Накъыгъэм и 21-м, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ щрикъум ирихьэлIэу, «Псэ Жыг» фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Апхуэдэу, а махуэм фэеплъым деж къыщызэхуэсахэм яхэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, абы и къуэдзэ Лъхукъуэщауэ Хьэбас, министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр, КъБР-м и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.
КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий кърихьэлIахэм дыуэ яригъэщIащ.
Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ди республикэм щыгъуэ-щIэж Iуэхухэр сыт щыгъуи куэду щокIуэкI. АрщхьэкIэ зэфIэува эпидемиологие щытыкIэ хьэлъэм и зэранкIэ мы гъэм апхуэдэхэр щыIакъым, ауэ интернетыр къагъэсэбэпри, цIыху минхэр хэтащ флеш-мобхэм, а гузэвэгъуэр зэращымыгъупщам и гугъу ящIу.