Доткъул Лалу ягъэлъапIэ

Бахъсэн районым щыщ ХьэтIохъущыкъуей къуа­жэм дэс Доткъул Лалу и ныбжьыр иджы­благъэ илъэс 90 ирикъуащ. Юбилейм ирихьэлIэу абы къехъуэхъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Юрий сымэ.

Псалъэ гуапэхэр а махуэм ветераным хуаIэтащ район администрацэм и Iэтащхьэм и япэ ­къуэдзэ Къэзан Зауррэ ХьэтIохъущыкъуей къуа­жэм и щIыналъэ администрацэм и­ ­Iэтащхьэ Къу­мыкъу Му­Iэедрэ. Абыхэм къэралым, республикэм я унафэщI-хэм я хъуэхъухэр нэхъы­жьыфIым иратыжащ икIи махуэшхуэ тыгъэ хуащIащ.
Щалъхуа, и гъащIэ псор щихьа къуажэм дэсхэм Доткъул Лалу фIыуэ яцIыху. Ар балигъ хъуну хунэмысауэ колхоз лэжьыгъэм пэрыуващ икIи илъэс куэдкIэ Iэщыхъуэу щытащ. И лэжьыгъэ­фIым папщIэ абы щIыхь дамыгъэ куэд къыхуа­гъэ­­фэщащ. Лалу и сурэтыр нобэми илъщ рай­оным и ветеранхэм я щIыхь пхъэбгъум.

 

Чылар Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.