АдыгэлI хахуэм и цIэр фIащ

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэм я цIэхэр фIыкIэ къыщраIуэкIэ, абы хуабжьу дыщогуфIыкI, дрогушхуэ икIи дропагэ. Апхуэдэ гурыщIэхэр ди гумрэ ди псэмрэ къыщызыгъэуш Iуэхугъуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Краснодар къалэм. Абы дэт курыт школ №41-м фIащащ адыгэлI хахуэ, полковник, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм 11-нэ гвардие гупым и механизированнэ полкым и командиру щыта Шемякин (Къардэн) Михаил (Му­хьэмэд) (1908 - 1977) и цIэр. Абы и саулыкъукIэ къызэрагъэпэща дауэдапщэм хэтащ ди лъахэм икIахэри.
ГуфIэгъуэ зэIущIэр къызэIуихащ Iуэхур щекIуэкIа курыт еджапIэм и унафэщI Алютинэ Иринэ. Абы къы­зэхуэсахэм яригъэцIыхуащ зэхуэсым кърихьэлIа хьэщIэ лъапIэхэр. Абыхэм яхэтт Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм Краснодар къалэм щаIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Рыбалкэ Иван, ди лъахэгъу щэджащэ Шемякин Михаил Пётр и ­къуэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ куэд лъандэрэ тетхыхь, тхыдэдж Пронин Владимир, Краснодар къалэм и Къу­хьэпIэ районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Зубенкэ Валерий сымэ, нэгъуэщIхэри. Зэ­хуэсым щIэсхэм Iэгуауэ ин хуаIэтащ Шемякин Михаил къызыхэкIа Къардэнхэ я лIыкIуэ хьэщIэ лъапIэхэу лъэпкъ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хьэдисрэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм и пашэ Iэбубэрэ. Шемякиным и цIэр зытет щIыхь пхъэбгъум деж щIыхь къэрэ­гъулыр а махуэм щрахьэкIащ Краснодар дэт, кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыр дзэ еджапIэм и курсантхэм.
ЗэIущIэм хэта ныбжьыщIэхэм, зым къригъажьэм адрейм пищэурэ, къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуащIащ я еджапIэм зи цIэр фIащ цIыху щыпкъэм и гъащIэ хьэлэмэтым и ­къекIуэкIыкIам. Абы зэрыщыжаIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Дыгулыбгъуей адыгэ къуажэм щыщ, Мухьэмэд (языныкъуэхэми ФэIизулэ жаIэ) цIэр зиIа щIалэр адыгэщ, Къардэнхэ ящыщщ. И адэ-анэр имыIэжу ар зеиншэ щыхъум, ар фIэгуэныхь хъури ипIыну къищтащ урысыдзэм хэт офицер Шемякин Пётр, и уна­гъуэцIэри Михаил цIэри иритри. ЛIэщIыгъуэ блэкIам екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэм къыкIэлъыкIуа граждан зауэм хэкIуэдащ Пётр. ИужькIэ Михаил гъусэ хуэхъуащ къэзакъхэм ящыщ Пилипенкэ икIи «полкым и ­къуэу» ­шуудзэм хигъэхьащ. Апхуэдэу адыгэ щIалэщIэр шууей-тIасхъэщIэх хъуащ.
1920 - 1922 гъэхэм къыщыщIэдзауэ Шемякиным дзэм къулыкъу щищIащ, Жуков Георгий и унафэм щIэту. Илъэс 13 фIэкIа и мыныбжьу бгырыс щIалэщIэр тIэунейрэ ягъэлъэгъуащ Бэракъ Плъыжь орденыр къратыну. Комсомолец, иужькIэ коммунист щIалэр пэрыуващ Самарэ щыIэ 37-нэ шу гупым и командир къулыкъум. ИтIанэ ар ягъэкIуащ ­39-нэ Мелекевско-Русочевскэ шуудзэ полкым. Владикавказ лъэсыдзэ школыр, Кавказым ис лъэпкъхэм я шу школыр (Краснодар) ехъулIэныгъэкIэ къиух­ри, адыгэ щIалэм къулыкъу щищIащ Таганрог, Ставрополь, Грознэ, Каменск къалэхэм. 1941 гъэм ар япэ ­шуудзэ гуп хэхам и штабым и унафэщIащ, Москва и КъухьэпIэ лъэныкъуэр зыхъумахэми яхэтащ. 1945 гъэм Шемякиныр 11-нэ гвардие гупым и механизированнэ полкым и командиру щытащ. Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, Михаил Кёнигсберг (иджы Калининград) къалэм и япэ дзэ коменданту щытащ. Зэрихьа лIыгъэхэм къапэкIуэу советыдзэм и полковник Къардэнхэ я къуэм къыхуа­гъэфэщащ Лениным и орденыр, Бэракъ Плъыжьым и ордену 6, Ва­гъуэ Плъыжь ордену 2, Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэр, медал- хэр.
Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Шемякиныр Краснодар щыпсэуащ, дунейм ехыжыхукIэ. Я къалэм щыщ хэкулIым и цIэр лъагэу яIэтырт зэхуэсым къыщыпсалъэхэм. Абы зэрихьа лIыгъэмрэ хэлъа хахуагъэмрэ къызыхэ­щыж усэхэмрэ уэрэдхэмрэ куэду щыIуащ зэхуэсым.
Я нэгу щIэкIа псори фIыщIэ зыщIу, адыгэлI щыпкъэм и фэеплъыр зыгъэлъапIэу абы и цIэр еджапIэм фIэщыныр зи жэрдэмхэми пщIэ лей зэрыхуащIыр къигъэлъагъуэу, зэхуэ­сым къыщыпсэлъащ Къардэн Хьэдис.  Ар апхуэдэу кIэщIу тепсэлъыхьащ Къардэн лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм.
Школым Шемякиным и цIэр зэрыфIащым епха дауэдапщэхэр зэфIэкIа нэужь, хьэщIэ лъапIэхэр, ди лъахэгъухэри яхэту, яшащ Шемякин (Къардэн) зэщхьэгъусэхэу Михаилрэ Юлиерэ щыщIалъхьа кхъэм. Абыхэм я кхъащхьэм удз гъэгъахэр тралъхьащ. ИужькIэ ахэр ирагъэблэ­гъащ адыгэлI хахуэм къы­хуа­гъэ­фэщауэ щыта къэрал дамыгъэхэр, и хьэпшыпхэр, сурэтхэр щахъумэ музейм. Абы и унафэщI Аликинэ Юлие зэрыжиIамкIэ, и мурадщ Къардэн­-    хэ къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я плIанэ­пэ музейм къы­щызэ­ри­гъэ­пэщыну. Абырэ Къардэн Хьэдисрэ а IуэхумкIэ зэдэлэжьэну зэраухылIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа хьэ­щIэ­хэр къыщрагъэжьэжым, хэгъэ­рейхэм жаIащ Краснодар къалэм щIыхь зиIэ и цIыхуу, Хэкум и къы­щхьэщыжакIуэ нэсу щыта Шемякин (Къардэн) Михаил Пётр и къуэм и фэеплъыр куэдрэ зэрахъумэнур.

КЪАРДЭН Тамбий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг

08.02.2026 - 09:03

Иджыри зы щIалэгъуалэ къудамэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым къыщызэIуахащ къэралым и щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы - «Урысей зэкъуэтым и ЩIэблэ гвардие» урысей