ЗэхъуэкIыныгъэхэр бюджетым халъхьэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм Iуэхугъуэ 25-м щы­хэплъащ.

ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2018 гъэм, 2018 - 2019 гъэхэм тещIыхьауэ» КъБР-м и Правительствэм и Унафэм и проектым.
КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Еленэ жиIащ федеральнэ бюджетым къы­хэкIыу республикэм сом мелуан 583-рэ лейуэ къызэрыхуиутIыпщар, сом мелуани      119,3-р щыщщ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я бюджетхэр зыхуей хуа­гъэзэн папщIэ иритым. Къи­щынэ­мы­щIауэ, цIыху щхьэхуэхэр пщIэншэу хущ­хъуэкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ, КъБР-м ­Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къыхущIагъуащ сом мел­уани ­107-рэ. КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм сом мелуани 139,6-рэ кърат, япэ сабийм щхьэкIэ мазэ къэс ят ахъшэ иIэн папщIэ, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и министерствэм - сом мелуан 250-рэ.
- Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэтлъ­хьэ­жауэ, республикэ бюджетым и хэ­хъуэр зыхуэдэнур дубзыхуащ. Псалъэм папщIэ, налогымрэ нэгъуэщI хэхъуэ­хэмрэ сом ­мелард 11-рэ мелуан 718,4-рэ къатынущ. Хэхъуэхэр псори зэхэту сом ме-лард 30-рэ мелуан 849,5-рэ мэхъу, республикэм къигъэсэбэпыну зыхуеинур сом ­мелард 30-рэ мелуан 836,7-рэ. ­Профицитыр сом мелуан 12,7-рэ мэхъу, - жиIащ минист­рым и къалэнхэр зыгъэзащIэм.
Республикэ унафэщIхэм ягъэбелджылащ Къэбэрдей-Балъкъэрым регби спорт лIэужьыгъуэм зыщиужьын зэ­ры­щIидзэрэ илъэс 50 зэрырикъум теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэр къызэзыгъэпэ­щыну гупым хэтынухэр. КъБР-м спор­тымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам зэрыжиIамкIэ, махуэшхуэр ирагъэкIуэкIы­нущ фокIадэм и 30-м.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр ­Къумахуэ Мухьэдин жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Гур­туев Сэлихь къызэралъхурэ илъэс 80 зэрыхъум ехьэлIа дауэдапщэхэр къы­зэзыгъэпэщыну гупыр зэрагъэбелджылар.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэм зыщегъэужьыным и IуэхукIэ» къэрал программэм зэхъуэкIы­ныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ къэпсэ­лъащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ­министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ ­Къумыкъу Iэуес. Проектым халъхьэ зэ­хъуэкIыныгъэхэр хуэгъэзащ зи ныбжьыр мазитIым къыщыщIэдзауэ илъэси 3 хъуа сабийхэм щакIэлъыплъыну IуэхущIапIэ­хэр къызэгъэпэщыным. Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №4-м епхауэ 2019 гъэм яухуэну траухуа, школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэр здашэ IуэхущIапIэр курыт школ №3-м гуэту ящIыну зэрахъуэкIыжащ. Законопроектым къыщыгъэлъэ­гъуа лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэным сом ­мелуан 39-м щIигъу текIуэдэнущ.
ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ мэкъу­мэш IуэхущIапIэхэм зегъэужьыным трагъэкIуэдар зэрыратыж щIыкIэми.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 18:48

Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я