Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупыр Налшык щызэхуос

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэлэ­жьыхьащ Тыркум, Сирием, Иорданием, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Щхьэу­сыгъуэ гуэрхэмкIэ къримыхьэлIэфахэм папщIэ видео зэпыщIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзахэщ Израилымрэ Европэм хыхьэ къэралхэмрэ я Хасэхэм я ­тхьэмадэ Тхьэухъуэ Зухьейррэ ДыщэкI Эртанрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI ­Къуэжей Артём, КъБР-м граждан жы­лагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIура­шын Анзор, ДАХ-м и Нэхъыжьым и со­ветым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм нэхъыщхьэу зыщытепсэ­лъы­хьахэм ящыщщ 2020 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу ДАХ-м иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр; Шапсыгъхэм я Адыгэ Хасэм зэфIигъэкI Iуэхухэр; анэдэлъхубзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ ДАХ-м и лэ­жьы­гъэр зи пщэ дэлъ гупым я IуэхущIа­фэхэр; «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и гуп­сэщ» проектыр зэрекIуэкIар; «Панорама культурной жизни черкесской диаспоры» тхылъыщIэр къызэрыдэкIар; Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ щрикъу махуэр зэрекIуэкIынум зыхуэгъэхьэзырыныр; хэхэс адыгэхэм я щIалэгъуалэр КъБР-м, КъШР-м, АР-м я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыным и Iуэхур; ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупыр 2020 гъэм зэлэжьыну Iуэхугъуэхэр убзыхуныр, нэ­гъуэщIхэри.
ЗэIущIэр къызэIуихри, хамэ къэралхэм, гъунэгъу хэгъэгухэм къикIа лIыкIуэхэм ­фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Сэхъу­рокъуэ Хьэутий, икIи зэрызэдэлэжьэну жыпхъэр яубзыхури, Iуэхум пэрыхьащ.
Мы илъэсыр къызэрихьэрэ ДАХ-м ­иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм щытепсэ­лъы­хьым, Сэхъурокъуэ Хьэутий псалъэмакъыр къыщIидзащ Хасэ зыбжанэм я тхьэмадэ хэхыныгъэхэр зэрыщыIамкIэ. Иор­данием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу хахащ Къардэн Самир, Адыгейм щыIэ Хасэм и тхьэмадэу ЛIымыщокъуэ Рэмэзан хахыжащ. Сэхъурокъуэм къызэ­хуэсахэм ягу къигъэкIыжащ ДАХ-р зыхэ­лэжьыхьа Iуэхугъуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэ Къалмыкъ Юрэ теухуа, адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Тхьэгъэзит Зубер щагъэлъэпIа пшыхьхэр, «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр, Армавир щылажьэ Адыгэ Хасэр илъэс 15 зэрырикъум теухуа зэхуэсыр, щIыналъэ куэдым адыгэбзэмкIэ диктант зэрыщатхар, Мэздэгу къалэм адыгэбзэр зыджхэм я курсхэм къыщызэрагъэпэща зэIущIэр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэу, УФ-м и Президентым егъэ­щIылIа, Лъэпкъ зэхущытыкIэхэм пыщIа ­къалэнхэр зи нэIэ щIэт Советым зэрыхагъэхьэрэ лъэпкъ Iуэхуу утыку кърихьахэм, ахэр гъэзэщIэн и лъэныкъуэкIэ екIуэкI лэжьыгъэм кIэщIу тепсэлъыхьащ Сэхъу­рокъуэ Хьэутий. УФ-м и Конституцэм хэ­лэжьыхьыжыну къыхаха гупым хэту ­иригъэкIуэкIа лэжьыгъэми и гугъу ищIащ Хасэ тхьэмадэм.
Сэхъурокъуэм и псалъэм къыпищэу къэпсэлъащ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и ­тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид. Ар тепсэ­лъыхьащ иужьрей илъэсым хасэм и IуэхущIафэхэм ящыщу нэхъыщхьэу къилъы­тэхэм, адыгэ псэкупсэ щIэиныр хъумэ­нымрэ щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ Ха­сэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. Мэжид и псалъэхэм къыхэщащ адыгэ лъэпкъыр ­адрей псоми къащхьэщызыгъэкI и бзэр, хабзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, IуэрыIуатэр ­хъумэныр, а хъугъуэфIыгъуэхэм нэхъри ­зегъэужьыныр, къыдэкIуэтей щIэблэм, щIалэгъуалэм ябгъэдэлъхьэныр лъэп­къыр щыIэнымкIэ, абы зиужьынымкIэ и ­IэмалыфIу зэрыщытыр.
АдэкIэ псалъэ зрата, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ езыр зэлэжьа, ДАХ-м къэралым хухиха мылъкумкIэ (президент грант) къыдагъэкIа «Адыгэ хэхэсхэр. Щэнхабзэ гъащIэм и теп­лъэгъуэхэр» тхылъыр дунейм къызэ­ры­те­хьам. Хэхэс адыгэхэм ятеухуа тхылъ хьэлэмэтыр напэкIуэцI 228-рэ мэхъу, сурэ­ту 282-рэ итщ.
Апхуэдэу Мухьэмэд жиIащ адыгэ дунейм и классик нэхъыфI дыдэхэм я Iэдакъэ­щIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдэ­кIыгъуэу «Черкесика» фIэщыгъэр иIэу тхы­лъи 8 дунейм къызэрытехьар, «Адыгэ ­псалъэ» газетым и мин 24-нэ къыдэкIы­гъуэр адыгэ газетиплIым: «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Жьынэпс» жыхуиIэхэм зэгуэту зэрытрадзар.
Анэдэлъхубзэр хъумэным, егъэфIэк­Iуэ­ным елэжь гупым я лэжьыгъэм щытеп­сэлъыхьым, Щоджэн Iэминат къыхигъэщащ Iуэхугъуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ зэреджэ тхылъыщIэхэр (учебникхэр) къыдэгъэ­кIы­ным КъБР-м творческэ гупхэр зэрыщелэжьыр, абы и лъэныкъуэкIэ КъШР-мрэ АР-мрэ хуаIэ зэпыщIэныгъэхэм. Тхылъы­щIэхэмкIэ лэжьэну егъэджакIуэхэм я щIэныгъэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ республикищым курсхэр къызэрыщызэрагъэпэщым, апхуэдэ курсхэм къекIуалIэм я бжыгъэми къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ абы.
- Мы лэжьыгъэр псори хэкуращ ще­кIуэкIыр. Хэхэсхэм я деж мы Iуэхур дауэ щызэтеубла? Хасэхэм адыгэбзэр щезыгъэджхэр дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ? Зэ­реджэ тхылъхэмрэ егъэджакIуэм и дэIэ­пыкъуэгъу методикэ тхылъхэмкIэ дауэ ­къызэгъэпэща? Абыхэм ятеухуауэ ма­-щIэщ дызыщыгъуазэр. Абы и лъэны­къуэкIэ комитетым и лэжьыгъэр егъэ­фIэ­кIуапхъэщ. Ди зэманым и Iэмалхэм хуэдэ зэи щыIакъым - зэбгрыдзауэ псэу лъэп­къым и бзэр иджыжыну IэмалыфIщ ин­тернетыр къигъэсэбэпурэ. Мы лэжьыгъэр зэтеублэгъуейщ жаIэмэ, зэреджэ тхылъ­хэм нэхъ тегъэщIэн хуейщ. Абы и лъэны­къуэкIэ хэкурысхэмрэ хэхэсымрэ нэхъ жы­джэру зэдэлэжьапхъэщ икIи комитетым мы Iуэхум и нэIэ тету и лэжьыгъэр зэт­риублэну и гугъэщ, - жиIащ Щоджэн Iэминат.
КIурашын Анзор псалъэмакъым къыпищэу жиIащ& хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэн и лъэныкъуэкIэ КъБР-м Граж­дан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэ­жьэ­нымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьыгъэм щыщу зы унэтIы­ныгъэ къызэрыхилъхьэр. Ар - хэхэс адыгэхэм анэ­дэлъхубзэр егъэщIэнымкIэ дистанционнэ курс жыхуэтIэхэр къызэгъэпэщынырщ. Мы лэжьыгъэр ДАХ-м дэщIыгъуу къызэ­рагъэпэщмэ зэрыфIэкъабылыр, абы те­кIуэдэну мылъкур министерствэм и пщэ зэрыдилъхьэжыр къыхигъэщащ КIурашыным.
«Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и гупсэщ» проектым ипкъ иткIэ ДАХ-м иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьащ ДАХ-м и гъэ­зэщIакIуэ гупым хэт Табыщ Муратрэ Ставрополь щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэрэ.
АдыгэбзэмкIэ, адыгэ IуэрыIуатэмкIэ, тхыдэмкIэ щIэблэм и щIэныгъэр здынэ­сыр къызэрахутэ зэпеуэ, адэ-анэр мы лэжьыгъэм къыхэша хъун папщIэ IэмалыщIэхэр къагъэсэбэпу сабийхэм я зэныкъуэкъу утыку кърахьэу проект зыбжанэ ДАХ-м зэрыригъэкIуэкIым къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Табыщ Мурат.
Гъатхэпэм и 6-м Дунейпсо адыгэ диктантыр зэрекIуэкIам, абы кърикIуахэм теп­сэлъыхьащ Шыбзыхъуэ Юрэ. А Iуэхум и мыхьэнэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр, абы къыхыхьэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэры­хъур, Урысейм ис адыгэхэм нэмыщI, хамэ къэралхэри мы Iуэхум жыджэру зэрыхэ­тар къыхигъэщащ абы.
Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырыным ­теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы къыхигъэщащ илъэс зыбжанэ хъуауэ а махуэм епхауэ екIуэкI Iуэхухэр мы гъэми Налшык къызэры­щызэрагъэпэщынур, адыгэ щыпсэу нэ­гъуэщI къэралхэми апхуэдэ махуэхэр зэ­рыщекIуэкIынур, адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыри Щыгъуэ махуэм ехьэлIа ­дауэдапщэхэм зэрыхэтынур. Мы махуэр зэрекIуэкIынум теухуауэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я гупсысэхэр къыхалъхьэну къыхуриджащ Сэхъурокъуэм.
Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм а махуэр зэрыригъэкIуэкI хабзэм кIэщIу къытеувыIащ Токъмакъ Самит. ­«Накъыгъэм и 21-р къэблэгъа нэужь, хэ­кIуэдахэм мэрем махуэм мэжджытхэм ­къурIэн щахудогъаджэ, итIанэ хы Iуфэм докIуэри, Щыгъуэ пэкIур идогъэкIуэкI, цIыху мин бжыгъэхэр кърихьэлIэу. Мы ­гъэми апхуэдэу къызэдгъэпэщыну ди мурадщ. А псом нэмыщI, мы махуэм ирихьэлIэу Тыркум къикIыу хэкум къэкIуэну я мурадщ адыгэ гупышхуэ», - жиIащ Токъмакъым.
Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъыфIу зэ­пыщIа хъунымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр нэхъ убгъуауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейм и щыхьэту ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр теп­сэлъыхьащ хамэ къэрал щыпсэухэм я щIалэгъуалэм ди еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щрагъэгъуэтыным. Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ мы Iуэхур ДАХ-м и лэжьыгъэм увыпIэ ­нэхъыщхьэ щызыубыдхэм зэращыщым. Ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр КъБР-м, КъШР м, АР-м я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным Iуэхур зытетым къызэхуэ­сахэр щигъэгъуэзащ КъБКъУ-м и про­ректор Къэжэр Артур.
- ИлъэсипщI ипэкIэ хамэ къэрал къикIа адыгэ щIалэгъуалэ 500-м нэс КъБКъУ-м щеджэу щытащ, абы щыщу 200-р адыгэт. Иджы университетым щеджэм я бжыгъэр зэрыхъур 180-рэ къудейщ (адыгэхэр 110-рэ мэхъу). Мы илъэсым хэхэс адыгэ ныбжьыщIэу 61-рэ къэралым хухих мылъкукIэ щоджэ университетым. Мы бжыгъэр ­мащIэ дыдэщ. Ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ, нэхъ куу хъун папщIэ, мы Iуэхум щIыпIэ хасэхэр нэхъ жыджэру хэлэ­жьы­хьыпхъэу къызолъытэ, - жиIащ Къэжэрым.
Абы и псалъэм къыпищэу ДАХ-м и Со­ветым хэт Къуэдзокъуэ Анатолэ жиIащ ­УФ-м и лъэпкъэгъухэм я щIэблэр хэкум щегъэджэным теухуауэ УФ-м 1999 гъэ ­лъандэрэ Хабзэ зэрыщыIэр.
-Мы хабзэм мыгурыIуэгъуэ гуэри хэлъщ: хамэ къэрал щыпсэу адыгэм, хабзэ и лъэныкъуэкIэ, сыт хуэдэ щIыкIэу къызэ­ригъэлъэгъуэнур ар Урысейм ис лъэпкъхэм языхэзым и къудамэм зэрыщыщыр? ­ Мы Iуэхум ерыщу, Iэмалу щыIэр къагъэсэбэпу щIыпIэ Хасэхэри елэжьмэщ ­дифI къыщыпэкIуэнур, - жиIащ Къуэдзо­къуэм.
Апхуэдэу, «Россотрудничество» къэрал IуэхущIапIэм зэрыдэлажьэм и щапхъэу ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан къигъэлъэгъуащ хэкум щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтыну зигу илъ         ди лъэпкъэгъухэм я тхылъ зыхуеинухэр ягъэхьэзырри, Россотрудничество-м и ­сайтым зэрыралъхьар, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я дежкIэ мыпхуэдэ Iуэху зехьэкIэр IэмалыфIу зэрыщытыр, ар нэхъ ерыщу къэгъэсэбэпын зэрыхуейр.
КАФФЕД-м и лIыкIуэ Алкыш Атиллэ зэрыжиIамкIэ, мы гъэм Тыркум къикIыу ныбжьыщIи 8-м я тхылъхэр ягъэхьэзы­-ращ.
-Къапщтэмэ, а бжыгъэр мащIэ дыдэщ, ауэ ар нэхъыбэ зэрытщIыным яужь ди­тынущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэралым и мылъкукIэ еджэхэм я бжыгъэм хэ­мыхьэмэ, абыхэм университетым зэрыщеджэн мылъку ябгъэдэлъкъым. Мы ­щIалэхэм ядэIэпыкъуныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм яхыдобжэ, ахэр хэкум къи­нэжынкIэ гугъэ диIэщи, - жиIащ Атиллэ.
АдэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий КАФФЕД-м и гуащэ Мамхэгъ-Рахъуэ Йылдызрэ ­адрей лIыкIуэхэмрэ захуигъэзащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и къыкIэлъыкIуэну зэIущIэхэм хэтыну Iэмал яIэн папщIэ тхылъ къатхыу IэIэткIэ щIэгъэбыдэжын зэры­хуеймкIэ.
Зэхуэсым и кIэм ДАХ-м къыбгъэдэкIыу Сэхъурокъуэ Хьэутий ехъуэхъуащ, фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэхэмкIэ хуэупсащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щыпкъэ, ДАХ-м илъэс куэдкIэ хэлэжьыхьа, зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуа, Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир. Апхуэдэу лъэпкъым и сэбэп къы­зыпыкIын лэжьыгъэ ирихьэкIыу, и тхылъ­хэмкIэ адыгэ лъэпкъыр зыгъэлъапIэ журналист, тхакIуэ Котляровэ Марие ДАХ-м и дамыгъэмрэ и ЩIыхь тхылъымрэ хуигъэ­фэщащ.
Адыгэбзэ диктантым жыджэру хэтахэри мы махуэм гуапэу ягъэлъэпIащ. Апхуэдэу утыку кърашэри щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ ар фIы дыдэу зытха­хэм, лэжьыгъэхэр къэпщытэным хэлэжьыхьа егъэджакIуэфIхэм, Iуэхур къызэгъэпэ­щы­ным, дахэу екIуэкIыным хэтахэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъыр зыгъэпIейтей нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми, абы­хэмкIэ унафэхэр IэIэткIэ къащтащ. Гъэзэ­щIакIуэ гупым и къыкIэлъыкIуэ зэхуэзэр мэкъуауэгъуэм щыIэну зэгуры­Iуащ.

КЪАРЭНАШЭ Мадинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.