Кавказ тхылъ тедзакIуэхэм я зэгухьэныгъэ

Налшык дэт Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я IуэхущIапIэм «Кавказ тхылъ тедзакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ унафэ къыщащтащ.
ТХЫЛЪЫМ ират мыхьэнэми цIыхум дунейр зэрызэригъэцIыху Iэмалхэм я зэхуаку абы щиIыгъ увыпIэми гу лъыптэу щыкIэры­хуащ Урысей Федерацэми Кавказ Ищхъэрэми. Ауэ щыхъукIэ, тхылъырщ зыхъумар зызыузэщIа цIыхупсэм икIуа ­гъуэгуанэр, ар лъэпкъыу щыIэр дунейпсо цIыхубэу зэрыубы­дыным хуэу­нэтIауэ зэрыщытыр.
ЦIыху бжыгъэшхуэ зэрымыс Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм тедзапIэ хъарзынэхэр къы­щызэрагъэпэщауэ къокIуэкI. ЩIэ­ныгъэм зегъэужьын, лъэпкъхэм ябгъэдэлъ щэнхабзэр къэрал утыкум ихьэн IуэхумкIэ я къалэныр зыхуей хуэзауэ ягъэзащIэ абыхэм.
БгъущI гъэхэм екIуэкIа зэхъуэ­кIыныгъэхэр тхылъ еджэнми те­дзэнми IейкIэ къызэрыхэIэбам псори щыгъуазэщ. Къалэ уэрам­хэм тхылъ щащэ тыкуэнхэр ­тебзэхыкIащ. Тхылъ хъумапIэ унейхэр зэрагъэпэщу, ныб­жьэгъу­хэм тхылъ тыгъэ хуащIу щыщыта зэманыр щыIэжкъым.
ИтIани, тхылъыщIэхэм я гъэ­лъэ­гъуэныгъэхэм щыболъагъу ныбжь зэхуэмыдэхэм ит цIыхухэм щIэныгъэ къызэралъыхъуэр, тхы­лъыфIхэм зэрыщIэупщIэр. И чэзу къэсауэ долъытэ Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ тхылъ тедза­кIуэхэм я жэрдэмхэр зэрагъэуIуу, зэгъусэу УФ-м и щэнхабзэ утыкум зэрихьэну щIыкIэр яубзыхуну.
Апхуэдэ гупыж ищIащ «Серло» Шэшэн тхылъ тедзапIэм и унафэщI Матаев Анзор. Абы и жэрдэмыр Налшык щыщ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ, дагъыстэн тедзапIэхэм я унафэ­щI­хэу Гаджиев Марат, Магомедов Рабадан, Кураховэ Хадижат, Ниналов Саид, «Ир» осетин те­дзапIэм и унафэщIхэу Таутиев Казбек, Техов Тамерлан сымэ даIыгъащ.
Налшык щекIуэкIа зэIущIэм къыщащта унафэм ипкъ иткIэ тхылъ тедзапIэхэм я унафэщIхэр зэгурыIуащ Кавказ Ищхъэрэр туризм и лъэныкъуэкIэ узыIэ­пы­зышэ ящIыным, лъэпкъ щэнхабзэ гъэщIэгъуэнхэр зэры­щызе­кIуэр къагъэлъэгъуэным, щIы­пIэм фэфI кърырагъэп­лъыным къару трагъэкIуэдэну. Псалъэм папщIэ, кавказ республикэ къэс тепсэлъыхь лъахэхутэ гъуэгугъэлъагъуэхэр, «Кавказ лъэпкъхэм я хабзэхэр» и фIэщыгъэу брошюрэ зыбжанэ, апхуэдэцIэ зезыхьэ альбомхэр, «Кавказ Ищхъэрэр революцэм и пэкIэ» зыфIаща сурэткIэ гъэщIэ­рэщIа тхылъ гуп къыдагъэкIыну я мурадщ.
Кавказ тхылъ тедзакIуэхэм я зэгухьэныгъэм Мэхъэчкъалэ ще­кIуэкIыну «Тарки-Тау» бжьыхьэ тхылъ бэзэрым урысейпсо гулъытэ къызэрыришэлIэным елIэлIэну зегъэхьэзыр. Гупыж ящIащ щIыналъэм и унафэщIхэр зыдагъэIэпыкъуу, микроавтобус зыIэ­рагъэхьэу, Дагъыстэн, Шэ­шэн, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм къыщыдагъэкIа тхылъхэр Кавказ Ищхъэрэ псом щызэбгрырагъэшыну.
Зэгухьэныгъэм Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, зэры-Кавказу къызэщIиубыдэну и мурадщ, сыту жыпIэмэ, ди щIыналъэм къыщыдагъэкI тхылъхэм Кавказ АдрыщIми къыщыщIэупщIэ щы­Iэщ.

КОТЛЯРОВ Виктор.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.07.2026 - 09:03

Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ

Илъэс 20-м нэсауэ ди къэ­ралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъу­ныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэр.

11.07.2026 - 09:03

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

10.07.2026 - 17:03

Яухынущ дызэрыт илъэсым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэ-ныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. 

09.07.2026 - 09:03

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ

08.07.2026 - 15:37

ГуащIафIэщ Астемыр

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ.