Гъэм и мазибгъум кърикIуам хоплъэж

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий ­дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Правительст­вэм и зэIущIэ.

Абы хэта къулыкъущIэхэр тепсэ­лъыхьащ 2018 гъэм и мазибгъу блэкIам къриубыдэу экономикэм, мэкъумэшым, ухуэныгъэм теухуауэ республикэм зэ­фIигъэкIамрэ зыхунэмысамрэ.
КъБР-м и Правительствэм и унафэщI Мусуков Алий къыхигъэщащ 2017 гъэм елъытауэ, проценти 6-кIэ нэхъыбэ гъавэ мы гъэм къызэрырахьэлIэжынур, хадэ­хэкI­ми и Iуэхур зэрымыIейр:
- Ди къарур зэрыщыту хуэдунэтIащ ­гъавэ Iухыжынымрэ ухуэныгъэмрэ. Ноби бжыгъэ гуэрхэр къэзгъэлъэгъуэфынущ, ауэ пыухыкIауэ ахэр зыхуэдэр щы­жы­т­Iэфынур фокIадэ мазэм и кIэращ, - жиIащ абы.
Мусуковым зэрыжиIамкIэ, къэрал мылъкум щыщу республикэм къыIэры­-хьа сом мелард 19,5-м и процент 70-р цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, пенсэм, улахуэм, егъэджэныгъэмрэ страхованэмрэ текIуэдащ.
- Республикэм къигъэсэбэпам нэхърэ къыхэхъуар сом мелард 1,5-кIэ нэхъыбэщи, догугъэ КъБР-м щIыхуэу телъым щыщи хэттыкIыжыфыну, - игъэбелджылащ абы.
КъБР-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и япэ къуэдзэ КIэрэф Мурат къы­зэрыхигъэщамкIэ, 2019 гъэм и бюджетыр мыгувэу зэхагъэувэнурэ Парламентым ирагъэхьынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым  и  къуэ­дзэ - мэкъу­мэш IэнатIэмкIэ   министр Гово­ров Сергей жиIащ нэгъабэ елъытауэ зэрынэхъыбэр гъавэу кърахьэлIар икIи ар ща­хъумэну гъэтIылъыпIэ ин зэраухуэр.
- Гъавэ хъумапIэм тонн мин 94,6-рэ щIэхуэу арати, иджыри тонн мин 24,7-рэ хуэдиз зыщIэзэгъэн къедгъэжьащ, етIа­нэгъи ­ап­хуэдэ зы дыухуэну ди мурадщ. Нобэрей махуэр къапщтэмэ, фIэIугъэ зэмы­лIэужьыгъуэу банкI мел­уан 222,4-рэ хьэ­зырщ, хэхъуащ лыуэ, гъэшхэкIыу,  джэ­ды­кIэу къетхьэлIам и бжыгъэм.
Министрым къипсэлъам теухуауэ ­КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ куэдагъым и закъуэ мыхъуу, ерыскъыпхъэ­хэм я фIагъми кIэлъыплъын зэрыхуейр:
- Тонн мелуан бжыгъэкIэ къетхьэлIэ ерыскъыпхъэм зыри и мыхьэнэкъым, къэралым щагъэбелджыла мардэхэм ­къемызэгъмэ. Ди гъунэгъу щIыналъэхэм япэ димыщмэ, дакъыкIэрыху хъуну-къым. Абы папщIэ фызыхуэныкъуэ псо-ри фи­Iэщи, фIыкIэ дакъыхэщын хуейщ, - жиIащ КIуэкIуэ Юрий.
Гъэсыныпхъэ уасэр къызэрыхахым­ теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м и Прави-            тельствэм и унафэщIым и къуэдзэ Бэлэ­токъуэ Владимир. Абы жиIащ гъэсы­ныпхъэ уасэр къэзытхэм я бжыгъэр проценти 10-кIэ зэрыхэхъуар икIи ар процент 76-м зэрынэсар. КъулыкъущIэм жиIащ щIыIэр къэмыс щIыкIэ, унэхэм хуабэр къызэрекIуалIэ бжьамийхэр зыхуей зэ­рыхуагъэзэнур.
- Мы Iуэхум гулъытэ хэха хуэфщIыну сыхуейт, - жиIащ КIуэкIуэм. - Хуабэр махуэ пыухыкIа гуэрым ирихьэлIэу къау­тIыпщу аращ. Тэмэмкъым балигъи сабии сымаджэ хъуху уежьэну. ЩIыIэмэ - псори унэ хуабэ щIэсын хуейщ.
Республикэм щрагъэжьа ухуэныгъэхэми щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. Я гугъу ящIащ 2012 гъэм Налшык щрагъажьэу намыгъэса спорт унэм, Наркъалэрэ ­Нал­шыкрэ щаухуэ школыщIэхэм, къуа­жэхэм дащIыхь щэнхабзэмкIэ унэхэм я Iуэхур зытетым. Абы тепсэлъыхьащ ­КъБР-м и Правительствэм и Унафэ-        щIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, ухуэ­ныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ Iэ­на­тIэмкIэ министр Къуныжь Вячеслав, ­ щэнхабзэмкIэ министр ­Къу­­махуэ Му­хьэдин сымэ.
ЗэрыжаIэмкIэ, спортым и унэр нагъэсыжыным хухаха мылъкум щыщу ­        сом мелуан 62,307-р къагъэсэбэпащ, лэжьыгъэр мэкIуатэ. КъищынэмыщIауэ, Нарткъалэ дащIыхьа школыщIэр ятынущ ­дыгъэгъазэ мазэм, Налшык къалэ ­къыщ­рагъэжьа еджапIэщIэри и чэзум ­нагъэсынущ.
- Европэм и курыт еджапIэхэр къы­зэрызэгъэпэщам хуэдэу, иджырей зэманым екIуу зэщIэузэдауэ щытын хуейщ а школхэр, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.