Хьэпшыпхэр щыхьэт тохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм мазэ зыбжа­нэкIэ щылэжьащ Къэрал Эрмитажым и лэжьа­кIуэхэм къызэрагъэпэща Кавказ Ищхъэрэ экспе­дицэр. Абы хэтащ рес­публикэм и щIэныгъэлI­хэмрэ студентхэмрэ, ап­хуэдэу къэралым и музей нэхъыщхьэм пыщIа щIэ­ныгъэлI цIэрыIуэхэр.

Экспедицэм зэхилъ­хьа планым тету Бахъсэн районым щыщ Къулъ­къужын Ипщэ къуажэм и Iэшэлъашэхэм пасэрей ­зэманым и фэеплъхэр къы­щалъыхъуащ Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым Тхы­дэмкIэ, филологиемкIэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и институтым и студентхэм. Абыхэм щIым къыщIаха хьэп­шыпхэм я ныбжьыр, IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, илъэс 2700-рэ хуэдиз мэхъу икIи археологием ­зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэнущ. Хьэпшып­хэм яхэтщ кхъуэщын зэ­-мы­лIэу­жьыгъуэхэр, дом­беякъым, абджым къыхэ­щIыкIа фалъэхэмрэ хьэп­шып цIыкIуфэкIу­хэм­рэ, сэхэр, шабзэ­шэхэр, джыдэхэр.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, а хьэпшыпхэр щыхьэт тохъуэ ищхъэрэ, ипщэ щIыналъэхэм иса лъэпкъхэр зэпыщIауэ зэ­рыщытам икIи псэуныгъэм­кIи зэуэнымкIи зым адрейм щапхъэ къытрихыу зэрыщытам.
Экспедицэм къигъуэта хьэпшып псори Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и музейм къы­хуагъэнэнущ.

 

Федеральнэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къатахэм япкъ иткIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.