Щапхъэ дахэ зыгъэлъагъуэу псэуа Къамбий Зуфар

«Акъыл зиIэр еджэнкIэ ири­къуркъым», - жеIэ адыгэ псалъэ­жьым. Ар щынэры­лъагъут илъэс куэдкIэ къыддэлэжьа ­Къамбий Зуфар и деж. Тхылъыр, къалэмыр и Iэпэгъуу щы­щы­мыта зэман, щIэ гуэр къэщIэным щыхущIэмыкъуа махуи абы къыхуихуауэ тщIэжыркъым дэ.
КЪАМБИЙ Зуфар Ахьмэд и ­къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ округым хыхьэ Нагорнэ (иджы Дзэлыкъуэ) щIыналъэм щыщ Къармэхьэблэ (Каменномост) къуажэм 1935 гъэм накъыгъэм и 15-м къыщалъхуащ.
Курыт еджапIэ нэужьым ар Къэбэрдей къэрал пединститутым щIэтIысхьэри, 1958 гъэм а еджапIэ нэхъыщхьэр нэхъыфIхэм хабжэу къиухащ.
ЩIалэ жаныр а илъэс дыдэм уващ Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым къыдигъэкI «Ленин ­гъуэгу» газетым. Абы япэ къэсыр къызэрамыщтэр гурыIуэгъуэт - я щIэныгъэкIи, гуп хэтыкIэкIи, я Iуэху еплъыкIэкIи дагъуэ зимыIэхэрт дзыхь зрагъэзыр. ­Къамбийм литературнэ лэжьа­кIуэу къыщIидзэри, «Ленин ­гъуэ­гум» и къудамэм и уна­фэ­щIу, иужькIэ жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу щытащ. А IэнатIэхэми партым и унафэкIэ фIэкIа щамыгъэув зэмант ари, къыхуа­щIа пщIэр ­игъэпэжащ Зуфар.
Ар набдзэгубдзаплъэт, гумызагъэти, куэдым гу лъитэрт икIи и къулыкъукIэ и пщэ къыдэхуэ къалэнхэр хьэлэлу игъэзащIэ къудейкIэ Iуэхур зэфIигъэкIыртэкъым. Зуфар гу зылъита мыхъумыщIагъэхэр гъэзэкIуэжа зэрыхъунум и хэкIыпIэхэр къыщилъыхъуэрт абыкIэ жэуап зыхьхэм я деж. ЩищIалэгъуэм хьэл хуэхъуам тетащ ар сыт щыгъуи икIи и гъащIэм кърибыдэу апхуэдэ IуэхуфIу абы зэфIигъэкIам и бжыгъэр къэлъытэ­гъуейщ.
Пщэрылъ зэмылIэужьыгъуэ­хэр къыхуащIурэ зи зэфIэкIыр ягъэу­нэхуа Къамбийр 1975 гъэм ­Бахъсэн щIыналъэм и «Коммунист» газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэув. Жэуаплыныгъэ нэхъ иныж зыпылът ар здагъэкIуа IэнатIэр, ауэ абыи фIыкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ Зуфар. Гупыр зэщIигъэуIуэу, районым сыт и лъэныкъуэкIи и Iуэху зытетыр газетым и напэкIуэцIхэм къагъэ­лъагъуэу я лэжьыгъэр зэтриухуэн хузэфIэкIат абы. Къыхэгъэщын хуейщ а зэманым «Коммунист» газетым и теплъэ­ри, и купщIэри зэрефIэ­кIуар, Союзпсо еплъыныгъэхэми мызэ-мытIэу зэрыщытекIуар.
ЦIыхубэм дзыхь къызэрыхуа­щIым и щыхьэту, Къамбийр мызэ-мытIэу хахащ цIыхубэ депутатхэм я Бахъсэн щIыналъэ, къалэ комитетхэм я депутату.
1989 гъэм Къамбийм «Ленин гъуэгу» газетым къигъэзэжащ икIи лэжьыгъэм и пIалъэ фIыуэ зыщIэ, щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ журналистыр къазэрыхыхьэжам щыгуфIыкIыу, гупыр абы гуапэ дыдэу IущIэжауэ щытащ.
Iуэху еплъыкIэ пыухыкIаи иIэрэ ар жьэнахуэу утыкум щыжиIэфу, пхигъэкIыфу къе­кIуэ­кIащ Зуфар. 1990 гъэхэм я пэщIэдзэм къы­халъхьауэ щытащ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр зэхъуэкIын хуейуэ - а фIэщыгъэр къезэгъыжыртэкъым къэралым щыIэ хъуа щытыкIэми, гъащIэм и екIуэ­кIыкIэми. Лъэпкъ газетым хуэ­фэ­щэн цIэ игъуэтыным елэжьахэми, а Iуэхур пхыгъэкIыным елIэлIахэми яхэтащ Къамбийр икIи и иджырей «Адыгэ псалъэ» фIэщыгъэр нэхъ тэмэму къэ­зылъытэхэм зэращыщари до­щIэж.
«Адыгэ псалъэм» жылагъуэ IуэхухэмкIэ, политикэ гъащIэмкIэ и къудамэм и лэжьыгъэр илъэс куэдкIэ иунэтIащ Зуфар. А зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэ куэд журналист IэщIагъэм кIэлъигъэплъащ абы, чэнджэщ щхьэ­пэхэр яритащ, я тхыгъэхэм хэлъ щыуагъэхэм гу лъаригъэтэжу, яхузэригъэзэхуэжу.
Газетым куэдрэ къытехуащ цIыху цIэрыIуэхэм, тхыдэм, щэнхабзэм теухуауэ Къамбийм и ­Iэдакъэ къыщIэкIа публицист тхыгъэхэр, очеркхэр. Абы псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ хуи­щIырт тхыдэм - адыгэхэм ди блэкIар къэтIэщIыжыным, ар щIэблэм я деж къэхьэсыжыным, ахэр абы щыгъуазэу къэгъэ­тэджыным икIи пщэрылъ зыщищIыжа а Iуэхум хуэгъэза­- уи лэжьыгъэшхуэ иригъэ­кIуэ­кIащ. Апхуэдэ къэхутэныгъэхэм ­ящыщт адыгэпщ цIэрыIуэ ­Хьэ­тIохъущокъуэ Исмел и ­къе­­­кIуэ­­кIыкIам тригъэпсыхьар. Абы теухуа тхыгъэшхуэм щыщ пы­чыгъуэ «Iуа­щхьэмахуэ» журналым къыте­хуауэ щытащ, цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнуи къыпэджэжат.
Газетым и редколлегием зэры­хэтым, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ, лэжьыгъэ нэхъыбэ зэкIуалIэ и ­къудамэм и унафэщIу зэры­щы­тым къыдэкIуэу, Къамбийр ху­нэ­сырт парт къалэнхэр зэфIигъэ­кIын­ми. Апхуэдэуи редакцэм и проф­союз зэгухьэныгъэм и тхьэмадэуи илъэс куэдкIэ щытащ Зуфар. Ар и лэжьэгъухэм дзыхь зыхуащI, сыт и лъэны­къуэкIи щIэгъэкъуэн, чэнджэ­щэгъу яхуэхъу цIыхут.
Сыт хуэдэ упщIэкIэ абы зыхуу­мыгъэзами, зытеухуам емы­лъытауэ, жэуап гурыIуэгъуэ, уи гум ибубыдэф къуитыжынут. Ар зи фIыгъэр, дауи, абы щIэныгъэфI зэрыбгъэдэлъырт, махуэ къэс абы зэрыхигъахъуэрт. Зэлэжьэгъухэр шахматкIэ зэныкъуэкъуну къащыхуихуэ зэзэ­мызэми Зуфар къытекIуэн гъуэ­тыгъуейт - акъыл жан уимыIэмэ, а джэгукIэм узэрыхэмызэгъэнури зым и дежкIи щэхукъым. Псалъэзэблэдзым и упщIэхэм жэ­уап етынми цIыхум и акъылым зригъэужьу къилъытэрти, ари зэпымыууэ и Iэпэгъут. И лэ­жьэгъу нэхъ щIалэхэм ягъэщIа­гъуэрт Къамбийм, зэрыжаIэу, «семышкIэ иIунщIым хуэдэу», а кроссвордхэм псалъэр зэрыригъэщащэр. ЯгъэщIагъуэми и закъуэтэкъым - ехъуапсэрт, абы ещхь хъунми хуэпабгъэрт. И щIэныгъэр къыздрихар тхылъ­хэр зэрыарар ящIэрти, нэхъыбэ зэреджэным хущIэкъухэрт.
Зуфар езэш жыхуаIэр ищIэртэкъым. Очерк куэд итхащ абы и лъэхъэнэгъухэм, щIэныгъэлI­хэм, гъащIэм къыхэжаныкIхэм, зауэм, лэжьыгъэм я ветеранхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ. И анэдэлъхубзэм и мызакъуэу, Iэзэу игъэшэрыуэ урысыбзэмкIи итхахэр къытехуащ «Литературная Кабардино-Балкария» журналми, республикэм къыщыдэкI газетхэми.
Зэрыжурналист лъэщым и мызакъуэу, Къамбийр икIи тхакIуэ Iэзэт, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми хэтт. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ зыбжанэ. И повестхэр, Iуэтэжхэр щызэхуэ­хьэсауэ Налшык къыщыдэкIащ «Дзадзурэ», «Шагъир», «Що­лэхъу», «Лъагъуныгъэр Iыхьэ мыгуэшщ» зыфIищахэр. НэхъыфI уигъэлъыхъуэнщ жыхуа­Iэм хуэдэу, я сюжеткIи удахьэхыу, бзэ дахэкIи тхауэ апхуэдэщ ахэр - дэтхэнэ зы псалъэри и пIэм иту, зытеухуар уи нэгум IупщIу къы­щIагъэувэу, тхылъеджэр куэ­дым ирагъэгупсысу.
Илъэс куэдкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьа лъэпкъы­лIыр, и ныбжь нэсри, пенсэм тIысыжащ. Щапхъэ дахэ зригъэлъэгъуа и бынхэм, абыхэм я быныжхэм езыри ягъэгуфIэжу, жьыщхьэ махуэ хъуауэ псэуащ ар 2008 гъэм щIышылэм и 23-м дунейм ехыжыхукIэ, иджы и ­фэеплъ нэхур яхъумэ.
ЦIыхубэм хьэлэлу яхуэлэжьа Къамбий Зуфар дэри нобэми ди гум ихуркъым - и IуэхущIа­фэхэмкIэ, и псалъэ гуапэхэмкIэ, и гушыIэ дахэхэмкIэ къытхэтщ.

КЪУЭШРОКЪУЭ Санэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.12.2024 - 12:25

ЛIыгъэм и дерс

Пщэдей, дыгъэгъазэм и 9-р, Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэщ.

09.12.2024 - 09:13

Къалэн нэхъыщхьэр цIыхубэм я Iуэху дэгъэкIынырщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и деж щыIэ Стратегие зыужьы­ныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэм кърикIуам зэреплъыр къигъэлъэгъуащ:

09.12.2024 - 09:12

Адыгэхэм я дунейм щыхагъэгъуазэ

Налшык къалэм и япэ мо­дельнэ библиотекэм щекIуэ­кIащ гъуазджэм, тхыдэм, графикэм, адыгэхэм я дунейм ухэ­зышэ «Печать, тираж, тхы­лъымпIэ, адыгэхэр…» зыфIаща лекцэ.

09.12.2024 - 09:11

Я лэжьакIуэхэр ягъэлъапIэ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм ще­кIуэкIащ я шофёрхэм ведомствэ дамыгъэхэр щрата Iуэху гуапэ. 

09.12.2024 - 09:09

Къэхъундэсхэр зэрыгушхуэ щIалэ хахуэхэр

Къыщалъхуа хэкум хуэпэжу, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу псэурщ цIыху нэсу игъащIэми къалъытэр.