Дамыгъэр зыхуэфащэхэм иратыж

Хэку зауэшхуэм хэта цIыху 27-м «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ ирокъу» медалыр щратащ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм.
А Iуэхум хэтащ щIыналъэ унафэщIхэр, жылагъуэ, щэнхабзэ лэжьакIуэхэр, зауэм и ветеранхэмрэ абыхэм я благъэ-Iыхьлыхэмрэ, курыт еджапIэхэм щIэсхэр.
-ПщIэ зыхуэтщI ди нэхъыжьыфIхэ! Зауэ нэхъ гущIэгъуншэ дыдэм лIыгъэ къызэрыщывгъэлъэгъуам, Хэкур зэрыфхъумам папщIэ фIыщIэ псалъэкIэ нобэ зыфхуэдгъэзэну дыхуейт. Узыншагъэ быдэрэ гукъыдэжрэ фиIэну дынывохъуэхъу. Дэ ди къалэнращи, тхыдэр зэрызыщыдмыгъэгъупщэным, зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр тхъумэным и ужь дитынущ. ЗэрытхузэфIэкIкIэ дыхущIэкъунщ къытщIэхъуэ щIэблэм фи лIыгъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ ябгъэдэтлъхьэну, - жиIащ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур.
Ислъэмей дэт курыт еджапIэ №1-м и гъэсэнхэм утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ, «Прощание славянки» маршыр ягъэзащIэу. ХьэтIохъущыкъуей курыт школ №3-м щIэс ныбжьыщIэхэм щэнхабзэ центрым и унафэщI Тембот Хьэчим я гъусэу жаIащ «От героев былых времён» уэрэдыр
КъыхуащIа гулъытэр зэрагъэлъапIэр къыхигъэщу къэпсэлъащ Ислъэмей жылэм я ветеран Елдар Хьэрэбий.
Гу зылъытапхъэ: ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Бахъсэн районым щатыну я мурадщ медали 188-рэ.

Чылар Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг

08.02.2026 - 09:03

Иджыри зы щIалэгъуалэ къудамэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым къыщызэIуахащ къэралым и щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы - «Урысей зэкъуэтым и ЩIэблэ гвардие» урысей