыжкъым. Плъагъуркъэ Мырзэбэч къызэ­рыцыджар! Аращ-тIэ, сыпщIэншэрызекIуэтэкъым мызыгъуэгукIэ. Адыгэ­хэм ягурызгъэIуэн сиIэщ иджы».
- Плъагъуркъэ а Нэкъар зэрыIущыр? - Мырзэбэч нэгъуейм йоупщI. - Сэ зэи шэч къытесхьэртэкъым абы и Iущагъым. Уэ, Нэкъар, икIи унэхъыщIэт, мыдэ, зы лъэIу пхузиIэщи… Си щIалэр сэ сэщхьу хъыжьэу цIыхухэм яIуатэ. Сызыхуейрат: Бэлэтокъуэпщым и жылэ унэсрэ, щIалэм адыгэ хабзэкIэ «НакIуэ!» жепIэу къысхуэпшатэмэ. Узэ­гуакIуэр пхуэзлэжьынт, ар къысхуэпщIэтэмэ!
«Мисыр! КъыфIыдихуащ иджы, шы лIа хьэ енэцI нэхъей, Мырзэбэч си Iуфэлъафэр къыщIихъухьар… Хьэуэ, тIасэ, уи фIэщу апхуэдэмкIэ укъы­зэлъэIуамэ, удэгу-набгъэу аращ абы къикIыр, - егъэщIагъуэ жаней абрэ­джым, - насып джэшыр IэгубжьэкIэ къыпхуэсхьыну ухуейти!»
Мамсырыр Iэта-Ильяс нэбгъузкIэ хущIоплъ, модрейм и нэ зэвитIыр нэхъри зэхуишауэ, Мырзэбэчым гу къылъимытэху йоплъакIуэ. ТIури зыпэплъэр Нэкъар и жэуапырт. Мамсырым акъылкIэ хузэпыщэртэкъым нетIэ, къы­зыфIимыгъэIуэхуу Мырзэбэч и щэхур утыкум къизылъхьа нэгъуейр, иджы былътырыкум ещхьу зиуды­гъуауэ лIитIым зэпахынум щIыпэплъэр.
Ауэ щыхъукIи, Нэкъар зыхищIакIэт нэгъуейм и щэхури, и фейдэри зэрызэрыIыгъыу а жэуап къуэпсым къызэрырилъэфэжьэнур. «Сыт ар?! Зэт… Мырзэбэч и къуэм IущIэну зэрыщIэупщIэр, дауи, е Бэлэтокъуэм, е Быжым езгъэщIэнщ. Ар гурыIуэ­гъуэщ. Ауэ аркъудейуэ пIэрэт Абрэдж-къуаргъыжьыр мы щIыпIэм къыщIеуэсар? Шэчыбэ иджыри изощIэкI».
- Зыри къыспэбдзыжынукъэ, Нэ­къар? - Мырзэбэч жэуапым пэплъэурэ ешат.
- Зэхэсхакъым жыпIар.
- ТIэужыIэ сщIыуэ сесакъым, Мамсыр. Шэсыжи ежьэт!
Мырзэбэч и хьэл IуэнтIар фIыуэ зыцIыхуж Iэта-Ильяс лIым Iуплъэри къыгурыIуащ иджыпсту ар гъэундэ­рэщхъуэн зэрыхуейр:
- Мырзэбэч, шэджагъуэ нэужьым. Алыхьу лъагэрэ лъэщым... - здыжиIэм, нэгъуейм и жьэпхъэбгъур къыщIэ­хуауэ къанэри, къыкъ ищIурэ, хуэш зыхыхьэ и Iэбэлагъыр кIэзызу мэз ­хуеймкIэ ишиящ. Шу зыбжанэ ущу къы­кIуэцI­рыкIырт: - Хэт мор? Бэлэтокъуэпщыр?..
Блэ Iуплъам хуэдэу, Абрэджым зыIэзыбжьэу шым зридзащ. Мамсырым дежкIэ епсэлъэкIри:
- Узыхущысыр?
- Дызэшууэгъут-тIэ уэрэ сэрэ? - хупогуфIыкI абы жаней абрэджыр.
Мырзэбэч шыр лъэхъуфIу еутIыпщри, хьэмкIэу мэз гуэрэнымкIэ еунэтI. Нэгъуейри, хьэмкIэлъэхъуу абы кIэлъо­пIащIэ. шууитIыр гуэрэн Iувым хэ­кIуэ­та нэужь, Нэкъар зыкъеIэтри, и цеищ­хъуэм йосэбауэ, къамэ-бгырыпхыр зэрегъэзахуэ, пыIэ хъурыфэ лъагэр зыщ­хьэрегъэзэгъэжри, шууитху къэб­лэгъам мыпIащIэу япожьэ:
- ФIэхъус апщий! ФыпIащIэу щытмэ: «Гъуэгу махуэ!»
- Уэра ар, Нэкъар? - Бэлэтокъуэпщым къицIыхужащ фIэхъускIэ къыпежьа лIы къуэгъур. Пщым жьы щIэту шум зыкъригъэлъэтэхащ. Бэлэтокъуэм иужь иту епсыхащ и шу гъусэхэри.
- Гуапэ сщыхъуащ, зиусхьэн, абазэхэ лъэпкъ хасэм дызэщызэрыцIыху лъандэрэ сызэрумыгъэгъуащэр.
- АдыгитI зэрыгъэгъуэщэжмэ, Мамсыр, ди дунейр къэщэщэжынщ. Хабзэкъыми, дыноупщIынукъым мо щIэп­хъуэжа шууитIыр зи хэтым. Уэращи, нытхуеблагъэ. Ди жылэ мыбдеж ­гъунэгъущ.
- Тхьэм фиузэщI, зиусхьэн. Сигу илът уи деж сынекIуэлIэну. Уи пхъурылъхур, Даур, слъагъун папщIэ, сынэкIуэнути, мо IукIыжа шууитIым сагъэгуващ. Пэ­жыр жысIэнщи, уэри сыно­мып­сэлъылIэу хъунукъым, адыгэ Iуэху зэхэмыбз гуэрхэм ехьэлIауэ…
- Неблагъэ, Нэкъар. Си пхъурылъхур Мэ­хъуэшым IуэхутхьэбзащIэ дгъэ­кIуащ.­ Нобэ-ныжэбэ къэсыжыну ды­поп­лъэ. 
Бейгуэл нэхъыжьым пIейтейуэ:
- Зиусхьэн, мо шухэр жыжьэ IукIынущ… Япэ итар Абрэджырауэ хузогъэфащэ.
КIэмыргуеипщыр мамыру погуфIыкI:
- Андемыркъан, къыдыхьэр ду­мы­хуж, дэкIыжыр умыубыд.
XVIII
Кърым хъаныгъуэм и жылагъуэ унафэхэр зезыгъакIуэ Бахъшысэрей Диваныр нобэ-пщэдей зэхыхьэнут. Миншакърэ Мэремрэ кърихьэлIат Бахъшысэрей къалэм и зэхэвэ-зэхэжьэгъуэ дыдэм: дэнэкIэ зыгъази, гъуохэр шууэ зэхэзекIуэрт. Хъанхэм хабзэ зэрахуэхъуауэ, щIыналъэм исхэм хъыбар ирагъащIэрт зэхуэсышхуэр щIызэ­хыхьэнумрэ щызэхэтынумрэ. Бахъшысэрей къалэм и хьэблэ пхыдзахэми къалащхьэхэм пэжыжьэ жылэхэми нэсырт иджы а къэрал гъуохэр.
Зауэр щыIэнрэ щымыIэнрэ зэхуэ­сышхуэм зэрелъытари, зэпэщIэувахэр мамырыгъэкIэ зэIэпыкIыну кърымхэр зэрыгугъэхэри жаIэурэ гъуохэм муслъымэнхэр къыхураджэрт Алыхьым елъэIуну. Апхуэдэу къыхуезыджэхэм пIалъэ-пIалъэкIэрэ къыхагъэщырт Тыр­кум и сулътIан Ахьмэд Ещанэмрэ Кърымым и хъан пажэ Хьэжджэт-Джэрий Езанэмрэ я цIэхэр. Диван зэ­хуэсышхуэм зэхэзекIуэрэ хьэргъэшыргъэрэ муслъымэнхэм ирамы­щIэкIыну лъаIуэрт гъуохэр. 
Бахъшысэрей зи щыпэлъагъу Джэ­рыджэр псоми щIэщыгъуэнэкIэ еп­лъырти, и къэуIэбжьыным кIэ иIэтэкъым. Дауэт зэримыгъэщIэгъуэнури? Утыкушхуэхэм изу итт хьэщпакъ кусэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм щамыщэр укIуэдыжт: ерыскъыпхъэ зэхуэ­мыдэхэм щегъэжьауэ Мэрем зэи зытемыплъа, зищIысми зыри химыщIыкI хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ гъущIыкIэ е пхъэхэкI Iэмэпсымэхэмрэ щимыухыжу. Мыбдеж куэдыщэу щы­зэблахырт щIэрэ гъунэрэ зимыIэ щэкI лIэужьыгъуэхэр: къэдабэу, упщIэу, дарийуэ, лъахъстэну, данэу. Хьэуазэ уэншэку Iэтэхэм къабгъэдэлът упщIэ лъэгурыдзхэмрэ алэрыбгъу зэпэплIимэ цIыкIухэмрэ… Дэтхэнэм уеплъын, дэтхэнэми ущIэупщIэн?
- Бжьэ матэм хуэдэщ мы дыкъы­зыхыхьар… - щхьэхуэпсалъэ ещI Джэ­рыджэм.
- Ыхьы… хуэдэщ. Бжьэ… матэм… - гуп­сысэ жыжьэ гуэрхэм дэгу-дэгуу ­къапхопсэлъыкI Миншакъ.
Бахъшысэрей бэзэрым тета адыгэ бзылъхугъэр къэбэрдей лIитIым къа­зэрыкIэлъыбгэрэ Ашабэр хэгупсысэ псэлъэгъуей хъуат. Абы лъандэрэ махуитI-щы дэкIыжа пэтми, Миншакъ иджыпстуи зилъагъурт а бзылъхугъэм и пащхьэ иту. Ашабэр цIыху зыбжанэм яхуэзакIэт а махуэхэм къриубыдэу. КъызытекIухьа Iуэхум ехьэлIауэ лIым, мызэ-мытIэу, Пафос къахуигъэлъэ­гъуа лыщапIэми тригъэзат. 
ЛыщапIэм щIэт лIыжь тхышэ цIыкIур, напщIэху хъужауэ, къанлыфэт. Псом хуэмыдэжу Ашабэм къыщепсалъэкIэ, шхыдэрэ далъэрэ нэхъей, зихъу-зилъ къыфIэщIырт Мэрем. «Ярэби, Мин­шакъ­ мыбы зэрыщыгугъыу къыпихынур сытыт?» - егупсысырт щIалэр. Ауэ щыхъукIи, ХьэтIохъущыкъуей къы­щыдэкIа махуэ лъандэрэ, Ашабэр иджыпсту хуэдэу нэфIэгуфIэу Мэрем зэи илъэгъуатэкъым.
Ичынды нэужьым къэбэрдей лIитIыр тыкуэн цIыкIум аргуэру Iухьащ. Миншакъ мызыгъуэгукIэ куэдрэ зимыIэжьэу къыщIэкIыжри:
- БжесIаи, зыгуэр къыддоIэпыкъури къытщхьэщытщ жысIэри, - и Iупэхэр къемыдаIуэу фIызэтож лIым.
- Апхуэдизу хъущIэу къыбжиIар ара? - егъэщIагъуэ щIалэм.
- Аркъудейкъым. ЖаIэркъэ, «Бэгу зиIэ тIэхъуалэщи, бампIэ зиIэр псалъа­лэщ». Ари цIыхущ, муслъымэнщ.
Сыту куэдыщэм щIэупщIэуну хъуап­сэрэт Мэрем! АрщхьэкIэ къригъэзэгъыфар:
- Сыт лъэпкъ хъуну а напщIэхур?
Ашабэр мэдыхьэшх:
- Мис абыкIэ сеупщIыну сигу къэкIакъым… Пафос хуабжьу мыбы дзыхь ­хуещI. Аращ дэркIэ нэхъыщхьэр.
- КъызгурыIуэркъым, дауэ шыл зэрыпщэнур!
- Ящэхуми!
- Шыл дауэ, Миншакъ, зэрыпшхынур… ущымыхьэIуцыдзкIэ?!
- Тебгъапсэурэ тебгъэхуэпащ, Джэ­рыджэ! ХьэIуцыдзхэм я хъангуащэм хуэпщафIэр мы тыкуэнырщ щыщахуэр. 
Мэрем и набдзэ фIыцIитIыр холъэтри, гугъэр зыщIэз нэ пIащэхэр Миншакъ треубыдэ:
- ХьэтIатI ипхъури?.. Уэ жыпIэну узыхуейр?.. Сурэт?
Ашабэр Мэрем и дамэм тоIэбэри:
- Пшапэр зэрызэхэуэу гъуэгу дытохьэж. Iуэху щыдиIэжкъым мы къалэ угъурсызыжьым. Алыхьым и фIыщIэщ!
Лъэбакъуэ зыбжанэкIэ нэхъ япэмыжыжьэу кIий-гуо макъ къэIури лIитIым я зэпсалъэр зэпыудащ. Зи сэ къуаншэхэр зэуэ къизыпхъуэта тэтэритIыр щхьэж и дэщIэгъу и щIыб къыдэтыжрэ ерыщу зэпэщIэтт. Зым и нэкIубгъур лъыкъуалэти, уIэгъэр Iэщ­хьэ сэмэгукIэ ирилъэщIэхыурэ и пэщIэ­щIэгъу нэхъ щIалэIуэм епыджыжыну илъырт. Къэзыухъуреихьахэри езы зэзауитIри щIэчэ ямыщIэу, зэпэкIиижхэрт. Миншакъ плъэуэрэ даIуэри:
- Плъэгъуа иджы, Мэрем? Адыгэхэм ди закъуэкъым лъэпкъ зэдауэм и­хьыр…
- Яхуэмыгуэшыр сыт мыбыхэм?
- Зауэ хуейхэм ящыщщ зыр. Адрейр…
- Диваным унафэр къищтэмэ, бгым джэдыкIэкIэ еуэ. Сыт мыбдеж ущы­зэзэуэжкIэ? - жиIэурэ тэтэр щIалэ Iэпщацэм сэ къуаншэр IэкIуэлъакIуэу зэ­ригъэджэгум Мэрем и нэр къытримыхыу кIэлъоплъ.
- Я щхьэ зэрыхьщ. Диваным и сэбэп дэ­ри мымащIэу къыдэкIащ мы­зы­гъуэгу­кIэ, - погуфIыкI Ашабэр.
- Ар сыту? - къыгурыIуэркъым Мэ­рем.
- Диваныр зэхэсыху хъангуащэ гъэ­фIар тенджыз Iуфэм Iут и унэшхуэм щыпсэунущ. Аращи, пщэфIакIуи жьы­щIакIуи хъангуащэм и ужь иту, ныщхьэбэ Бахъшысэрей гухэр докI.
- ИтIанэ-щэ?..
Мэрем зыщIэупщIам жэуап игъуэтыну хунэсакъым. Ашабэм зэуэ зричри:
- Шым! Шым закъыIэщIиудащ, Джэрыджэ!
- Адыгэшщ ар… - Iэнкуну маплъэ Мэ­рем.
- ЩIыIэнэщIым деж… Жасыр къыщихьэм! - и жыIи и щIэпхъуи зыIэзыбжьэу, Миншакъ цIыху Iувым хэбзэхащ.
… Мазэр еIэжауэ Миншакърэ Мэремрэ нэсыжащ Каприди Пафос щыпсэу жылэ цIыкIум. Хьэ щхьэукъуахэр щхьэхынэу къапэгурымри заущэхужрэ пэт, Пафос унэм къыщIэкIащ. ШууитIыр иригъэпсыхри, Iэдэжу яIыгъ шы ещанэм зэрыIуплъэу: - Дэнэ мыгъуэм къиукIт мыр… Чабар мырзэм и уанэшыр къефхужьауэ арщ, адыгэхэ!!
Шыр къызэраубыда щIыкIэм Каприди щыму щIэдэIури:
- Насып дэ диIэти, цIыхум я зэгъэжыгъуэу фыкъыдыхьащ. ЗыфIэжьэ хъунукъым. Иджыпсту гъуэгу фытохьэж!
Мэрем зыгуэр жиIэну зэрыхуейм гу лъита щхьэкIэ, лIыжьым пIащIэу:
- Укъыспэрымыуэ, щIалэ. Сэ гъащIэ слъэгъуащ. Мы шыр псоми яцIыху. ЗывмыIэжьэ. Хыдэж Iуфэм иджыпстуи къыщыфпоплъэ си лъэпкъэгъу щIалэ Думитрий. Шыр зейр абыи жевмыIэ… Мыдрей Iуэхухэр псори тэмэму зэхуигъэкIуащ абы. Къулъшыкъум ирихьэлIэу фи пщащэхэр щэхуакIуэ къытехьэнущ хъангуащэм и зыгъэпсэхупIэм пэгъунэгъу бэзэр цIы­кIум. Миншакъ, сэ Думитрий уэ бгъэув уасэмкIэ сыгурыIуакIэщ. ЖиIэр ет… Къилэжьащ. ЩIалэр бзэ быдэщ, - Пафос Джэрыджэм зыхуигъазэри: - Иджы, Мэрем, сынодаIуэ. Сытыт жыпIэну узыхуеяр?
- Къысхуэгъэгъу, Пафос, - жеIэ щIалэм, Миншакъ хуеплъэкIыурэ, - сигу къызэфIэзэрыхьауэ арщ. Тхьэр арэзы къыпхухъу, хуабжьу укъыддэIэпы­къуащ. Ауэ… мы къэдубыдыжа шыми зы унафэ тетщIыхьын хуейщи…
- Сыт щхьэкIэ, Мэрем, шыр здэт­шэжыну дыкъыздэкIуэм унафэ тщIатэкъэ? ХьэтIохъущокъуэхэ я лъэпкъ дамыгъэ телъщ абы.
- Пэжщ, Миншакъ. Ар Iуэху щхьэпэщ. Шыр хуэтшэжынщ зейм, - Мэрем аргуэру къэгуфIэжауэ адыгэшым Iэ делъэ: - Флъагъурэ, адыгэбзэкIэ уепсалъэмэ, псори къыгуроIуэ!
Джэрыджэм къепэмыурэ шыр папщэрти, и тхьэкIумэхэр ишэщыIрт, и жьэлъэтIанэр дзэлытI ищIырти, пэщхъынхэр игъэпIэжьажьэурэ аргуэру зимыгъэнщIауэ памэрт. Шым и щIыфэм ирижэ хуэш тхытхым еплъурэ Миншакъ:
- УфIэфIмэ, Мэрем, мис мы Пафоси адыгэб­зэкIэ епсэлъэфынущ. Тхьэмадэм къыхуэдгъэнэнщи дызэ­фIэ­кIащ, - щIалэм жиIэнум поплъэ Миншакъ. 
Мэрем и нэгу къызэфIэзэрыхьам Пафос дыпыгуфIыкIри:
- Умыгузавэт, щIалэ. Пэжщ, сэркIэ шым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Си гъащIэ кIыхьри си жьыщхьэри шым епхауэ сыпсэуащ. Иджыри сопсэу, ауэ цIыху цIыхум хуэмысэбэпатэмэ, мы дуней иныр къутэжынт… Думитрий фыгуры­Iуэнущ… Абы ещIэ, нэхъ езэгъыраб­гъуу, ХьэтIохъущокъуэхэ я шыр зэп­рыфшыж зэрыхъунури. Гъуэгу махуэхэ! СыхьэтыфI Тхьэм фыхуишэ.
Каприди и шым Миншакъ шэсыжщ, адыгэшым и уанэгу Мэрем итIысхьэри, жэщ кIыфIым хыхьэжащ къэбэрдейхэр. Кърым уафэр аргуэру вындыкIэ вагъуэншэт, апхуэдэ дыдэуи зэхэуфат Ашабэм и гупсысэ зэхэмыбзхэр. Зыми ищIэртэкъым гъуэгу тетхэм къапэплъэр. Лъэбакъуэм и къуагъ Iэджэ къузгъун къуэлъщ.
«Уемыгупсысыххэмэ нэхъыфIщ…» - игукIэ жиIэурэ и щхьэкIэ зегъэудэIуж лIым.
- Миншакъ, мы Каприди и шыр зы хьэлэмэт гуэрщ, - зыкъомрэ щыму кIуа нэужь къопсалъэ Мэрем.
- Сыт? Иджы мыбы уехъуэпсэжауэ ара? - мэдыхьэшх Ашабэр.
- Хьэуэ, Iэгъу! ЗэрышыфIыр жысIэу аркъудейщ.
- Армэ, Iуэхукъым. Мыдэ, махуэщIэм зэщIыгъуу фIэхъус едгъэх!
- Дышууэ хьэмэрэ депсыхын?
- Депсыхынщи, шы IумпIэхэр тIыгъыу ди Дыгъэм дыIуплъэнщ, - жиIэурэ Миншакъ и лъапэр лъэрыгъым кърех.
Мэрем епсыхри, Iэ ижьымкIэ шхуэмылакIэр иIыгъыу, Iэ сэмэгур уэркъхэм зэраIэтым ещхьу иIэтащ. Щыму Дыгъэм епсэлъа лIитIыр иджы шэсыжауэ аргуэру ущырт. Щхьэж и гупсысэ и псэлъэгъужти, тIури щымт. Нэху щырт. МахуэщIэр уэгум къиувэрт.
- Сыт, Джэрыджэ, иджыри узыщIэхъуэпсыр?
- Сэ сызыхуей псор уэ дауэ бжесIэнт, тхьэмадэ… Дыгъэм хуэсIуэтащ и нэхъыбэр. ШкIэплъыфэу си махуэр ­къизыIа мо Дыгъэм къыздещIэ, Мамсыр Нэкъар ещхьу, сэри згъафIэм и гурыфIыгъуэр.
- КъызгурыIуащ, Мэрем, - Ашабэм зэпеуд щIалэм и псалъэр.
Мэреми укIытэжауэ:
- Бахъшысэрей зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэр иухауэ къыщIэкIынщ иджы.
- Умыгузавэт уэ. Зэхыхьами зэхэкIыжами Тыркум и жыIэр Кърымым и унафэщ. Шум лъэсыр лъэщIыхьэн?
- Лъэсыр Кърымыра, Ашабэ?
- НтIэ. Кърым хъанхэм дэ дылъэсу дыкъалъытэ, Тыркум кърымхэр зэры­фIэлъэсым ещхь дыдэу. Ар къулеймрэ факъырэмрэ я дуней зэхущытыкIэщ.
- Дэ дыфакъырэкъым икIи дыпщылIкъым. Дэ дылъэпкъ щхьэхуитщ. Зыми еттынукъым а ди щхьэхуитыныгъэр.
- Дэ, Мэрем, Iэпхъуамбэ жыIэмыдаIуэ зырызу зызэкIэщIэзыгъэпIие Iэ­бэ­лагъым дрещхьщ. Зызэдэдгъэшрэ зызэкIуэцIытлъхьатэмэ, ауэ сытми IэштIым лъэщт дэ къытхэкIынур! АрщхьэкIэ Iэпхъуамбэ къэс ерыщу шэщIауэ зегъэпIий. Тыркумрэ Къры­мымрэ, адрей тэтэр-нэгъуей лIакъуэ­хэр къахэтыжу, зызэкIуэцIалъхьащи, зы IэштIым лъэщу здыхуеймкIэ мауэ, зэуэри ирауд. Аращ ахэр зыгъэтепщэр. 
Миншакъ Iэдакъэжьауэ ищIурэ:
- Си гугъэмкIэ, мес хъангуащэм и зыгъэпсэхупIэ лъапсэр. МодэкIэ бэзэрри солъагъу. Мыбдеж щыщIэдзауэ Думитрий и унэр здэщыIэ хыдэжри жыжьэжкъым. Ярэби, къэтхьэсауэ пIэрэ-тIэ ди Кърым гъуэгуанэр...
Мэрем пIейтейуэ Ашабэм хуоплъэкIри игукIэ: «Еплъ аргуэру абы и шэчхэм!» - жиIэу хокIиикI. ЩIалэр зытес шыр, зэрешар тесым къригъащIэу иувыкIырт. Мэрем шым игу щIэгъуу Iэ дилъэрт. Абы ищIыIужкIэ, Ашабэм шэч ирещIэкI гъуэгуанэм и кIэухым.
- Миншакъ, хыдэж Iуфэм дыIуоплъэ, жыжьэми. Мыдрей псори дызэрызэгурыIуам тетщ. Сыт-тIэ уи гурыщхъуэр иджыри?
Ашабэм щIалэм къыжриIар зэхимыха хуэдэу щхьэдегъэIухри:
- АдыгэщI дытеувэжмэ…
- Ари хэлъщ. Псы икIыпIэм сынэмысу, си цейкъуащIэр щIэспхэу арагъэнщ. 
ШууитIыр бгы лъапэм щынэблагъэм абыхэм къапежьащ зи пащIэ-жьакIэр фIыцIэ Iуву зэщIэкIа щIалэ напщIэуфэ. Ар алыдж Думитрийт. ФIэхъус нэужьым алыджым тэтэрыбзэкIэ:
- Iуфэр фIыгъыу фрикIуэ. ИкIыпIэм деж цIыху къыщыфпоплъэ. Сэ си нэIэ фтезгъэтынущ. Фыслъэгъуакъым - сыкъэфлъагъужакъым.
Миншакърэ алыджымрэ иджыри зыгуэрхэр зэжраIащ. Ашабэм и уанэ щIагъым къыщIиха чысэр щIалэм IэщIилъхьэри шэсыжащ.
- Сыт абы къыбжиIар? - мэпIейтей Мэрем.
- Джэрыджэ, шэч къытепхьэу ара иджыри? Псори дызэрыхуейуэ мэхъу. УкъимыкIуэт, щIалэ!
- Алыхьым и шыкурщ! Миншакъ, мы Пафос и шыр иджы дауэ зэрыхуедгъэшэжынур?
- Умыгузавэ, абы щхьэкIэ, Мэрем. Ди щхьэ кърикIуэнур сщIэртэкъыми, Каприди шым и уасэр къыхуэзгъэнат…
- Алыхьым и шыкурщ! - игу псэхужыпащ Джэрыджэм.
Ашабэр иджы пыгуфIыкI зэпытт.
- Дыщэм псэ Iумыт щхьэкIэ, Мэрем, псэ зыIут цIыху цIыкIухэм я пIалъэр щыму зэрегъэзахуэ. Апхуэдэщ дунейр; псоми уасэ яIэщ. 
- Иджы си псэр тыншыжащ, - мэщатэ Джэрыджэр.
- Мыдэ Налмэс уIуплъа нэужь, тлъагъунщ а уи псэм адэкIэ зэрызищIри! - мэдыхьэшх Миншакъ.
Къэбэрдейм къызэрикI лъандэрэ иджыпсту ещхьу хуиту зэи дыхьэшхагъэнтэкъым Ашабэр. КъигъэщIа илъэс щэ ныкъуэр зи кIыхьагъым лIыр куэдрэ зэхэгъэкIыпIэ ихьат, нэхъыбэжрэ ажалым нэIурыту Iуплъат. ИтIани, ахэр дапщэщи езым и щхьэ елъытыжа Iуэхугъуэти, лIыр игурэ и щхьэрэ зэтелъу, ажалым хуэкIуэрт. Кърым гъуэгуанэр, дауи, нэгъуэщIт: мыр кIыфIым хэту Iэбэрабэ цIыхум игъэвым нэхъ ещхьт. Мызэ-мытIэуи къызэфIэзэрыхьат Ашабэр. Апхуэдэхэм деж зэрызиущиижыр: «Миншакъ, уэр фIэкIа Налмэс гугъапIэ иIэкъым. Удзыхэ хъунукъым, лIы! Уи пхъурылъхум, уикIуэтмэ, лей къытехьэнущ!
Джэрыджэмрэ Ашабэмрэ къежьэ­жын и пэ къихуэу (къыщысам ещхь дыдэу) псэ къабзэкIэ Алыхьым и пащхьэ иту лъэIуахэщ: «Iей зигу къытхуилъым дыпэгъэIэщIэ! Гъуэгуанэр тхуэ­узэщI! Уи къару лъэщыр ди Iуэху дахэм къэрэгъулу къыщхьэщыгъэхьэ!»
Хыдэж икIыпIэм Iут кхъухь щхьэгуэм тIэкIу-тIэкIуурэ цIыхухэр тез хъурт. Думитрий алыджым къызыфIимыгъэIуэхуу блэкI хуэдэурэ гъунэгъу закъыхуищIри:
- Шы IумпIэхэр фубыдыжи, фытеувэ иджы кхъухь щхьэгуэм. Псори тэмэмщ.
Мэрем гужьеяуэ алыджым йоплъ: «Пщащэхэр дэнэ здэщыIэр!» - къащIэкIиикIырт Джэрыджэм и нитIым. Думитрий ар къыгурыIуэри, Ашабэм дежкIэ мыплъэу епсэлъэкIыурэ:
- Мо бзылъхугъэ гупым яхэтщ тIури. Гъуэгу махуэхэ!
Кхъухь щхьэгуэр фIэдзапIэхэм къыкIэратIэтыкIырт. Мэрем и гур къилъэтыну къеIэрт. Налмэс иджы къи­лъагъуну хуейуэ нэкIэ къилъыхъуэрт щIалэм, ауэ щыхъукIи, къилъагъункIэ шынэу, и нитIыр ирихьэхыжт. Абы иджыри ищIэртэкъым пщащэр езым нэхъапэж къызэрыIуплъакIэр.
- Мэрем! Мор Мэремщ… -
къиIущэщурэ къызэфIэмэха Налмэс и натIэ фагъуэм Сурэт гузэвауэ Iэ дилъэрт. ХьэтIатI и пхъум зиплъыхьурэ цIыху ­Iувым къахицIыхукIащ адыгэ лIитIыр. Жаней пщащэр пыIэжу уафэм дэп­лъейри:
- Уи шыкурщ, ди Дыгъэ!
Налмэс и нэхэр зэтрипIауэ гупсысэрт: «Мэрем! А зэрыщытащ: щIалэ псыгъуэ щхьэпэлъагэу. И пащIэ-жьакIэр фIыцIэрэ дахэу тегъэщхъауэ… И нитIыр-щэ! Мэрем и нитIыр…» Пщащэр укIытапэурэ Джэрыджэм дежкIэ ­къаплъэри, Мэрем и Iуплъэгъуэм щтэ­Iэщтаблэу къыIууащ. 
«Алыхьым и шыкурщ! - игукIэ къызэфIэзэрыхьауэ Iущащэрт Мэрем: - А зэрыщытащ, нэкъуэлэн набдзэ ­къурашэу, си пщащэ псыгъуэ къабзащэр а зэрыдахэкIейщ!»
Кхъухьзехуэ пщыкIухым я пхъэхьэнцэхэр зэдызэщIахури, кхъухь щхьэгуэр псым техьащ.
Хы Iузэв адрыщIымкIэ жыжьэу къы­щылът Чыдэш ХьэтIатI щыпсэу жаней лъахэр. Къэбэрдей лIитIым къапэплъэурэ яшхэр яхуэзыхъумэ жанейм иджыри ищIэртэкъым и дуней насыпыр хыдэжым къызэрытехьар. 

XIX
Махуэр кIуат. Зи къухьэжыгъуэ фIэкIыпIэншэм еувэлIа дыгъэр, щIымкIэ зимыгъэнщIауэ, къызэхъуэпсэ­кIыжырт. Зызэпалъэфурэ иджыри заукъуэдиижырт пшэ пытхъахуэхэм. Абыхэм я гъуанэпщIанэ цIырхъхэм пщIып­щIурэ дыгъэ нэщIащэ къы­зэпхыплъырт. Шылъэ макъым бзухэр дыщIэлъэтырти, гуп Iэрамэ защIурэ чыцэ гуэрэнхэм зыхагъэпщкIуэжырт. Шы лъэдийхэр банапцIэ псыIэм Iуву зэщIиблат.
Шыр есу зыгъэущ Бэлэтокъуэпщым и ужьыр яIыгъыу щэхуу зэдэуэршэрыжырт бейгуэл шу гъусэхэр. Мамсыр Нэкъар зэресагъэжьу, Iэгъуэблагъэр гукIэ щIищыкIыурэ, Iуплъэгъуэ кIэщIкIэрэ абыхэм ящIэплъыкIт. Бэ­лэрыгъыу есатэкъым жаней аб­рэджыр.
Къыр задэ щIэкIыпIэхэм шухэр щынэблагъэм, Мамсырыр зэуэ Iуп­лъащ бгыщхьэ къэракъэм къиува шу закъуэм. Шым и лъэр темыпыIэу зэблигъэувыкIырт: лIы пIейтейр абы гумызагъэу зэрелъэдэкъауэр нэры­лъагъут. Зэм зричын хьэзыр зыкъищI­рэ, арыххэуи къыжьэдакъуэж шым и уанэгу исым зэрызигъэпIийм шэч мащIи хэлътэкъым. Нэкъар ар фIэ­дыхьэшхэн хъуауэ плъэри:
- Мес, зиусхьэн, тафэри и Iэслъэсу зэмэщIэкI Мырзэбэч иджы бгыщхьэ задэм зыкъыщегъэдалъэ.
- Ы-хьы! Абдеж тетмэ, кърым ­хъаным, дауи, гу нэхъ къылъитэнщ… Щыри Даур фыпежьэт! - пщым бейгуэл нэхъыжьым иреIуэкI. - А лIым и напэм сыти тригъэхуэфынущ… Модрейри сыту пIэрэт нэхъ зыхуейр? Мэз лъапэмкIэ мо къиплъращ зи гугъу сщIыр... Сыщымыуэмэ, ар Абрэджым и дэкIуашэ нэгъуеижь цIыкIурщ.
- Ущыуэркъым, зиусхьэн, - къопсалъэ Андемыркъан бейгуэлыр, - нэ­гъуейрщ ар. Iэта-Ильясщ.
- КъафщIэт ари зыхуейр.
- Гу зылъыстаращи, - жеIэ Нэкъар, - Мырзэбэчрэ Iэта-Ильясрэ я кхъуэщы­ныр къутэжащ. ЗэпэщIэтщ а тIур зы щхьэусыгъуэ гуэркIэ. Мыдэ, езы нэ­гъуейм къегъэIуатэ и пэжыпIэр.
Бейгуэлхэм Iэта-Ильяс здэщытымкIэ яIуэнтIащ. Куэдри зэмыпсалъэхэу, нэгъуейр а шухэм къабгъурыувэри, Бэлэтокъуэпщым къыпежьащ. Пщым зыпигъэIэщIэу къэува шур бейгуэлхэм къыздаухъуреихьым, кIэмыргуейм и тетыр гъунэгъуу бгъэдыхьэри:
- Къурш лъагъуэхэр Iузэщ, Iэта-Ильяс. ЗэрымыщIэххэу дызэнтIэIуа хьэмэрэ гуфIапщIэхьэ укъытхуэкIуа?
КIэмыргуеипщым и пащхьэ зэритыр фIыуэ ищIэжу, Iэта-Ильяс и напIэхэр Iэдэбу ирихьэхри:
- Хамэ лъагъуэхэр сыт щыгъуи тхуэ­Iузэщ, зиусхьэн. Фэ гуфIэгъуэ фщы­хъунур сэ сыткIэ сщIэн? Сыздэфщтэ­мэ, гъусэ сыфхуэхъунт.
- Уи гъусар кIуэрэ пэт къэбгъанэуи?
- Си гъусар уэри уи малъхъащ…
Нэгъуейм и ауан хъурджауэр зыхэзыщIа Андемыркъан бейгуэлыр къыщитхъри:
- Гупсыси псалъэ, нэгъуей! Узэрытыр пщы пащхьэщ!
Пщыр и пащIэ Iувым мамыру щIогуфIыкI, ар зи уанэгу ис шыми, лIым и губжь шыIэныгъэр ипхъуэтауэ, лъэкIэ щIыр иретIыкI.
- Нэгъуей, Абрэджыр уэрат зи малъхъар хьэмэрэ сэрат? Мы дунеишхуэм лъагъуэ Iузэхэмрэ гъуэгу бгъуфIэхэмрэ щызэхыхьэ-щызэхэкIыжщ. Апхуэдэхэм ящыщ зым уэри утету фэ изоплъ. Чынгыз хъаным и жылапхъэм, ди лъахэм зыкърина щхьэкIэ, а къыздикIари зэи щыгъупщэркъым. Хамэ гупкIэ исрэ пэт, и дзэри уэрэдкIэ шыххэркъым. ЖысIар пцIымэ, Iичрам иджыпсту къэсхьыжынщ.
- ЖыпIэр пэжщ, зиусхьэн. Лъым и къарур уеуэрэ пэт пхуиудкъым. Ауэ щыхъукIи, фэ, шэрджэсхэм, зэры­жы­фIэу, «Нэзэвыр быхъуу зэи плъэфыркъым». Чынгыз хъанрэ Батий хъанрэ я шыкIэхэри иджы икъукIэ убыдыжы­гъуейщ. Ухуеиху закIэрыщIэ…
КIэмыргуеипщымрэ нэгъуеймрэ я пса­лъэмакъым игъэгупсыса Мамсы­рым:
- СыныфщIодэIури, зиусхьэн, фи псалъэр дагъуэншэщ. Уэ пэжыр жыпIащ. Нэгъуейми игу илъ ибзыщIакъым. Ауэ… Фызэхихатэми, Къаплъэн-Джэрий и лIыкIуэу Сарайхьэлъкъ къыдэтIысхьа Iэлигъуэт-пэщэм! Уафэр игъэзджызджу гъуэгъуэнт…
(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.12.2024 - 12:25

Къэралыр ядэIэпыкъунущ

«Агроэкспресс» пэхуэщIэр егъэжьэным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирегъэкIуэкI Узбекистаным и гъусэу, къитащ КъБР-м Экспортыр дэIыгъынымкIэ

10.12.2024 - 09:09

Iуащхьэмахуэ и кIапсэ гъуэгущIэхэр

2028 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым и «Азау», «Мир» лъагапIэхэр зэпызыщIэ кIапсэ гъуэгум абы хуэдэ зы иджыри къыбгъуращIыхьынущ.

10.12.2024 - 09:03

ЛIыгъэр зыщагъэгъупщэркъым

КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щрагъэкIуэкIащ «Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тест» дунейпсо Iуэхур.

10.12.2024 - 09:03

Махъсидэ Елизаветэ дрогушхуэ

Иджыблагъэ хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, гимнасткэ ныбжьыщIэ Махъсидэ Елизаветэ зыщегъасэ тренер цIэрыIуэ Винер Иринэ и центру Мэзкуу областым и Новогорск къалэм щыIэм, ауэ зэхьэзэхуэхэм щыхэтым деж

09.12.2024 - 15:59

Псыкуэд илъэсищэ ирикъуащ

Аруан районым хиубыдэ Псыкуэд къуажэр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрыри­къуар ягъэлъэпIащ жэпуэ­гъуэм и 27-м.