КъБР-м и Iэтащхьэр епсэлъащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм иту иджыблагъэ епсэлъащ щIыналъэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщI­хэм. ЗэIущIэм хэтащ ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, «Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн.
Щхьэтечу щызэпсалъэм республикэм и Унафэ­щIымрэ КъБР-м и медицинэ лэжьакIуэхэмрэ я гугъу ящIащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щыпэщIэт мы лъэхъэнэм къэув зи чэзу Iуэхухэм, IэнатIэр зыIууэ ­гугъуехьхэм, Iэтащхьэр ап­хуэдэуи едэIуащ дохутырхэм я лъэIухэмрэ жэрдэмхэмрэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, зэпкърахащ COVID-19-р зэуэлIа сымаджэхэм зэрадэIэпыкъу щIыкIэр, сымаджэщым щIэ­мылъу зи тхьэмбылыр уз ­хъуахэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр, медицинэ IуэхущIапIэхэр материально-техникэ и лъэныкъуэкIи лэжьакIуэ­хэмкIи къызэрызэгъэпэщар, коронавирус зыпкърытхэр зыгъэхъужхэу щытыкIэ гу­гъум иту зи къалэныр езыхьэкIхэм я улахуэм ­ху­щIа­гъун хуей ахъшэр зэ­раIэрыхьэр.
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэр къыщызэIуихым сымаджэщхэм, апхуэдэуи республикэм и цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным иджыпсту хэкъузауэ яужь ит IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ я къару емыблэжу, щытыкIэ къызэ­рымыкIуэм иту, езыхэри сымаджэ хъункIэ шынагъэхэр щыIэми, я IэнатIэхэм зэ­рыпэрытым папщIэ: «Вирусым зыщиубгъу мы лъэхъэнэм хуэдэ иджырей тхыдэм къыхэхуауэ ящIэ­жыркъым. Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI республикэми къэралми я дежкIэ къызэрымыкIуэу щыт мы лъэхъэнэ гугъум фи лэжьыгъэр хьэлэлу зэрывгъэзащIэм щхьэкIэ. Мы щытыкIэр гъэунэхуныгъэ­шхуэщ узыншагъэр хъумэн IэнатIэ псом и дежкIи, фэ фщыщ дэтхэнэ зым и дежкIи», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
Республикэм и Унафэ­щIым къыхигъэщащ ­КъБР-м и медицинэ лэжьакIуэхэри узыншагъэр хъумэн IэнатIэр зэрыщытуи эпидемием щIыхь пылъу зэрыпэлъэщыр икIи абы щыхьэт техъуэ ­ехъулIэныгъэхэр къызэрагъэлъагъуэр. Абы и щапхъэщ гъуэлъыпIэ лейхэр сымаджэщхэм къызэры­щы­зэ­рагъэпэщар, лэжьакIуэхэри щытыкIэ гугъум зэрыхуэ­-хьэ­зырыр, хъужхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, узыфэм илIыкI­хэри куэд дыдэ зэры­мыхъур.
Коронавирус узыфэм пэ­щIэтын и лъэныкъуэкIэ республикэм щыIэ щытыкIэм щIыналъэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ищIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.
Абы къыхигъэщащ ­COVID-19 узыфэр зыпкърытхэр щIагъэгъуэлъхьэн пап­щIэ къалэ клиникэ сымаджэщ №2-м хыхьэу иджыри зы госпиталь мыгувэу къызэIуахыну зэрагъэхьэ­зырыр, цIыху 200-м зэуэ щеIэзэфын хуэдэу, гъуэ­лъыпIэхэм я процент 78-р кислород IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ. Узыфэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэр зыпкъ­рыт­хэм щеIэзэ щIыналъэ­зэхуаку сымаджэщми щы­зэфIагъэкI гъуэлъыпIи 120-рэ зыщIэхуэну госпиталь къызэIухыным ехьэлIа лэ­жьыгъэхэр.
Урысейм Промышленнос­тымрэ сатумкIэ и министерствэм нэхъ пасэу иращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ ИВЛ аппарату 32-рэ къа­Iэрыхьэнущ, федеральнэ, республикэ бюджетхэм я хьэкъкIэ апхуэдэ дыдэ Iэ­мэпсымэу 12 къащэхуащ. УФ-м и Правительствэм и унафэкIэ къащэху инвазивнэ Iэмал хэмыхьэу тхьэмбылым зэреIэзэ Iэмэпсымэу 76-рэ, ИВЛ аппарату 8, компьютер томографу 2, бгъэIэпхъуэ хъу рентген аппарату 3, бгъэIэпхъуэ хъу УЗИ-уэ 4, лъым кислороду хэтыр зыхуэдизыр къызэрапщу 100, лъым газу хэтыр зыхуэдизыр, цIыхум и пщтырагъыр здынэсыр къэзыгъэ­лъагъуэхэр, сымаджэ къэс бгъэдэт мониторхэр, хьэуам и псыIагъыр мардэм тезыгъэт Iэмэпсымэхэр.
Сымаджэщхэм щIэмы­гъуалъхьэ щIыкIэ пневмоние узыфэр зэуэлIауэ къахутахэм якIэлъыплъыным хуэу­нэтIа лэжьыгъэхэри зэ­пэщу йокIуэкI. Къалэ клиникэ сымаджэщ №2-мрэ республикэ сабий клиникэ сымаджэщымрэ щолажьэ апхуэдэ сымаджэхэм щеIэзэ, балигъхэми сабийхэми пап­щIэ къудамэхэр.
Щхьэхуэу зэIущIэм щыте­псэлъыхьащ COVID-19-м пы­мыщIа узыфэхэр зыпкъ­рытхэм республикэм медицинэ Iуэхутхьэбзэ зэрыщы­хуащIэ щIыкIэми.
Япэ медицинэ дэIэпыкъу­ныгъэ цIыхухэм езыт IуэхущIапIэхэм щакIэлъоплъ зэ­рыцIалэу щымыт уз гъэтIы­лъа зиIэхэм, дохутырхэм я нэIэ зэпымыууэ зытетыпхъэхэм я щытыкIэм. Гулъытэ хэха хуащI зи ныбжь хэкIуэ­тахэм, абыхэм я унэхэм кIуэурэ медицинэ лэжьакIуэхэм щIэх-щIэхыурэ щыгъуазэ защI я узыншагъэр зыхуэдэм. Я узыфэм къыхигъэзыхьмэ, абыхэм щоIэзэ зыхуэфащэ сымаджэщхэм е я унэхэм. Уз зэрыцIалэр нэхъ зэуэлIэнкIэ шынагъуэ ныбжьым итхэм, поликлиникэхэм куэдрэ ямыгъэкIуэн хуэдэу, я узыфэхэм теухуа рецептхэр махуи 180-кIэ ярикъун хуэдэу хуатх.
COVID-19-р зэфыкIхэр зыгъэхъуж медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэхэм хущIа­гъухэм я гугъу щищIым, ­КъБР-м узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министрым къыхигъэщащ мы зэманым ирихьэлIэу 2020 гъэм и гъатхэпэмрэ мэлыжьыхьымрэ пэкIуэ ахъшэр зэрыратыжар. ХущIагъуахэр зыIэры­хьэжахэр цIыху 1729-рэ мэхъу. А лэжьыгъэм пащэ икIи зэпымыууэ кIэлъыплъы­ныгъэм щIэтщ.
КIуэкIуэ Казбек министерствэм и лэжьакIуэхэр къы­хуриджащ щIыналъэ, къалэ администрацэхэм я унафэщIхэмрэ узыншагъэр хъумэным и муниципальнэ IуэхущIапIэхэмрэ нэхъ быдэу япыщIауэ ядэлэжьэну.
КъБР-м узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и IэнатIэм и лIы­кIуэхэм щIыналъэм и уна­фэщIым фIыщIэ хуащIащ зэрызащIигъакъуэм, и гулъытэм папщIэ.
«Дэ дэлъыта псори тщIэнщ, фэ дывдэIэпыкъун папщIэ. Сэ нобэ жэуап щызохь фэри, республикэм исхэми я пащхьэ. Республикэм щыпсэухэм я пащхьэ фэр папщIи жэуап щызохь. Фэри жэуап фхьын хуейщ фи лэжьыгъэмрэ зи унафэ фщIы гупхэм я лэжьыгъэмкIэ, флъэкI къэвмыгъанэу фылэжьэн, дэтхэнэ зы гъащIэми фыщIэбэнын хуейщ. Дыгуп зэкъуэтщ, дызэгъусэу дэ сытми дызэрыпэлъэщын къару диIэщ. Мы щытыкIэ гугъум хэщIыныгъэ нэхъ мащIэ дыдэ фIэкIа димыIэу дикIыну сыхуейщ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.09.2024 - 12:35

Даус и тешапIэ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий.

13.09.2024 - 09:25

Усэ нэжэгужэхэр

Сабий усакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Хьэщыкъуей Олег и IэдакъэщIэкIхэр щIэщыгъуэщ, зэгъэщIэгъуафIэщ, удэзыхьэхщ. Абыхэм ящIэлъщ анэдэлъхубзэм и IэфIи, сабийхэр дехьэх.

13.09.2024 - 09:05

Даус и тешапIэ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий.

13.09.2024 - 08:10

Псэущхьэ щхьэхуитхэм - гулъытэ

ФокIадэм и 11-р ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондыр къыщызэрагъэпэща махуэщ.

12.09.2024 - 13:25

Ди шууейхэр псоми ятокIуэ

Километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр шыхэмкIэ зэпычынымкIэ махуитху зэхьэзэхуэ Къэзахъстаным иджыблагъэ щекIуэкIащ.