Ныбжьэгъу лъапIэ

ЩIэблэр гъэсэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм зегъэужьыным и гъащIэ псор щхьэузыхь хуищIащ Къардэн Башир. Абы иригъэджащ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэува, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьа цIыхухэр, ауэ абыхэми Башир и ныбжьэгъуу щыта дэри мащIэщ тщIар и фэеплъыр дгъэлъэпIэн папщIэ.
…1952 гъэм и шыщхьэуIу мазэущ сэ ­Къардэныр къыщысцIыхуар. Ленинград уни­верситетыр цIыхуиплIым къэдухри республикэм къэдгъэзэжат, арщхьэкIэ зыри къытпежьакъым, лэжьыгъи къыт­хуа­гъэлъэгъуакъым. Апхуэдэ дыдэ щы­ты­кIэм иуват Тбилиси университетыр къэ­зыухахэри. Ди щхьэ Iуэху зетхуэжу лэжьыгъэ IэнатIэ къэтлъыхъуэн хуей хъуат. Сэ сыбгъэдыхьащ си Iыхьлы тхакIуэ Теунэ Хьэчим. Аращ радиокомитетым и тхьэмадэм и деж сызыгъэкIуар.
Абы и пэш цIыкIум сыщыщIыхьам илъэс щэщI хъуну щIалэ зэкIуж, гуапэу къысхуэгуфIэу, къысIущIащ. СигъэтIыс­ри къызжиIащ Тбилиси къикIыжа щIалэ дыгъуасэ редактору къызэрищтар, сэ зэ­дзэкIакIуэ лэжьыгъэ фIэкIа къызэрыс­хуимыгъэлъэгъуэфынур. НэгъуэщI хэкIы­пIэ сиIэтэкъыми, занщIэу абы арэзы сы­техъуащ, а махуэ дыдэми лэжьапIэ ­сыкъызэрищтэмкIэ тхылъымпIэм Iэ щIи­дзащ.
Сэ зи унафэм сыщIэтыр си редакторырат, летучкэхэм дэ дыхэттэкъым, абы къыхэкIыу Къардэным сыщыхуэзэр зэзэмызэхэт. Ауэ зы тхьэмахуэ нэхъ сы­мылэжьауэ гу лъыстащ абы и лъакъуэ лъэныкъуэр хуэму зэрытригъэувэм. Си гъусэм сыщеупщIым къызжиIащ Сталинград и деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуауэ, и лъакъуэ лъэныкъуэри хилъхьауэ зэрыщытар. Башир зэрыбэ­шэчым и щыхьэтт и пхъэ лъакъуэмкIэ башыншэу къызэрикIухьыр (ар зэрымы­тыншым шэч хэлътэкъым).
Къардэн Башир и зыIыгъыкIэмкIэ, и псэлъэкIэмкIэ, и Iуэху зехьэкIэмкIэ гуры­Iуэгъуэ пщыхъурт абы гъэсэныгъэ дахэ зэрыхэлъыр, а и цIыху щIыкIэр зауэми ипсыхьыжауэ лIы зэпIэзэрытт. И лэ­жьакIуэ псоми къызэрыгуэкIыу, гуапэу яхущытт, и макъым зэи зригъэIэтыртэкъым, языныкъуэ унафэщIхэм зэраха­бзэу, зыгуэрхэр къыхигъэщхьэхукIыртэкъым, псом нэхърэ нэхъыщхьэу сэ къэслъытэращи, сыт щыгъуи пэжым и телъ­хьэт.
Зэгуэрым си редакторымрэ сэрэ ди зэхуакум джэду фIыцIэ дэжащ. Зы пэшым дыщIэс пэтми, зызигъэщIэжыну мурад ищIащ абы икIи ТАСС-м и тхыгъэ, хьэршым теухуауэ, зэздзэкIыну къызитащ. Хьэрэмыгъэ лъэпкъ сигу къэмыкIыу ар адыгэбзэм къизгъэзэгъащ гугъу дыдэ сыдехьурэ, псалъэ куэди зэрыщытым хуэдэу къэзгъэнащ. Ар и тегъэщIапIэу ­летучкэм утыку къыщрихьащ си лэжьыгъэр, нэгъэсауэ адыгэбзэр зэрызмыщIэр къызэхуэсахэм абыкIэ хьэкъ ящищIыну. ЗэIущIэр здекIуэкIым Башир щIэупщIащ зэзмыдзэкIыу къэзгъэна псалъэхэм. Зэрызэхихыу къищIащ ахэр адыгэбзэкIэ зэрыщымыIэр (иужькIэ гу зэрылъыстамкIэ, Къардэным фIы дыдэу анэдэлъхубзэр ищIэрт), редакторми елъэIуащ хузэ­ридзэкIыну. Жэуап тэмэм щызэхимы­хым, абы къыгурыIуащ Iуэхур зыIутыр. ИкIи пиухыкIащ: а псалъэхэр адыгэбзэкIэ щыщымыIэкIэ «лъэпкъ фащэ ящытIэгъауэ» къэгъэнэн хуейуэ аращ, «хъарбыз», «къэбыстэ» псалъэхэр ди нэхъыжь­хэм къагъэсэбэпын зэрыщIадзауэ щы­-там тету. Къуаншагъэм гу лъитэу Башир захуагъэм и лъэныкъуэ зэрыхъуар и щыхьэтт ар зэрыцIыху пэжым, хьэ­лэлым.
Къардэн Башир гупым хэт псоми яхуэгупцIанэт. Нэхъыжьхэм ящIэж а зэманыр хьэлъэу зэрыщытар: улахуэр мащIэт, цIыхухэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр я ныбжьэгъухэмрэ цIыхугъэхэмрэ я деж къыщалъыхъуэу фIэкIа хуиту бгъуэтыртэкъым. Абы щыгъуэ ди унафэщIымрэ ­профоргымрэ бэзэр уасэм нэхърэ нэхъ пуду къытхурагъэшауэ щытащ машинэ из ­хъарбызрэ кIэртIофрэ.
А илъэсхэм радиокомитетым щыла­жьэрт пшынауэ цIэрыIуэ ТIэш ЛакIушкэ. Зи закъуэ, зи нэхэм ямылъагъу бзылъхугъэр радиом пэмыжыжьэу псэурт. Абы лэжьапIэм къэкIуэну къызэрехьэлъэкIыр къыгурыIуэрти, и лэжьакIуэхэм ящыщ зым и пщэ дилъхьауэ щытащ ар къишэну икIи ишэжыну. Ар псапэтэкъэ-тIэ!
Аспирантурэ нэужьым кандидат диссертацэр тхыным сыпэрытащ, къыкIэ­лъыкIуэри егъэджэныгъэ лэжьыгъэм зэману хъуар сIихащ. Башир университетыр лэжьапIэ хуэхъуа иужьщ ди зэныбжьэ­гъугъэм щыщIидзэжар. Дызэрызэмы­ныбжьми емылъытауэ дызэгурыIуэрт, ды­зэрылъытэрт, ди псэр зы чысэм илъщ жыхуаIэм хуэдэт.
Ар декан хъуным ипэ илъэс зыбжанэ ­хъуауэ сэ сылажьэрт а факультетым и тхьэмадэм срикъуэдзэу. ЖыпIэнурамэ, къудамэр инт, егъэджакIуэхэри студентхэри куэдт. Сэ си нэIэ егъэджэныгъэ Iуэхум тету, Башир къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэмрэ ухуэныгъэр зыхуей-зы­хуэфIхэмрэ кIэлъыплъу илъэс зыбжанэкIэ Iуэху зэдэтщIащ.
А илъэсхэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэ-дэу зэIущIэхэр ректоратым иригъэкIуэ­кIырт. Корпус нэхъыщхьэм пэжыжьэт ди факультетыр - иджыпсту медицинэ фа­культетыр здэщыIэрат ди хэщIапIэр. Затишьем къикIыу ди деж автобус къакIуэртэкъым, апхуэдизрэ и протезымкIэ къикIухьыфыртэкъыми, абы и пIэкIэ сы-кIуэрт. ИтIанэ машинэ псынщIэ цIыкIу къищэхуат, гъэфIэгъыбзэу «Антилопа-гну» зыфIэтщар. Факультетым и адыгэ къудамэм щеджэхэм къызэрагъэпэщауэ ягъэхьэзырырт «Хасэ» блын газетыр. Абы и редактор, журналист щIалэ, карикатурщик Iэзэ IутIыж Борис а машинэр къищу деканми егъэджакIуэхэми я гушыIэ су­рэтхэр телъыджэу ищIырт, ауэ ар зыми я жагъуэ хъуртэкъым.
УнафэщIым гулъытэ хэха хуищIырт факультетым и къабзагъэм. Мазэм и кIэм актовэ пэшри, аудиториехэри, щIыхьэпIэри, бжэIупэри чэщейщыкъуу иригъэгъэкъабзэрт.
Зы Iуэху сигу къокIыж. Гъэ еджэгъуэм и пэщIэдзэу дэ унафэ къытхуащIащ Прохладнэ районым студентхэр тшэну. Башир тригъэчыныхьащ щыпсэунумрэ ящIэ­ну лэжьыгъэр зыхуэдэмрэ япэщIыкIэ зэхэдгъэкIыну. Сытми дежьащ «Антилопа-гну»-мкIэ. Май районымрэ Аруанымрэ я зэпылъыпIэм и деж дыщрихьэлIащ ­хъарбыз зэрыз машинэшхуэр щхьэпри­дзауэ. Башир къэувыIащ, «дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэми тщIэркъым» жиIэри. Машинэр хъурейуэ къэзыжыхь щIалэщIитIыр пхъашэу къыдэпсэлъащ, «зэран ­фыкъытхуэмыхъу» жаIэри. Хэту дакъы­щыхъуами сщIэртэкъым абыхэм… Куэдрэ зыкъыхуэмыщIэжу щыма иужь, Башир жиIащ: «ЩIэблэр тэмэму дгъасэркъым уэрэ сэрэ, ныбжьэгъу ХьэкIуащэ. Я псэ­лъэкIэмкIэ нэрылъагъущ ахэр зэры­адыгэр, ауэ еплъыт нэхъыжьым зэрепсалъэм… ГущIыхьэщ ар».
Совхозым дызэрынэсу унафэщIыр къэдгъуэтащ. Студентхэр щыпсэуну, щыш­хэну пэшхэр къэтплъыхьащ. ИтIанэ унафэщIым хьэмым дишащ. Абы щыт­лъэгъуар хьэдыгъуэдахэт. Сатыр зыбжанэу щылъ нартыхум Iугъуейр къыхихурт. Мэкъумэш IэнатIэм и лэжьакIуэм апхуэдэ щыуагъэ щIыIэщIэкIам Башир щыщIэупщIэм, тхьэмадэм къыжриIащ нартыху ныкъуэхъур Iуимыхыжу партым и райкомым зэримыдар, районым планыр зэригъэзэщIамкIэ партым и обкомым хъыбар иригъэщIэн щхьэкIэ. Апхуэдэ Iуэху мыхъумыщIэ Iэджэ ялэжьырт а ­зэманым. Гъавэм и зэхуэдитIыр нэхъ мыхъуми Iэмал имыIэу къегъэлын хуейт. Зы махуэ дэкIмэ студентхэр къэтшэну дызэгурыIуэри дыкъежьэжащ. Ауэ дэ зы щы­уагъэ ин тIэщIэкIат: Iэлъэ къыздащтэну яжетIатэкъым щIалэхэм. Нартыху кIэ­чанхэр апхуэдизкIэ пщтырти, щызэха­дзым я Iэхэм хъыдан е бинт кърашэкIын ­хуей хъурт…
Нобэми сигу илъщ университетым щекIуэкI парт собранэм Къардэн Башир къызэрыщыпсэлъауэ щытар. Репрессием и гугъу пщIыну зэрышынагъуэми къигъэувыIакъым ар, псалъэ щIэлъэIущ, къэтэджри, жиIащ пцIы зытралъхьэу ягъэ­тIысахэр къэутIыпщыжын, лIахэр зэ­рымыкъуэншар хэIущIыIу щIын зэры­хуейр, цIыхубэм лей ирахыну зыри зэры­хуимытыр. Башир и хахуагъэр коммунист зыкъомыр зыпэмыплъат.
И унагъуэр - и щхьэгъусэмрэ и бынищымрэ - я закъуэтэкъым абы фIыуэ илъагъур. Iыхьлырэ благъэу иIэм и гур яхуэмыгъуэт, дэтхэнэми зэрыхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъурт.
Щапхъэ зытепхыну уасэ зимыIэ цIыхут Къардэныр. Ар къызэрыгуэкIыу, зэпIэ­зэ­рыту, гуапэу зэрыщытым удихьэхырт. Иджыпстуи си нэгум щIэтщ а лIы лъа­гъу­гъуафIэр - гъащIэр фIыуэ зылъагъу, цIыхугъэшхуэ зыхэлъ си ныбжьэгъужьыр.

ХЬЭКIУАЩЭ Андрей.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.10.2024 - 10:12

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр Дзэлыкъуэ ­районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Иджырей гуманитар институтыр къиухащ.

14.10.2024 - 10:11

Узыгъэгушхуэщ

    Узыгъэгушхуэщ

14.10.2024 - 10:10

Мысырымрэ Кавказымрэ

Пасэрей Мысырым и щэнхабзэ фэеплъу дуней псом къыщацIыху, ауэ нэгъуэщI щIыпIэ щымыпсэу цIывым и мывэ сурэтыр къыщIахыжащ Зеикъуэ и зы кхъэлэгъунэхэм.

14.10.2024 - 10:10

Бжьыхьэ хуабэр зэранщ

ЩIыуэпсым лей хэткъым, псори зэпэшэчауэ, убзыхуауэ къокIуэкI. Ауэ щыIэщ гъатхэм зыщигъэгуви, бжьыхьэм зыщиIэжьи, щIымахуэр щыуэсынши, гъэмахуэ хуабэм цIыху щиукIи.

14.10.2024 - 10:09

ЛIыгъэ щIапIэр ящремыгъупщэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хабзэхъумэ органхэм ящыщ зауэлIхэм Шэджэм райо­ным щызэрахьа лIыгъэм и щIыхькIэ ягъэува фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм.