Ди газетым зэрытетащи, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирагъэхьэлIэри, накъыгъэм и 20-м видеоконференц щIыкIэм тету ирагъэкIуэкIащ.
Онлайн видеоконференцыр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы хэтащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Бахъсэн къалэ окру-гым и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, КъБКъУ-м и проректор Къущхьэ Хъусен, КъБР-м щылажьэ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий, ДАХ-м и Советымрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ хэтхэр. А махуэм интернетым и Iэмалыр къагъэсэбэпу зэрылъагъуу зэпсэлъылIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыми зи чэзу зэIущIэр накъыгъэм и 21-м ирагъэхьэлIэу Налшык щрагъэкIуэкIыну зэрамурадар, ауэ дуней псом щыщыIэ щытыкIэм къыхэкIыу интернеткIэ зызэпащIэн хуей зэрыхъуар. ЗэIущIэр нэхъыбэу зытеухуауэ щы-тар адыгэхэм я щхьэ кърикIуа лъапсэрых зауэжьырт, абы и ягъэкIэ къэрал куэдым щызэбгрыпхъа хъуа ди къуэшхэм я Iуэху зыIутыр зэгъэщIэнырт, апхуэдэуи Хасэ тхьэмадэхэр нобэ нэхъыбэу зэлэжьхэмрэ я мурадхэмрэ къэгъэнэIуэнырт.
Зэбгъэдэмысми, зэрылъагъуу, зым жиIэр псоми зэхахыу, щхьэж и гурылъымрэ и къалэнхэмрэ кIэщIу къиIуатэу екIуэкIащ видеоконференцыр.
Япэу псалъэ зрата, Амман щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир къыхигъэщащ Иорданием щыпсэу адыгэхэм я Iуэхур нобэкIэ зэрымыIейр, ди лъэпкъэгъухэм хьэрыпхэм пщIэшхуэ къызэрыхуащIыр, дзыхь къызэрырагъэзыр, хэхэсхэм я бзэр, щэнхабзэр яхъумэжын папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр.
- Псом япэу фIэхъус гуапэ фызох, хэку-жьым исуи, нэгъуэщI къэрал щыщуи сызэхэзыххэм, - жиIащ - Къардэным. - Иорданием щыпсэу адыгэхэм ди пщIэр кIуэдакъым, ди бзэр тIэщIэхуакъым, дяпэкIи, Тхьэм жиIэмэ, ар зэрытхъумэным, зэредгъэфIэкIуэ-ным иужь дитынущ. Фызэрыщыгъуазэщи, ди къэралым и пащтыхьым деж щегъэжьауэ адрейхэми адыгэр зыпащI щыIэкъым. Пащтыхьым и пэшым зы цырхъ макъ къыщыIуамэ, япэ нэсу иIэр и адыгэ щхьэхъумэхэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къэрал псом щыцIэрыIуэщ адыгэхэр, щапхъэ зытехыпхъэ куэди къагъэлъагъуэ. Абыхэм зэи ящыгъупщэркъым апхуэдиз пщIэр къызэрахьа я адыгагъэр, я лъэпкъ хабзэр. Иорданием ис адыгэхэр зэрыщIэу, зэпсалъэу, зы унафэ гуэр ящIын хуеймэ, зэчэнджэщу, адыгэу къызэтенэн папщIэ яхузэфIэкI ящIэу апхуэдэщ.
Ди хасэм и лэжьыгъэр къапщтэмэ, цIыкIуи ини бзэр зэредгъэщIэным нэхъыбэу дыпылъщ. Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым, хабзи зепхьэжыфынукъым. А хабзэращ дэ адрейхэм дакъыхэзыгъэщыр. Хьэрыпхэм щапхъэу дыкъахь зэпытщ: хэт сыт хуэдэ IуэхуфI илэжьами, зэкIужу зихуэпами, къабзэлъабзэу зэлъыIуихами, «адыгэм ещхь хъуащ» жаIэ, ар абыхэм я дежкIэ щытхъу пэлъытэщ.
Дэнэ щыпсэу адыгэми сыныволъэIу: мы нэщхъеягъуэ махуэр зэи фигу ивмыгъэху, ауэ фиг фымыгъэкIуэд. Си адэм адыгэ хьэщIэщ иIащ, пщIэ зиIэ лIыжьхэр щызэхуэсрэ щыуэршэру. Абы щыгъуэм сыIэпыдзлъэпыдзти, бжэ къуагъым сыкъуэту, адыгэхэр хэкум зэрырашам и хъыбархэм седаIуэрт. Хэкум ираша лIыжьхэри яхэтт абы. ГущIыхьэ куэд зэхэсхащ абы щыгъуэм, ахэр нобэми си гум илъщ. Апхуэдэ лей къызытехьа лъэпкъыр нобэ дэнэ къыщыщIимыдзами, дэри, ди яужь къихъуэ лIакъуэхэми дыхуиткъым ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэщIэдгъэхуну. Аращ щIэри жьыри дызыхуэлэжьэн хуейр. Ди плъапIэр зыуэ, ди къару зэхэлъу дызэдэлажьэмэ, дэ зэи дыкIуэдынукъым, дыхуэвгъэсакъ мы зэман бзаджэм, адыгэу зыдвгъэхъумэж, - жиIащ Къардэн Самир.
Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и гуащэ Мамхэгъ Йлдызи хуеплъэкIыжащ лъэпкъ тхыдэм. «Адыгэм ди щхьэ кърикIуа лъапсэрыхыр дэ зэи тщыгъупщэнукъым. Ди адэжьхэм я фэеплъыр зэрытхъумэфынур тхыдэр, хабзэр, бзэр зетхьэжкIэрэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр и бзэр, и хабзэр аращ. Дэнэ щыпсэу адыгэри зэрыубыдыжу, зэпэIэщIэми, зым жиIэр зым зэхихыу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу дызэдэпсэумэ, къытщIэхъуэ щIэблэм лъэпкъ зэхэщIыкIыр яхэтлъхьэфынущ, бзэр яIурытлъхьэфынущ, апхуэдэу екIуэкI- мэ, дяпэкIи гъуэгу диIэнущ. Iэмал имыIэу дытелэжьэн хуейщ адыгэхэм я хэку егъэгъуэтыжыным, ар хуэм-хуэмурэ зэдгъэхъулIэмэ, насыпышхуэу къызолъытэ. Лъэпкъыу дыкъызэтезыгъэнэнур ди хэкур, ди тхыдэр, ди хабзэр, ди бзэр аращ. КъищынэмыщIауэ, дызыхэс къэралхэми ди хэку-жьыр здэщыIэ Урысейми зы дыхъужынымкIэ зыкъытщIагъэкъуэну Iэмал гуэрхэр къапытхын хуейщ. Хэкум къэкIуэжыну хуейм хуитыныгъэ иIэу хъуамэ, нэхъыбэ дыхуейтэкъым», - къыхигъэщащ Йлдыз.
Израилым щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Закарие видеоконференцым хэт псо-ми фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ икIи жиIащ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм исми, адыгэхэм зы гупсысэкIэ яIэн зэрыхуейр, ха- мэ къэралхэм щыпсэухэр нэхъыбэрэ хэкужьым кIуэурэ абы и Iуащхьэхэр, мэзхэр, псыхъуэхэр зрагъэлъагъумэ, абыкIэ я гур щыIэу зэрыщытынур, кIуэжыну тегушхуэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэнур.
НобэкIэ дунейм къыщыхъуа щытыкIэ гугъур Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ къазэрыжьэхэмыуар, коронавирус уз зэрыцIалэр къызыпкърыхьа адыгэхэм зэрахэмытым зэрыщыгуфIыкIыр жиIащ абы.
«Махуэ къэс дызэкIэлъымыкIуэфми, хэкум зыгъэзэжыр зэкIэ мащIэми, дяпэкIэ Интернетым нэхъ гъунэгъуу зэпищIэну, хэхэсымрэ хэкурысымрэ нэхъыфIу зэрыщIэнымкIэ, зэкъуэтынымкIэ сэбэпышхуэ хъуну къысфIощIри, мы Iэмалыр къэдгъэсэбэпу дызэдэвгъэлажьэ, ди Iуэху дывгъэгъэкIуатэ», - дыщIигъуащ Нэпсо Закарие.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Тхьэухъуэ Зухьер жиIащ адыгэбзэм урипсалъэмэ, адыгэ щэнхабзэр пхъумэмэ, зи хэкум исыж лъэпкъым уемыхъуапсэу укъэгъуэгурыкIуэ- ну нэхъ тыншу зэрыщытыр, абы и лъэныкъуэкIэ Израилым исхэм хэкIыпIэфIхэр зэраIэр.
ДАХ-м и вице-президент ДыщэкI Эртан тепсэлъыхьащ Европэм ис адыгэхэм я Iуэху зыIутым, ДАХ-мрэ Европэмрэ зэрызэдэлэжьэн хуей Iэмалхэр, адыгэм хамэ щIыпIэм зыщихъумэжын папщIэ езым и гупсысэхэр къиIуэтащ.
Германием щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Зэти:
- Накъыгъэм и 21-р къыщысым деж зыщ дызэгупсысыр, абы кърикIуа Iэужьыр Уры- сей Федерацэм иузэхужын зэрыхуейрщ. Дэ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм исхэм ди бзэмрэ ди хабзэмрэ заужьыжын папщIэ ди къэухь къихьыр тщIэн хуейщ, Хэкум къыщащтэ унафэм дэри дытету, диаспорэм щызекIуэ фIыр, дахэр, акъылыр ди адэжьхэкум къыхуэдгъэсэбэпу дыпсэупхъэщ. А псори къыщыдэхъулIэнур Дунейпсо Адыгэ Ха-сэм и жьауэм дыщIэту дэзэкъуэту дызэдэлажьэмэщ. Дэ, Европэм щыпсэу адыгэхэр, куэд дымыхъуми ди къарури ди акъылри хэкумкIэ унэтIащ.
Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм хэт Къэбэрдей Аднан а къэралым ис адыгэхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ икIи жиIащ нобэ дунейм адыгэу тетыр зыгъэгузавэр икъухьауэ зэрыщытыр зэрыарар, лъэпкъ куэдым дахэу дакъезыгъэцIыхуа ди хабзэр Iэпэдэгъэлэл тщIы зэрымыхъунур. Адыгэм щыгъуэ-щIэж махуэр зэрыдихым хуэдэу, Iуэтэжыгъуэ ихуэу щызэрыгъуэтыжа гуфIэгъуэ махуэшхуэ ягъэлъапIэу ялъагъуну зэрихъуэпсапIэр къыхигъэщащ Аднан. «Сирием ис адыгэхэр илъэсипщI хъуауэ зауэм хэтщ, Iэмал зэриIэ-кIэ я щхьэ яхъумэжу. Зыхэхуа мафIэм и ягъэкIэ, аргуэру зэбгрыкIын хуей хъуащ ди лъэпкъэгъухэр, аргуэру ди щхьэр гузэвэгъуэ хэхуащ. Адыгэу дунейм тетыр зыщыгугъыр хэкум ис ди лъэпкъэгъухэращ. Дызэкъуэвгъэт, дызэдэвгъэIэпыкъуж. Куэд щIащ ди хэкужь къикI адыгэ лIыкIуэ гуп Сирием къызэрымыкIуэрэ. Ди щытыкIэр зэхэкIыжмэ, дыхуейщ дызэрыс хэгъэгум фыкъеблэгъэну, нэхъыбэрэ дызэхуэсыну. КъищынэмыщIауэ, дэ куэд щIауэ долъаIуэ Дунейпсо адыгэ фонд диIэн зэрыхуейм теухуауэ. КхъыIэ, абы девгъэгупсыс, ар хуабжьу сэбэп хъунущ гузэвэгъуэ хэхуэ ди къуэшхэм и чэзум защIэдгъэкъуэнымкIэ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхигъэщащ адыгэм и щхьэ кърикIуам хуэдэ гузэвэгъуэ зи фэм дэкIа лъэпкъ куэд зэрыщымыIэр. «Адыгэхэр дызэкъуэувэрэ унафэ тщIыфу, ар ди къэрал унафэщIхэм я пащхьэ итлъхьэрэ пхыдгъэкIыфу щытын хуейщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр - зи хэку къэзыгъэзэжыну хуейхэр хуиту къэкIуэжыфу зэтеублэнырщ», - жиIащ ХьэфIыцIэм икIи къыпищащ:
- 1994 гъэм, Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 130-рэ щрикъум, Урысей Федерацэм и Президенту щыта Ельцин Борис итха тхыгъэм фIэкIа хэмытми, къэрал Iэтащхьэхэм унафэ къащтэну хьэкъ яIэщ. Ар нобэ къэхъун Iуэхуу щымытми, дыщыгугъынщ икIи дытелэжьэнщ.
Дэтхэнэ лъэпкъри щыпсэур щIэж (память) щиIэм дежщ. Мис нобэрей ди онлайн-зэхыхьэр, интернет зэпыщIэныгъэр, зэпсэлъэныгъэр щыхьэт тохъуэ ди гукъеуэр зэрызэтехуэм, зы лъэныкъуэкIэ дыплъэу дызэрызэдэлэжьапхъэм.
1992 гъэм, сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм сыхэту, унафэ къэтщтауэ щытащ Урыс-Кавказ зауэр лъэпкъгъэкIуэду зэрыщытам теухуауэ, илъэситI дэкIри, Адыгейм къищтащ апхуэдэ дыдэ унафэ. Иджы ди пIэм диуджыхьу дыщымыту ДАХ-м лэжьыгъэшхуэ щедгъэкIуэкIын хуейщ.
Иджыпсту къекIуэкI уз бзаджэм теухуауэ жысIэнут, дызыхуэсакъыжмэ, ари хэщIыныгъэншэу къызэрызэднэкIыфынур. Адыгэр апхуэдэ узыфэ зэрыцIалэ куэдым къелащ, 1804 гъэм щыIа емынэ узым Къэбэрдейм и ныкъуэр ихьауэ щытащ. Тхьэм дыщIэгузэвэн димыгъэлъагъукIэ, диIэ гуныкъуэгъуэхэр зэзыгъэзэхуэжыфын Тхьэм дищI.
Урысейм и хэгъэгухэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан (Адыгей), Аслъэн Алий (КъШР), Дербит Валерий (Осетие Ищхъэрэ - Алание), Шыбзыхъуэ Юрий (Ставрополь къалэ), КIэкIыхъу Мэжид (Краснодар край), ЩIалэгъуалэ Ха-сэм къыбгъэдэкIыу Жу Тимур, Борэ Эльдар, Тыркум къыбгъэдэкI лIыкIуэу ДАХ-м хэт Бабыгу Эргун сымэ чэзууэ къаIуэтащ зыщып- сэу щIыналъэхэм елъытауэ я Iуэху зыIутыр коронавирус уз зэрыцIалэм зригъэува щытыкIэ гугъум зэрехъулIэр.
Шыбзыхъуэ Юрий къыхилъхьащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр мазищым зэ фIэ-кIа зэхуэмызэми, мы видеоконференцым и Iэмалыр къагъэсэбэпурэ комитетым хэтхэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ зэрыщIэмэ, щхьэпэ зэрыхъунур. КъищынэмыщIауэ, Юрий гу зылъитауэ къыхигъэща Iуэхугъуэхэм ящыщщ тхыдэм и напэкIуэцIхэр ягу къыщагъэкIыж-кIэ, Урыс-Кавказ зауэр зэрекIуэкIам, абы кърикIуахэм зыщызыгъэгъуазэ щIалэгъуалэм языныкъуэхэр а Iуэхум къызэрызэщIигъаплъэр, интернетым къратхэхэм шэч зэрыригъэщIыр. «Адыгэм зыдгъэлъагэу, адрей лъэпкъхэр едудыхын хуейкъым. Ди тхыдэр щхьэж зэрыхуейуэ къигъэсэбэп хъунукъым, мис абы и лъэныкъуэкIэ ди нэхъыжьхэр щIалэгъуалэм ядэлэжьэн хуейуэ къызолъы-тэ. КъищынэмыщIауэ, Фейсбукымрэ Инстаграмымрэ щыдгъэлажьэ ДАХ-м и напэкIуэцIхэм дяпэкIэ лъэпкъ тхыдэм, хабзэм теухуа тхыгъэ купщIафIэхэр къыхэтхрэ къитлъхьэмэ, сэбэп хъуну къызолъытэ».
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и проректор Къущхьэ Хъусен:
- Тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, гъуэтыгъуейщ адыгэм и нэгу щIэкIа гузэвэгъуэм хуэдэ зи тхыдэм хэт лъэпкъ. ЩIэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, зауэжьым щIидзэн ипэ къихуэу, хуэбгъэфащэ хъунущ, хэку- жьым цIыху мелуанитIым нэблагъэ исауэ.Ауэ илъэси 101-кIэ екIуэкIа зэпэщIэувэныгъэр иуха нэужь, ажалымрэ истамбылакIуэмрэ къелар мини 100-м нэс къудейщ. БлэкIам дерс къыхэтхмэщ къэкIуэн дахэ щыдухуэфынур. Ар зэлъытар щIэныгъэмрэ технологиемрэщ. Зэманым декIур лIыфIщ, жиIащ адыгэм. Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр щIэныгъэ куурэ IэщIагъэ нэсрэ къызыщIах IуэхущIапIэ инщ икIи абы и бжэхэр хузэIухащ хамэ къэралхэм ис ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм. Абыхэм ди университетым щрагъащIэ адыгэбзэр, щрагъэдж адыгэ хабзэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, КъБКъУ-р хэхэсхэм папщIэ щIэныгъэ къызыщIах IуэхущIапIэ къудейуэкъым зэрыщы-тын хуейр, атIэ хэкужьым узышэж гъуэгуу ялъытапхъэщ. Дэ сыт и лъэныкъуэкIи дадэIэпыкъунущ ди къуэшхэм я щIэблэм.
Бахъсэн къалэ округым и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим жиIащ Урыс-Кавказ зауэм адыгэм гузэвэгъуэ, гугъуехь куэд къызэрыхуихьар.
- Я хэку яхъумэу зауэм хэкIуэда ди адэжь-хэм ахърэт нэху Тхьэм къарит, абыхэм я фэеплъым хуэфащэу псэун щIэблэ дыхъуну си гуапэщ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ щIалэгъуалэ куэд мы Iуэхум теухуауэ къызэрызэщIагъэстыр. Абыхэм захуэзгъазэу жысIэну сыхуейт: зауэкIэ дрикъуауэ щытын хуейщ, дэ ди къэкIуэнур мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэкIэ духуэнырщ нэхъ къезэгъри, нэхъ фейдэри. КъищынэмыщIауэ, хамэщI щыпсэу ди къуэшхэм захуэзгъазэу дызэрыгъуэтыжу бжыгъэкIэ куэд дыхъун, абыхэм къагъэзэжын зэрыхуейр жызоIэ. ЦIыху бжыгъэр мащIэу зэи къэралыгъуэ пхуэухуэнукъым, къэралыгъуэ зетхьэн папщIэ куэд дыхъун, дызэрыубыдыжын, нэхъуеиншэу къагъэзэжын хуейщ. Абы зэман куэд текIуадэми, гугъуехь куэд къыхэкIми, хэкурыс щIалэгъуалэр гъуэгу пэж тедгъэтмэ, ди лъэпкъэгъухэм жэрдэм яIэу къагъэзэжын щIадзэмэ, ди къэкIуэнур фIы зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым.
ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Къуэдзокъуэ Анатолэ:
- Къэхъуар къэхъуащ, дэ дяпэкIэ дызыпылъын хуейр абы къытхуихьа мыхъумыщIагъэхэр гъэзэкIуэжынырщ. Ди лъэпкъыр бэгъуэн, зэрыгъуэтыжын папщIэ ди пщэ дэлъ къалэнхэр дгъэзэщIэн хуейщ, ар политикэм, экономикэм, щэнхабзэм, псэукIэм ехьэлIа Iуэхуу щрырет. А псалъэмакъхэр нобэкъым ДАХ-м къиIэту щыхъуар, лэжьыгъэшхуи иригъэкIуэкIащ. Ауэ дызэрыс къэралхэм я Iэмалхэр и лъабжьэу программэ щхьэхуэ зэхэлъхьауэ дяпэкIэ къедгъэщтэн хуейщ. Пэжщ, адыгэм лъэныкъуэ гуэрхэмкIэ сэбэп къытхуэхъуу программэ хэхахэр щы-Iэщ, ауэ абы мащIэщ къытхуищIэр. Дэ дызэлэжьын хуейр щхьэхуэу адыгэм ехьэлIа программэщ, къэралым и хабзэхэр и лъабжьэу, къэрал унафэщIхэм етхьэлIэ хъуну. Ар тхузэфIэкIамэ, ди Iуэхур нэхъ тынш хъунут.
КъБР-м щылажьэ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий къыхигъэщащ адыгэм къытехьа лейм тхыгъэ куэд зэрытриухуар, Iуэхум куууэ зэрыхищIыкIыр. Апхуэдэуи къыхигъэщащ адыгэм и блэкIар къапщытэжу унафэ пыухыкIа къащтэн хуейуэ. «Мы зауэжьым кърикIуам цIэ зэмыщхь куэд фIащащ, залымыгъэкIэ хэкум ирагъэкIа, хэкум ирахуа, икIа, нэгъуэщIхэри. Ауэ пэжыр пэжу щытын хуейщ - лъэпкъгъэкIуэдщ дэ къыдащIар. Ар дызыхэс лъэпкъышхуэм я фIэщ тщIыфтэмэ, ди унафэщIхэм къедгъэщтэфатэмэ, итIанэт лъагъуэр зэIуха щыхъунур, ди лъэпкъэгъухэр къыщытхуэшэжынур. Ди гуапэ зэрыхъущи, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къэрал, жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм куууэ хыхьащ, жыджэру яхэт-щи, дыщыгугъынщ дяпэкIэ ди Iуэхухэр кIуэтэну.
ЗэIущIэм и кIэухым Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ дунейр зэхэкIыжмэ, къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр Налшык щрагъэкIуэкIыну зэрызэраухылIэр, зэман гъунэгъум ДАХ-м хэтхэр нэхъ зэлэжьыпхъэр. Апхуэдэуи Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэ, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ 2020 гъэм накъыгъэм и 28-м и ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъум теухуауэ псалъэ гуапэ жиIащ, ар псоми зэгъусэу зэдагъэлъэпIэну къыхуриджащ.