«Удзыфэхэм» я унафэщI УнащIэ Джем

Хамэ щIыпIэ цIэрыIуэ ­щыхъуа адыгэхэм язщ Германием и жылагъуэ лэ­жьакIуэ цIэрыIуэ, «Удзы­фэхэм я парт» зэгухьэныгъэм ­щы­­па­­шэ Оздемир (УнащIэ) Джем.
ДЖЕМ и адэ Абдулыхь ­Къайсэр вилайетым къыщыхъуа къэбэрдей адыгэщ, и анэр - тыркущ. XX лIэщIы­гъуэм и 60 гъэхэм Тыркум иIэпхъукIыу ФРГ-м щытIысахэм ящыщщ щIалэм и адэ-анэр. Езыр къыщыхъуар Германиерщ, нэмыцэбзэкIэ, тыр­кубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ хуиту мэпсалъэ. Егъэ­джэныгъэмрэ журналистикэмрэ ­епха IэщIагъэ зригъэгъуэта нэужь, ар и IэщIагъитIми ­ирилэжьащ, Тыркум икIауэ нэмыцэхэм яхэсхэм ятеухуауэ тхылъ зыбжанэ итхащ.
1981 гъэ лъандэрэ Джем «Удзыфэхэм я партым» хэтщ. Бундестагым и депутату щытащ. Европарламентым щы­лэ­жьащ. 2008 гъэм Оздемир ягъэуващ «Удзыфэхэм я партым» и унафэщIитIым язу.
Европарламентым зэрыхэ­тым и гугъу пщIымэ, Джем зэпха Комитетым и къалэныр Азие Курытымрэ Кавказымрэ щекIуэкIхэм кIэлъыплъы­нырщ, а щIыпIэхэм Германиемрэ Тыркумрэ я Iуэху еплъыкIэр щыпхигъэ­кIы­нырщ. АпщIондэху къулыкъущIэр дуней псом тепхъа адыгэхэм фIыкIэ зэралъэ­Iэсыным хущIокъу.
2007 гъэм УнащIэ Джем хэтащ Адыгейм и щыхьэр Мейкъуапэ къыщызэрагъэпэща щIэныгъэ конференцым. А зэIущIэм Джем и адэ Абдулыхь и гъусэу къэкIуауэ щытащ. Утыку псалъэ къыщратым, абы жиIащ:
«Сэ Германием сыкъыщалъхуащ, нэмыцэ лъэпкъым срилIыкIуэщ. Ауэ си къэхъугъэкIэ сыадыгэщ, мыбдежым Тыркум къыщалъхуа си адэр щысщ. Си адэм и адэшхуэм и адэр мы щIыпIэхэм щыщщ икIи срогушхуэ, Германиемрэ Тыркумрэ сызэралIыкIуэм нэмыщI, Адыгейм сызэры­щыщми».
2016 гъэм Германиер щы­хьэт техъуащ Тыркум ермэлыхэм лъэпкъгъэкIуэд ­яри­щIылIауэ зэрыщытам. ­Бун­дестагым и депутат, ­«Удзы­фэхэм я партым» и уна­фэщIитIым яз УнащIэ Джем а резолюцэр пхыкIыным хэлIы­фIыхьащ.
«Зи анэр тырку, зи адэр Кавказым и щхьэр ихъумэу къикIа лIым срикъуэу сызэры­щытым къыхэкIыу, лей зы­техьа, я щIыпIэм зэтраукIэурэ кърахуа, Анадолэм зэбгъэдэсыпэу щыпсэуа дэтхэнэ лъэпкъым щыщхэми сигу ящIоуз сэ, ермэлыхэри абыхэм язщ, - жиIащ абы щы­гъуэм Джем. - Абы щхьэкIэ цIыхуу ущытыным нэхърэ нэхъыбэ ухуейкъым».
Гулъытэншэу къигъэнакъым УнащIэм иджыблагъэ дуней псом адыгэу тетыр къызэщIэзыгъэплъа, Тыркум щыIэ урыс лIыкIуэ Ерхов Алексей жиIахэри. «ОС-Медиа» хъыбарегъащIэ напэкIуэцIым Ерховым теухуауэ къытридза тхыгъэр зэбгригуэшыкIри, Джем мыпхуэдэу кIэщIитхащ: «1864 гъэм зэ­траукIа, я хэкум кърахуа адыгэхэм хьэзаб къызэ­ры­мыкIуэ яшэчащ. ХэкIуэдахэр щIэпхъаджащIэхэм я пIэм изыгъэувэм абыхэм я кхъащхьэхэр зэхиутэу аращ. Урысейми Тыркуми я тхыдэм и напэкIуэцI зэIумыбзхэр къагъэнэхуэну и чэзу хъуащ», - иритхащ Оздемир Джем «Твиттер»-м щиIыгъ напэкIуэцIым.
Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм язщ Германием щыIэ «Черкашиан нетуорк» зэгу­хьэ­ныгъэр. «Сэ си адэр адыгэщ, - щажриIащ абы къы­щызэхуэсахэм УнащIэм. - Абырэ сэрэ Адыгейм ды­щыIащ, Кавказым и щIыпIэ дахащэхэр слъэгъуащ. Иджыпсту адыгэхэм ди щэнхабзэр зэрыхэкIуэдэжыр сигу къоуэ. Ар тхъумэн, абы зедгъэужьын папщIэ тхузэфIэ­кIыу хъуар тщIэн хуейщ».
Джем и щхьэгъусэ Кастро Мария Пиа Аргентинэм щыщ журналистщ. И сабийхэм я цIэр: Миа Раша, Вито Юнус.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.03.2026 - 09:03

Адыгэбзэм и IэфIыр зыхозыгъащIэ

«Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зе­гъэу­­жьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темы­лажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
 

15.03.2026 - 09:03

Гулъытэ гуапэ

«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж

14.03.2026 - 09:25

Куэд къапэщылъщ мы илъэсми

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди республикэм и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ лэ­жьыгъэ IэухукIэ щыхуэзащ УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэ Чайкэ Юрий.

14.03.2026 - 09:03

Щэбэт щIыхьэхур екIуэкIынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхэпэм и 21-м хэгъэгупсо щэбэт щIыхьэху щекIуэкIынущ. Абы къыхэкIыну мылъкур нэхъыжьхэм ядэIэпыкъунымкIэ фондым халъхьэнущ.

13.03.2026 - 12:00

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

 Кикбоксинг