Урысейм и Президент Путин Владимир вэсэмахуэ видеоконференц мардэм ит зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ федеральнэ къулыкъущIапIэхэмрэ щIыналъэхэм я унафэщIхэмрэ. Ар теухуауэ щытащ мы зэманым щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэмрэ къэралым щыпсэухэм, экономикэм зэрызыщIагъакъуэ IэмалыщIэхэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Путин Владимир къыхигъэщащ цIыхухэр мылэжьэну ягъэувауэ щыта пIалъэм эпидемием зэрызиубгъум и псынщIагъэр ягъэмэщIэнымкIэ Iэмал къызэритар икIи узыншагъэр хъумэн IэнатIэм а Iуэхум нэхъыфIу зыхуигъэхьэзырын а зэманым къриубыдэу зэрыхузэфIэкIар. Узыфэм нэхъ къигъэгузавэхэм, ар нэхъ хьэлъэу зэфыкI-хэм щакIэлъыплъын папщIэ зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщауэ щыIа гъуэлъыпIэ мин 29-р мини 130-м нагъэсыфащ, Iэмэпсымэ зыхуэныкъуэнухэм хуэдэу зрикъунум хуэдиз сымаджэщхэм зэрагъэпэщыфащ, тхьэмбылыр зэрагъэбауэ Iэмэпсымэу хэпщIыкIыу нэхъыбэ ягъэхьэзыращ. Сымаджэхэм хущхъуэфIхэр къагъэсэбэпурэ еIэзэ хъуащ, узым нэхъ лъэщу пэщIэтыф хущхъуэу къыщIагъэкIри куэдкIэ нэхъыбэ ящIащ.
ЗэхъуэкIыныгъэфIхэм ящыщщ узыфэр къахутэн мурадкIэ ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм я бжыгъэми куэдкIэ хагъэхъуэн зэрахузэфIэкIар. Махуэ къэс къэралым тестхэр щрагъэт цIыху мини 170-м нэблагъэм, ар дунейм щынэхъыбэ дыдэхэм ящыщщ. Абы Iэмал къет узыфэр хэмытIасэу къэхутэнымкIэ, ар Iэпкълъэпкъым емыгуауэ щIыкIэ абы пэщIэувэнымкIэ, инфекцэм земыгъэубгъунымкIэ.
А зэфIэдгъэкIа псоми, къыхигъэщащ Президентым, Iэмал къыдет эпидемием ебэныным и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм дыхуэкIуэным-кIэ, цIыхухэр IэмалыншагъэкIэ зрагъэувэн хуей хъуа мардэ пыухыкIахэм мащIэ-мащIэурэ дыкъытекIыу щIэддзэнымкIэ. Абы къыхэкIыу зэрыкъэралуи, экономикэм и IэнатIэ псоми я дежкIэ мылэжьэгъуэ махуэу дгъэувауэ щытахэр еух.
Накъыгъэм и 12-м къыщыщIэдзауэ, зыхуэфащэ санитар мардэхэм дытету, Iэмал щыIэ хъуащ экономикэм и лъабжьэу щыт IэнатIэхэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм - ахэр ухуэныгъэрщ, промышленностырщ, мэкъумэш хозяйствэрщ, связырщ, энергетикэрщ, хъугъуэфIыгъуэхэр щIым къыщIэхынырщ - я лэжьыгъэм щIадзэжыну.
Нэхъапэми хуэдэу, я лэжьыгъэм пащэнущ властым и къэрал, муниципальнэ органхэм, къэувыIэ мыхъу IэнатIэхэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм, аптекэхэм, финансым пыщIахэм, ерыскъыпхъэхэмрэ цIыхухэр Iэмал имыIэу зыхуей хъу нэгъуэщIхэмкIэ сату зыщI тыкуэнхэм.
Абы къыдэкIуэу, щIыналъэхэм я унафэщIхэм, езыхэм я деж щыщыIэ щытыкIэм елъытауэ, санитар дохутырхэм я чэнджэщхэм тету, хуитыныгъэ яIэщ УФ-м и Правительствэм гурыIуэу IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр нэсу зэтрамыухуэжы-ну е иджыри пIалъэ гуэркIэ ахэр ирамыгъэжьэжыну.
Узыфэм земыгъэубгъуным нэгъэсауэ хуэхьэзыру щытынымкIэ хабзэр иджыри яхуэгъэзащ зи ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъуахэм, апхуэдэуи уз гъэтIылъахэр зиIэхэм.
Къэралым и УнафэщIым интернатхэм, жьыкIэфэкIэхэр щапIыж унэхэм я лэжьыгъэм гулъытэ хэха хуащIыпхъэу къигъэуващ, абыхэм щыIэхэм я ныбжьыр зэрыхэкIуэ-там, уз гъэтIылъахэр зэраIэм щхьэкIэ нэхъ набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъын зэрыхуейм къыхэкIыу. Егъэзауэ лэжьэн хуей зэрыхъум, гугъуехь куэд зэратещIэм къыхэ-кIыу социальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэм федеральнэ ахъшэ хэхахэри мазищкIэ хущIагъун хуейуэ Путин Владимир игъэуващ.
Президентым и унафэкIэ, апхуэ-дэу ахъшэкIэ зыщIагъэкъуэнущ сабий зиIэ унагъуэхэми. Нэхъ пасэу хэIущIыIу ящIауэ зэрыщытащи, цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдиз цIыху къэс хуэзэу зыIэрымыхьэ унагъуэ хуэ- мыщIахэм ис, зи ныбжьыр илъэси- щым къыщыщIэдзауэ илъэсибл ирикъуа сабийхэм зэрадэIэпыкъу ахъшэр мэкъуауэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къыдахын папщIэ дэфтэрхэр зэрагъэпэщ хъунущ. ЛъэIу тхылъхэр ятмэ, адэ-анэхэм мэкъуауэгъуэм зэуэ къаIэрыхьэжынущ дызэрыт гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къратын хуея ахъшэр.
КъимыдэкIэ, коронавирус узы-фэм гугъуехьхэр къызэришам къыхэкIыу, илъэсищым къыщыщIэ- дзауэ илъэс пщыкIух хъу дэтхэнэми сом мин пщIырыпщI иратыну ягъэуващ, абыхэм я адэ-анэхэм я хэхъуэм, лэжьапIэ яIэ-ямыIэм емылъытауэ. Илъэсищ иримыкъуахэм хущIагъу ахъшэр зэрат щIыкIэми зэхъуэкIыныгъэ халъхьащ. Сом мин тхурытху зратынур анэм и мылъкур зыхуагъэувахэм я закъуэкъым, атIэ илъэсищ иримыкъуа сабий зыщIэс унагъуэ псоми апхуэдэ ахъшэ иратынущ. Абы папщIэ адэ-анэм е сабийм кIэлъыплъыну зи пщэ далъхьам электроннэу лъэIу тхылъ итын хуей къудейуэ аращ.
Апхуэдэуи хуэдитIкIэ хагъэхъуащ сабийм ират пособие нэхъ мащIэ дыдэм. Псори зэхэту дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынущ урысей сабий мелуан 27-м: сабий цIынэхэм я деж къыщыщIэдзауэ школакIуэхэри хиубыдэу.
Къэралым и УнафэщIым къищта унафэм ипкъ иткIэ зыдэIэпыкъунухэм ящыщщ экономикэмрэ хэщIыныгъэ зыгъуэта IуэхущIапIэхэмрэ. Путин В. В. хьэрычэт IэнатIэм зэрызыщIагъэкъуэну мардэщIэ игъэуващ - хэщIыныгъэ зыгъуэта IэнатIэхэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэхэр иратын папщIэ абыхэм я унафэщIхэм хухахынущ процентитI фIэкIа зы- темыхуэ щIыхуэхэр, ахэр 2021 гъэм и мэлыжьыхь пщIондэ япшыныж хъунущ. А зэманым къриубыдэу IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм я процент 90-р ихъумэфмэ, щIыхуэри абы техуа процентри зэрыщыту къэралым хуипшыныжынущ. ЛэжьакIуэхэм я процент 80-р хуэхъумэмэ, ахъшэм и зэхуэдитIыр къэралым хуитыжынущ. ХэщIыныгъэ зыгъуэта IэнатIэхэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм ягъэлажьэхэм улахуэхэр иратын папщIэ нэхъ пасэу ягъэувауэ щытащ процент зытемыхуэ щIыхуэхэр, апхуэдэуи лэжьапщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зэрыз лэжьакIуэ къэс хуэзэу хухахыну.
Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, фейдэ къегъэщIыным пымыщIа зэгухьэныгъэхэм хэтхэм 2020 гъэм и мэлыжьыхьым, накъыгъэм, мэкъуауэгъуэм ятын хуея налогхэмрэ (НДС-м нэмыщI) страховой взносхэмрэ щхьэщахащ. Абы щIигъэбыдэнущ ахъшэхэр щатыжын хуея пIалъэхэр хуагъэIэпхъуэным хуэунэтIауэ нэхъ пасэу къыхалъхьауэ щыта Iэмалхэр.
Урысейм и цIыхухэу я щхьэ хуэлэжьэжу зезыгъэтхауэ щытауэ къахэхъуэм техуэ налогыр зытахэми гулъытэ щхьэхуэ хуащIынущ. Абы- хэм 2019 гъэм ята ахъшэр Президентым и унафэкIэ иратыжынущ, апхуэдэуи «налог мылъку», улахуэ нэхъ мащIэ дыдэу ягъэувам хуэдиз хъууэ, иратынущ.